УсакIуэ телъыджэ

Усыгъэм и вагъуэ Къэшэж  Иннэ къызэралъхурэ мазаем и 12-м илъэс 75-рэ ирокъу

Къэшэж Иннэ и цIэр урыс литературэм къызэрыхэнэнум и мызакъуэу, ди лъэпкъ тхыдэм игъащIэкIэ игъэфIэнущ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, урысыбзэкIэ тхэуэ щытами, ар ди адыгэ усакIуэ телъыджэщ. Ди лъэпкъыр кIэншэу зэрыгушхуэнщ, зэрыпагэнщ абы и тхыгъэхэр. Иннэ дунейм тетыху нэхъыбэу псэкIэ зыхуэусар, и макъ жьгъыру дахэр хэIэтыкIауэ зыхуигъэIуар ди лъахэрщ, и адэ хэкужьырщ - Къэбэрдей- Балъкъэрырщ.

И ныбжьыр илъэс 18 фIэкIа мыхъуу абы и япэ тхылъ (1962) Налшык къыщыдигъэкIам дуней псом щыцIэрыIуэ Кулиев Къайсын хуитхауэ щыта пэублэ псалъэм мыпхуэдэу хэтщ: «Iэрытхыр къызэгуэсхри, сигъэгуфIащ, ситхьэкъуащ япэу сыкъызэджа усэ цIыкIум. Псынэ щIэщыгъуэ къибыргъукIыу къысфIэщIащ ар… Илъэс тIощIрэ тхурэ хъуауэ сэ къуршхэм сатотхыхь, ауэ схузэфIэкIакъым абыхэм папщIэ мы усакIуэ ныбжьыщIэ дыдэм жиIэфам хуэдэ жысIэну. Къэшэж Иннэ Москва къыщыхъуащ, ауэ абы и дежкIэ ди республикэр лъапIэщ, дэ тщыщ дэтхэнэми зэрыфIэлъапIэм хуэдэу. Къэбэрдейм, Балъкъэрым, бгырысхэм ятеухуа абы и усэхэр гу хуабагъэрэ гуапагъэкIэ гъэнщIащ».
Еянэ классым сыщеджэрт абы щыгъуэ. Си япэ усэхэр адыгэ газет, журналхэм къытрадзэу щIадзат. Литературэм къыщыхъу-къыщыщIэхэм нэхъуеиншэу сыкIэлъыплъырт. Кулиев Къайсын зыщытхъуа Къэшэж Иннэ и япэ тхылъ цIыкIур къэсщэхуауэ сиIэт, къытезгъэзэжурэ сфIэгъэщIэгъуэну сыкъеджэрт. ПсынщIэу цIэрыIуэ хъуат ар - и усэхэр щIэх- щIэхыурэ Москва къыщыдэкI журналхэм, газетхэм къытехуэрт, езыр къеджэжу ахэр союзпсо радиомкIэ къатырт. А зэманым сэ щэхуу мурад сщIауэ щытащ апхуэдизу щIалэу къэралпсо утыку ихьэфа си лъэпкъэгъу усакIуэр зэзгъэцIыхуну, уеблэмэ си усэ гуэрхэри урысыбзэкIэ зэрезгъэдзэкIыну. СыщIалэт, сигурэ си щхьэрэ зэтелът…
Си мурад щэхур нахуэ хъунымкIэ, къызэхъулIэнымкIэ къыздэIэпыкъуауэ щытащ КIыщокъуэ Алим. 1967 гъэм, Москва дэт Литературэ институтым сыщеджэу, КIыщокъуэм деж сыкIуат, Iэрытхышхуэ сIыгъыу, «тхылъ къыхэкIыну пIэрэ» жысIэу езгъэлъагъуну. Алим РСФСР-м и ТхакIуэхэм я союзым и унафэщIхэм ящыщ зыт. Си усэхэм ар щыгъуазэт школым сыщыщIэс лъандэрэ, къуажэм сыкъикIыу Налшык сыкъакIуэурэ стхыхэм хэзгъаплъэу щытат. НтIэ, КIыщокъуэм, адыгэбзэкIэ япэ тхылъ къыдэзгъэкIыныр къыздеIыгъри, мыпхуэдэуи къызжеIэ: «Урыс тхылъеджэхэм нэхъ пасэу укъацIыхумэ, нэхъыфIщ, усэ гуп зэрегъэдзэкIи, журнал пIащэ гуэрым теддзэнщ. АбыкIэ сэбэп хъуфынур, сэ нэмыщI, Къэшэж Иннэщ, сэ фызэпысщIэнщ».
