Зытх Iэмэпсымэхэм къахэхъуащ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм гъуэгум зэрыщызекIуэ хабзэр къызэрызэпаудар зытх Iэмэпсымэу иджыри 8 щагъэуващ.
    КъБР-м щыIэ МВД-м и Къэрал автоинспекцэм къызэритымкIэ Iэмэпсымэхэр щагъэуващ икIи щатх мы щIыпIэхэм:
ЯIыгъын хуей хуабжьагъым щыщIрагъэгъур щатх мы щIыпIэхэм деж щагъэувахэм: «Владикавказ – Ардон – Чикола – Лэскэн – Ерокъуэ - Лэскэн ЕтIуанэ» гъуэгум (Лэскэн ЕтIуанэ, Лениным и уэрам, «Кавказ» федеральнэ гъуэгум къыщыдыхьэ лъэныкъуэмкIэ);
- «Прохладнэ - Елъхъуэт» Р-290 гъуэгум (Прохладнэ къалэ, «Кавказкабель»-м и Iэшэлъашэм );
- «Владикавказ – Ардон – Чикола – Лэскэн – Ероккъуэ - Лэскэн ЕтIуанэ» гъуэгум (Ерокъуэ къуажэ, Мэсейм и уэрам, 91-нэ унэм деж);
 «Владикавказ – Ардон – Чикола – Лэскэн – Ерокъуэ - Лэскэн ЕтIуанэ» (Ерокъуэ къуажэм ущыдыхьэкIэ, Мэсейм и уэрамым тет 2-нэ унэм деж);
- «Прохладнэ - Елъхъуэт» (Пщыгъуэшым и уэрамым тет псызэхуэхьэсыпIэ чэщанэм деж).
Апхуэдэуи гъуэгум и къыхуэкIуэ лъэныкъуэм техьамэ, зэрызекIуэн хуей псынщIагъ мардэм текIамэ щатх мы щIыпIэхэм:
 - «Аргудан - Александровскэ» гъуэгум (Аргудан, Александровскэ къуажэхэм я зэхуакум);
- «Аргудан - Александровскэ» гъуэгум и 49-нэ километрым (Аргуданрэ Александровскэрэ я зэхуакум).
 

Дыгулыбгъу Жантинэ.
Поделиться: