Сабийхэм я Iэпэлъагъуэ-тхыпкъылъэ цIыкIухэрХъыбар гуапэ Бекъул Iэниуар и «Принт центр» тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ къыщыдагъэкIащ егъэджакIуэ, тхакIуэ Багъ Марьямрэ абы ипхъу дизайнер ГъущIапщэ-Къандур Томэрэ я Iэдакъэ къыщIэкIа карточкэхэр. КъыдэкIыгъуэ щхъуэкIэплъыкIэр яхуэгъэзащ зи школ кIуэгъуэ мыхъуахэмрэ курыт еджапIэм и пэщIэдзэ классхэм щIэсхэмрэ. НапэкIуэцI 340-рэ хъу Iэпэлъагъуэ-тхыпкъылъэ щхъуэкIэплъыкIэхэм карточки 170-рэ къызэщIаубыдэ. Ахэр зытеухуа и лъэныкъуэкIэ зэрызэщхьэщыхар къагъэлъэгъуащ зэкIэлъыхьа напэкIуэцIхэм я къуапэхэм я плъыфэхэмкIэ. Абы хагъэхьа псалъэхэр бзищымкIэ - адыгэбзэ, урысыбзэ, инджылызыбзэ – къагъэлъэгъуащ, транскрипцэ щIыгъужауэ.
Поделиться:
Читать также:
23.04.2024 - 14:56 →
ФIыуэ флъагъухэм закъевгъащIэ!
17.04.2024 - 11:45 →
ЕщIэнокъуэхэрэ КIэфыщхэрэ я таурыхъ
05.04.2024 - 12:14 →
Хэхэсхэм я IуэрыIуатэ
05.04.2024 - 10:11 →
Сабий тхылъхэр
25.03.2024 - 16:00 →
Щызэдагъэхъар гъунэншэщ
|