КIыщокъуэм и фIыгъэкIэ Иннэ сэрэ дызэроцIыху, си усэ Iэрами зэредзэкIри 1968 гъэм «Дружба народов» журналым къытохуэ, езы Алим и пэублэ псалъэ гуапи щIыгъуу. Абдеж къыщыщIидзащ Къэшэжым сэрэ ди творческэ ныбжьэгъугъэ зэпыщIэныгъэм. Къэшэж Иннэ си зэдзэкIакIуэм и мызакъуэу икIи си ныбжьэгъут, илъэситIкIэ сэ нэхърэ нэхъыжь пэтми, «си шыпхъу цIыкIукIэ» седжэрт. Дэлъхуншэт Иннэ, IэмащIэлъэмащIэт, щэхут, псэ хьэлэлт, псэ къабзэт, и щхьи и щIыхьи лъагэми, пагэтэкъым, Урысей къалащхьэм, псом хуэмыдэу и адэмрэ и анэмрэ дунейм ехыжа нэужь, зеиншафэ къыщытеуат - арат сыткIи згъэгушхуэмэ, згъафIэмэ сфIэфIу, «си шыпхъу цIыкIу» щIыжысIэр. Апхуэдэу екIуэкIащ Москва сыщеджэу, махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу абырэ сэрэ дызэхуэзэу щыщыта лъэхъэнэми, телефонкIэ дызэпсалъэу, письмокIэ дызэхуэтхэу иужькIэ кIуа илъэсхэми.
Сэ Налшыки Москваи урысыбзэкIэ тхылъ зыбжанэ къыщыдэзгъэкIащ. Абыхэм ит тхыгъэхэм я нэхъыбапIэр зэзыдзэкIар Иннэщ. Нобэ литературэм и зы Iуащхьэ гуэр сыдэкIыфамэ, си цIэрэ си щхьэрэ си лъэпкъэгъухэм нэмыщI нэгъуэщI зыгуэрхэми ящIэмэ, ар ину зи фIыщIэр Къэшэжырщ. Москва къыщалъхуами, къыщыхъуами, абы зэрысабийрэ и жьэгуу илъытар и адэ лъапсэрщ, ди къурш лъахэрщ. Куэдрэ къэкIуэжырт Иннэ ди деж. КъэкIуэжырт, къэкIуэжыгъуэ къэси къыздихьэж щIыналъэм и гур нэхъ кIэрыпщIэу, ди дунейм и дахагъымрэ ди щIым и берычэтыгъэмрэ, ди хьэуам и IэфIагъымрэ ди псыхэм я псынщIагъымрэ, ди цIыхухэм я гуапагъэмрэ я лIыгъэмрэ и псэр нэхъри дахьэхыу, апщIондэхукIи хэку лъагъуныгъэшхуэкIэ зэджэж гурыщIэр, къурш хуэдэ, и гущIэм къыщытэджу. Мис а гурыщIэр къэIуэтэнырщ, псэм дыхьэ уэрэду цIыхубэм яхэгъэIуэнырщ - аракъэ поэзием и къалэныр! - Къэшэжым къарууи зэчийуи бгъэдэлъыр зрихьэлIар. Тхылъ Iэджэ къыщыдигъэкIащ абы Москваи Налшыки. Абы я цIэ къудейми куэд къыбжаIэ: «Вольный аул», «Белый тур», «Кавказ надо мною», «Кебляга»… И тхылъхэм «бгырыс плъыфэ» яритын мурадкIэ усакIуэм къигупсыса псалъэ цIуугъэнэкъым ахэр. Дэтхэнэ фIэщыгъэцIэми жэуап щахь тхылъым сатыру итым я пащхьэ. Апхуэдэу щыщыткIэ, дэтхэнэ фIэщыгъэцIэри усакIуэм и бзэм къыпыкI псалъэ нэхъ лъапIэ дыдэхэм ящыщ зыуэ мэув.
Хамэш утесу, хамэ фащэ пщыгъыу утыку ущIихьэн щыIэкъым, уиш дахэ, уи фащэ екIу уиIэжу. АтIэми, ахэр псэм щигъунэгъукIэ, гум щыфIэфIкIэ - ууейуэ щыщыткIэ. Апхуэдэущ Иннэ и творчествэм зэреплъу щытар. И творчествэм и закъуэкъым: и хьэлкIи, и щэнкIи, и дуней тетыкIэкIи, и псэлъэкIэкIи - сыт и лъэныкъуэкIи Къэшэжыр бгырыс цIыхубзт, адыгэ пщащэт. И унэ уихьамэ, адыгэ шыгъупIастэ къыпхуищтэнут, адыгэ нэмыс къыпхуищIынут - хабзэ хэлът, хабзэ ищIэрт, ар зэрихъумэным яужь итт. Иригушхуэут, ирипагэут ар абыхэм зэрытетхыхьри. Тоби ирехъу, езым адыгэ хьэл-щэн дахэ зэрыхэлъыр, и усэ Iущхэм бгырыс макъамэ зэращIэлърагъэнт Иннэ урысхэми, нэгъуэщI лъэпкъхэми хэхауэ фIыуэ къыщIалъагъур. Ар занщIэу наIуэ щыхъурт поэзием теухуауэ екIуэкI зэIущIэхэм.
60 - 70 гъэхэр эстрадэр щытепщэ лъэхъэнэт. Артистхэми хуэдэ къабзэу, усакIуэхэри сценэм итт абы щыгъуэ. Тхылъ къудейкIэ мыхъуу, я гурыщIэхэр, я гупсысэхэр къыщыIуэта я IэдакъэщIэкIхэм цIыхухэр щIагъэдэIурт, апхуэдэ щIыкIэкIэ тхылъеджэхэр къыдахьэхырт, «къазэурт» - поэзиер фIыуэ ирагъэлъагъурт, зыхрагъащIэрт. Къэшэжыр сыт щыгъуи яхэтт тхылъеджэхэм яхуэзэрей Москва щыщ усакIуэ гупышхуэм. Ахэр Друнинэ Юлие, Ахмадулинэ Бэллэ, Казаковэ Риммэ, Мориц Юннэ, Евтушенкэ Евгений, Вознесенский Андрей, Рождественский Роберт, Окуджавэ Булат, Шкляревский Игорь сымэт. Мис абыхэм зыкIи къапикIуэтыртэкъым Иннэ, «яхэкIуадэртэкъым», уеблэмэ зыгуэркIэ къахэлыдыкIыу пIэрэ жыпIэрт. А «зыгуэрри», сэ къызэрызгурыIуэмкIэ, и кавказ тхэкIэ, псэлъэкIэ щIэгъэщхъуарт, и зыIыгъыкIэ зэпIэзэрытырт. «Си адэр бгырыс ткIий дыдэщ, и нитIыр уэсэпс щIыIэ лыду, си анэр зи гущIэр нэху Урысейм ипхъу тхьэрыкъуэ пщэхущ», жиIэнти къыщIидзэнт Къэшэжым псэлъэн. Абдеж залыр щым хъурт. АдэкIи, зы усэ къеджэху Iэгур къытракъутэу, сценэм ирагъэтырт куэдрэ.
Иннэ псом хуэмыдэу цIэрыIуэ зыщIар и уэрэдхэрщ. «Опять стою на краешке земли», «Подари мне лунный камень», «Нарьян-Мар»… Ахэр, махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу, радиокIи телевиденэкIи къату щытащ Магомаев Муслим, Лещенкэ Лев, Кристалинская Майе, Хиль Эдуард, Лукач Маринэ, нэгъуэщIхэми ягъэзащIэу, ноби ящыгъупщэжакъым. Ди Къэбэрдей-Балъкъэр композиторхэми макъамэ дахэ зыщIалъхьа абы и уэрэдхэм псори дыщыгъуазэщ. Къэшэжым концерт псо итыфырт и закъуэ. Концертыр и усэрэ уэрэду зэхэлът. Iэджэрэ слъэгъуащ абы зэрыщIыхьэн билет ямыгъуэтыжу, театрхэм къызэрыщыхъум хуэдэу, цIыхур зэхэту. Слъэгъуащ абы цIыху цIэрыIуэхэр кърихьэлIауэ - киноактрисэ Доронинэ Татьянэ, космонавт Терешковэ Валентинэ сымэ, нэгъуэщIхэри. СССР-м и республикэ псоми, хамэ къэралхэми къыщацIыхурт ди усакIуэ хьэлэмэтыр.
Къэшэж Иннэ урыс литературэм къыхэмынэнкIэ Iэмал иIэкъым абы хуилэжьамкIэ. Игури и псэри етауэ илъэс пщIы бжыгъэкIэ Къэшэжым итха усэхэр, балладэхэр, поэмэхэр, уэрэдхэр поэзие нэсым и щапхъэщ.

БИЦУ Анатолэ,
КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ.

 

Закъуэныгъэм псэр игъэтыншыркъым

1967 гъэм и накъыгъэ мазэт. МахуитI хъуауэ Союзхэм я Унэм и Колоннэ пэшым щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм я союзпсо зэхыхьэ щекIуэкIырт.

Абы хэтт щIэныгъэлI куэди. Сэри утыкум срагъэблагъэри, дакъикъи 10 хуэдэкIэ сыкъэпсэлъащ. Зыдгъэпсэхуну дыкъыщIэкIауэ, зы хъыджэбз къызбгъэдыхьэри сэлам къызихащ. «ЗыкъэзгъэцIыхут, кхъыIэ, хъыджэбз гуапэ», - солъэ­Iу абы. «Сэ сыадыгэщ, Къэшэж Инал срип­хъущ, къызэрызэджэр Иннэщ», - жэуап къетыж хъы-джэбзым. «Си гуапэщ», - жысIа къудейуэ, зэхуэсым дыкъезыджэж уэзджынэр зэхызохри, си гъусэу нэтIысыну ар изогъэблагъэ.
Дыщысащ, зэхыхьэм щыжаIэхэм теухуауэ дызэпсалъэу. Пэжыр жысIэнщи, хъыджэбз зэкIуж нагъуэр, 8-нэ классым иджыри щIэсу урысыбзэкIэ усэ тхын щIэзыдзар, сымыцIыхущэми, а пщыхьэщхьэм си гум дыхьат. ЗанщIэу къызгурыIуат,зэман дэкIмэ, а адыгэ пщащэр урыс усыгъэм и вагъуэщIэу къызэрылыдынур. ЗыхэсщIат абы и адэжь лъахэр - Европэм щынэхъ лъагэ Iуащхьэмахуэр, ауз, гуэл, псыежэх хьэлэмэтхэр зиIэр - фIыуэ зэрилъагъури. Хьэуэ, илъагъу къудейм къыщымынэу, ар игъащIэ псокIи и IэдакъэщIэкIхэм щиIэтынут. Сегупсысат хъыджэбзым зыкIи къемыхьэлъэкIыу цIыху куэд къызэкIуалIэ зэхуэсхэм я режиссёруи сценаристуи зэрыувыфынум, апхуэдэ IуэхухэмкIэ сэбэп къызэрытхуэхъуфынум. «Иннэ, театрымкIэ институт гуэрым режиссёр IэщIагъэм ущыхуемыджауэ пIэрэ?», - сеупщIащ. «Хьэуэ. Сыт а упщIэр къызыхэпхар?» - зэкIэлъигъэпIащIэу жэуап къетыж. «Ди министерствэм иригъэкIуэкI зэхыхьэхэм я нэхъыбэм усыгъэ хэмыту, фIыуэ зэхэгъэува сценарийкIэ мыухуауэ хъуркъым. Ди лъахэ цIыкIум дикIыурэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и литературэмрэ гъуазджэмрэ я махуэхэр нэгъуэщI республикэхэм, крайхэм, областхэм щIэх-щIэхыурэ щыдогъэкIуэкI. КъызэрысщыхъумкIэ, уэ сэбэпышхуэ укъытхуэхъуфынут. Утегушхуамэ, апхуэдэ зэхыхьэхэм деж укъедгъэблэгъэнт, Iуэхур къызэгъэпэщыныр, егъэкIуэкIыныр уи IэмыщIэ илъыну». Зи гугъу сщIыр хъыджэбзым гуапэ дыдэ щыхъуащ: «СэркIэ ар пщIэшхуэщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым папщIэ лэжьыгъэ гуэр зэфIэсхыныр си дежкIэ хъуэпсапIэщ», - жеIэ абы.
Мазищ дэкIауэ, Осетие Ищхъэрэм дыкIуэным тхьэмахуэ иIэу (Къэбэрдей-Балъкъэрым и литературэмрэ гъуазджэмрэ я махуэхэр щекIуэкIынут), Иннэ деж сопсалъэ. Ар хъыбарым щыгуфIыкIащ икIи пщэдей нэхъ пIалъэ имыIэу къызэрыкIуэнур жиIащ.
Иннэ и псалъэм епцIыжакъым. Минводы къалэм и аэропортым деж абы дыщыпежьэри къедгъэблэгъэжащ. КъыкIэлъыкIуэ махуэм икIэщIыпIэкIэ ар и лэжьыгъэм иужь ихьащ. УзэрыщыгуфIыкIынти, абы пшыхьым хуигъэхьэзыра сценарийм арэзы укъэзымыщI зыри хэттэкъым. Осетием гуапэу къыщытIущIащ. Иннэ и лэжьыгъэр дагъуэншэу къехъулIат. Осетием дыкъикIыжа нэужь, и адэр къыщалъхуа къуажэм, Къармэхьэблэ, Иннэ тшащ, и Iыхьлыхэм ябгъэдэсри, етIуанэ махуэм Москва едгъэжьэжащ (и лэжьыгъэм пэкIуэ уасэри тIихатэкъым).
Илъэсхэр кIуэрт, щIыналъэхэм ди зэныбжьэгъугъэр едгъэфIакIуэу зыр адрейм деж деблагъэрт. Къэшэж Иннэ ди гъусэу щыIащ Дон Iус Ростов, Винницэ, Мейкъуапэ, Мэхъэчкъалэ, Грознэ, Липецк, Черкесск, нэгъуэщI къалэхэми.
Ди лъэпкъыр ирипагэ хъунущ усэ купщIафIэхэр абы къыхуэзыгъэна и пхъум. И щIыналъэм пэжыжьэу псэуами, абы нэхъ хэкупсэ уигъэлъы-­хъуэнт. Гъуэтыгъуей хъунущ Кавказым Иннэ хуиусахэр зигу иримыхьын.
1961 гъэм,  и ныбжьыр илъэс 17-м иту, Иннэ итхауэ щытащ «Возьми меня в Балкарию!» усэр. Куэд дэмыкIыу ар, композитор цIэрыIуэ Къашыргъэ Билал и фIыгъэкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым фIыуэ щалъагъу уэрэдхэм яхэхуащ…
КъБАССР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, усакIуэ Къэшэж Иннэ къызэралъхурэ илъэс 65-рэ зэрырикъум теухуауэ 2009 гъэм мазаем и 20-м къызэрагъэпэщауэ щытащ фэеплъ пшыхь дахэ. Литературэдж, философие щIэныгъэхэм я доктор, профессор Эфендиев Сэлихь абы щыжиIат: «Зыми емыщхь усакIуэт, лэжьакIуэ псэемыблэжт Къэшэж Иннэ. Дауэ хузэфIэкIат Москва къыщалъхуа, къыщыхъуа хъыджэбзым апхуэдэу гъунэгъуу адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ я щэнхабзэр зыхищIэныр?! ГъэщIэгъуэныщэщ абы и усэхэм къыщыIэта гупсысэхэр. Иннэ зэхуэдэу фIыуэ илъагъурт адыгэри балъкъэрри. Абы итха «Возьми меня в Балкарию!» усэр и лъабжьэу Къашыргъэ Билал дунейм къытригъэхьа уэрэдым седэIуэхункIэ, къысхуэмыIуэтэну гурыщIэхэм сызэщIаIэтэ. Балъкъэр лъэпкъым дежкIэ а уэрэдыр дамыгъэ лъапIэщ».
Къэшэжыр ирипагэрт усакIуэ-тхакIуэ Iэзэхэу ЩоджэнцIыкIу Алий, КIыщокъуэ Алим, Кулиев Къайсын, Зумакуловэ Танзиля, ЩоджэнцIыкIу Iэдэм, Балъкъэр Фоусэт, Бицу Анатолэ, Ацкъан Руслан, Гуртуев Сэлихь, Къэрмокъуэ Мухьэмэд сымэ хуэдэхэр, нэгъуэщI куэди Къэбэрдей-Балъкъэрым къызэрыхэкIам. Лъэпкъхэм я литературэр зэфIэзыгъэувахэм я IэдакъэщIэкIхэр Иннэ урысыбзэкIэ зэридзэкIыурэ союзпсо утыкум ирихьауэ щытащ.
И усэ къеджэкIэр-щэ? Сэ слъэгъуат абы Литераторхэм я унэ нэхъыщхьэм зыкъызэрыщигъэлъагъуэр: ар зы телъыджэ гуэрт. Дэтхэнэ усэ сатырри псалъэри абы и псэм пхигъэкIырт. Иннэ и усэхэмкIэ совет композитор цIэрыIуэ куэдым уэрэдхэр ятхащ. Абыхэм ящыщу я цIэ къиIуапхъэщ Фельцман Оскар, Френкель Ян, Островский Аркадий сымэ. Уэрэдхэр ягъэзэщIащ Зыкинэ Людмилэ, Кобзон Иосиф, Тут Заур, Магомаев Муслим, Ротару Софие, Кристалинская Майе, Лещенкэ Лев, нэгъуэщI куэдми.
Къэшэжым зэман къигъуэтырт жылагъуэ лэжьыгъэхэми хэтыну. И щIалэгъуэм щыгъуэ ар хагъэхьащ ВЛКСМ-м и Москва къалэ комитетым, апхуэдэуи литературэ-художественнэ журнал зыбжанэм я редколлегием хэтащ.
Зи анэр пасэу дунейм ехыжа Къэшэж Иннэ и иужьрей илъэсхэр гугъу дыдэу ирихьэкIащ. Закъуэныгъэм зэи псэр игъэтыншыркъым. Си жагъуэ мэхъуж Иннэ щылIа махуэм сызэрыримыхьэлIар. Апхуэдэу хъуами, гъащIэ къысхуиухам ар си гум гуапэу зэрилъынур хьэкъщ.
Иннэ и фэеплъу, нэхъ лъапIэ дыдэу сохъумэ «На розовом коне» и усэ тхылъыр. Абы зэгуэр усакIуэшхуэм къысхутритхауэ щытащ: «Ди нэ-хъыжь лъапIэ Джылахъстэн Къасым и къуэм хузогъэхь, ар мыхъуамэ, мы гъащIэм гуапагъэр щытепщэнтэкъым (1987 гъэ гъатхэпэм и 23. Москва)».
ЕФЭНДЫ  Джылахъстэн,
Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м щэнхабзэмкIэ и министру 1963 - 1984 гъэхэм щыта,
Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и Налшык къудамэм и тхьэмадэ.

 

Уэгум и цIэр щолыд

Къэшэж Иннэ апхуэдизкIэ гъащIэр фIыуэ зылъагъу икIи абы сыт и лъэныкъуэкIи екIу, куэдрэ псэуну зыхуэфащэ цIыхути, гугъут ар дунейм темытыжу уи нэгу къыщIэбгъэхьэну. АтIэми абы и ныбжьэгъу дыдэу щытахэм Иннэ далъагъурт ар сыт щыгъуи жану, щхьэх имыщIэу, псэуныгъэм щыгуфIыкIыу, цIыхухэр фIыуэ илъагъуу, имылъагъу щыIэми, хэIущIыIу имыщIу дунейм зэрытетыр.

ИННЭ сэ япэ дыдэ сыхуэзауэ щытащ 1962 гъэм и шыщхьэуIу мазэм Налшык къэкIуэжауэ. КъыщIэкIуэжари и япэ тхылъыр, «Вольный Аул» зыфIищар, къыдэкIауэ арат. Тхылъыр тыкуэнхэм щIалъхьа къудейт. Сэ ар къэсщэхуну сыщIыхьат сыщылажьэ «Совет щIалэгъуалэ» газетым и редакцэм пэгъунэгъу, Головком и уэрамым тет тыкуэным.
Абы цIыху куэд щIэтт, усакIуэ Щомахуэ Амырхъанрэ сымыцIыху, иджы япэу слъагъу хъыджэбз Iэпсыгъуэлъэпсыгъуэрэ яхэту. Абы зэпымыууэ зыгуэрхэр тритхэрт, Iэ тридзэрт цIыхухэм къыхуаший цIыкIум, «Вольный Аул» зытетым. Дауи, ар тхылъыр зытхарт, Къэшэж Иннэт. Сэри зы тхылъ къасщтэри хуэсшиящ, си цIэ-унэцIэри жесIащ. Абы тхылъым псынщIэу тритхащ: «Борису Кагермазову. Спасибо, что любите, читаете и слушаете стихи! И. Кашежева. 21 августа 1962 г». Ар къыщызитым, Щомахуэм жеIэ: «Иннэ, мыр ди адыгэ усакIуэ щIалэщ». Иннэ Iэнкун къохъу. «Ар сщIатэмэ, нэгъуэщI зыгуэр тестхэнтэкъэ тхылъым», - жи. «Упсэу, фIы дыдэу схутептхащ», - жызоIэри си Iэр хузоший.
Апхуэдэу дызэроцIыху, иужькIэ зэныбжьэгъуфI дызэхуохъу, езыр Налшык къакIуэми, сэ Мэзкуу сыкIуэми Iэмал имыIэу дызэхуэзэу.
Иннэ си усэхэр урысыбзэкIэ зэридзэкIырт. А Iуэхур абы хъарзынэ дыдэу къехъулIэрт. «Борис, уэрэ сэрэ ди хьэл-щэныр куэдкIэ зэтохуэ, арауэ къыщIэкIынщ уи усэхэр зэздзэкIыну щIысфIэфIыр, ахэр си псэм щIыпэгъунэгъур», - жиIэрт абы.
Мэзкууи Налшыки урысыбзэкIэ къыщыдэкIа си тхылъхэм зыри яхэткъым Къэшэжым зэридзэкIа усэ гупхэр зэрымыт. Абы щыгъуэми зы редактори къэувакъым ахэр тэмэму зэдзэкIа мыхъууэ жызыIа. Апхуэдэу дызэдэлэжьащ Иннэ псэуху. Иужь дыдэу абы си усэ зыбжанэ зэридзэкIри къысхуигъэхьыжауэ щытащ 1998 гъэм.
 Иннэ ауэ къызэрыгуэкI усакIуэу щытакъым. Ар и ныбжькIэ щIалэ дыдэ пэтми, зи зэфIэкIыр, зи зэчийр пасэу къэзыгъэлъэгъуэфа усакIуэ Iэзэт. Ар ящыщащ «шестидесятники» жыхуаIэу хыщI гъэхэм ди къэралми, нэгъуэщI щIыпIэхэми зи цIэр ину щыIуауэ щытахэм. Сэ Мэзкуу сыкIуауэ мызэ-мытIэу сыщыIащ абыхэм ирагъэкIуэкI усыгъэ пщыхьэщхьэхэм. Псом хуэмыдэу апхуэдэ зэIущIэхэр цIыху куэд дыдэ кърихьэлIэу щекIуэкIырт Политехническэ институтым. ЩIэсхэм Iэгуауэшхуэ хуаIэту я усэхэм къеджэрт Евтушенкэ Евгений, Вознесенский Андрей, Ахмадулинэ Беллэ, Рождественский Роберт, Къэшэж Иннэ, Казаковэ Риммэ, Окуджавэ Булат сымэ. Сэ хуабжьу сригушхуэрт апхуэдэ щIыхь адыгэ пщащэм езым и творчествэмкIэ къызэрихьым, кIуэ пэтми ар цIэрыIуэ дыдэ зэрыхъум.
А цIэрыIуагъэм нэхъри зиIэтынымкIэ, зиубгъунымкIэ мыхьэнэшхуэ яIащ абы и псалъэхэр щIэлъу композитор Iэзэ куэдым ятха уэрэдхэм. ­Къапщтэмэ, Фельцман Оскар, Френкель Ян, Островский Александр, нэгъуэщIхэми макъамэ зыщIалъхьа уэрэдхэр ягъэзащIэрт Кобзон Иосиф, Лещенкэ Лев, Кристалинская Майе, Пугачевэ Аллэ, Магомаев Муслим сымэ, нэгъуэщI уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ куэдми.
1968 гъэм и гъэмахуэм Иннэ Налшык къэкIуат, и ныбжьэгъу усакIуэ Казаковэ Римми къыздишэри. Абыхэм я мурадт ди республикэм зэIущIэ зыбжанэ щрагъэкIуэкIыну. Ди ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм си пщэ кърилъхьат сэри абыхэм срагъусэн хуейуэ икIи машини къыдатат. «Абы щыгъуэм, фэ фыарэзымэ, зэIущIэхэр къыщыщIэддзэнщ сэ сыкъыщалъхуа Лэскэн ЕтIуанэ къуажэм», - яжесIащ хьэщIэхэм. Ахэр занщIэу арэзы хъуащ. Пщэдей хуэдэм дежьэну, ди къуажэ унафэщIхэм хъыбар изогъащIэ, хьэщIэ си гъусэу сынэкIуэжынущ, жызоIэри.
ЕтIуанэ махуэм, шэджагъуэ мыхъуу, дыщынэсам, ЩэнхабзэмкIэ унэм цIыхур щIэзу щIэсу къыщытпэплъэрт. Си къуажэгъухэм хьэщIэхэр езгъэцIыхури, зэIущIэм щIэддзащ. ИгъащIэм иджыт Мэзкуу щыщ усакIуэ (абы щыгъуэми тIу хъууэ, тIури бзылъхугъэу) ди къуажэ къэкIуауэ усэ къеджэу щызэхахыр. Iэгуауэшхуэм щIэту екIуэкIащ зэIущIэр, Лэскэн гъэхьэщIэкIэуи дыкъагъэхьэщIэри, дыкъежьэжащ. Слъагъурт Инни Римми икъукIэ арэзы зэрыхъуар.
А зэIущIэр куэдрэ игу къигъэкIыжырт Иннэ. Абы теухуауэ усэ зыбжани итхыжат. «Не стареет дружба никогда» усэм мыпхуэдэу щыжиIэрт: «Это юность раздвигала тюрьмы стен, Как гудел, плясал и пел Лескен!». НэгъуэщI усэм щитхащ: «Гармошка играла в Лескене И песней встречала гостей»…
Илъэс куэд дэкIауэ а зэманыр сигу къэкIыжри, Иннэ хуэгъэзауэ 1994 гъэм стхыгъащ «Лэскэным и хьэщIэ» усэр:

КъыщыIурт пшынэбзэр Лэскэным,
УэрэдкIэ къыпежьэу хуэкIуам.
КъыфIэщIт и Iэпкълъэпкъыр лъэтэну
И макъ зи тхьэкIумэ иIуам.

Уэ хьэщIэу усшати ди къуажэ,
Плъагъу псори сфIэфIт уигу ирихьам…
Нэхъыжьхэм уэ жьантIэм удашэ,
Гуапащэуи къуахыр сэлам.

Къэшэжхэ зыцIыхуи къахокIыр,
КъыпхуащI уи адэшхуэм и гугъу,
Уи тхылъи еджахэу къыщIокIыр,
Къохъуэхъухэр: «Уи гъуэгур кIыхь ухъу!»

Из дыдэу махъсымэр, уэ фалъэ
Къуатащи, Iэнкуну ущытщ,
ИтIанэ жыбоIэ уи псалъэ:
«Узыншэу Лэскэныр фыщыт!»

Уи усэр къыщоIур си лъахэ,
Тхьэрыкъуэу уэгу хуитым йохьэж…
Яхэзбжэу нэхъыфIхэу блэкIахэм,
А махуэр си нэгу къыщIохьэж.

КъысфIощIыр иджыри дыщIалэу,
ТлъэкIыну аргуэру дыкIуэн,
ЗэщIыгъуу, дгъэуву дэ пIалъэ,
Уэ уигу къинэжа си Лэскэн.

Инни сэри хуабжьу дгъэлъапIэрт ди зэныбжьэгъуныгъэр. Си щIалэ нэхъыжьыр къалъхуа нэужь, Иннэ хуэстхауэ щытащ абы и адэ Инал и щIыхькIэ си къуэм а цIэр зэрыфIэсщар. Куэд дэмыкIыу абы къысхуитхыжа письмом итт: «Борис! Уэ уощIэ сэ сыт щыгъуи ныбжьэгъуфIу узбжу зэрыщытар. Ауэ уи письмом Инал цIыкIу теухуауэ къиптхам сыкъеджа нэужь, дяпэкIэ узэрыслъытэнур си дэлъхуущ. ФIыщIэ фхузощI, Борис, уэри уи щхьэгъусэ Майи» (ар Иннэ ицIыхурт, ди хьэгъуэлIыгъуэм хэтат, Мэзкуу нэс къикIри).
Иннэ и ныбжьэгъу нэхъыжьхэми пщIэ къыхуащIу, зэчий бгъэдэлъыр ягъэлъапIэу щытащ. Абыхэм ящыщт Щипачёв Степан, Окуджавэ Булат, Антокольский Павел, ди тхакIуэхэу Кулиев Къайсын, КIыщокъуэ Алим , Макитов Сэфар. Абыхэми, нэгъуэщIхэми псалъэ гуапэ хужаIащ Иннэ и усыгъэхэм.
Къэшэжыр къэрал куэдым щыIащ, и усыгъэ пшыхьхэр иригъэкIуэкIыу. Иннэ а Iуэхум хуэIэзэт. Ар фIы дыдэу къеджэжырт езым и усэхэм. Тыншу къыдихьэхырт абы едэIуэну къызэхуэсахэр.
Апхуэдэ пщIэ, щIыхь къыхуащIу, фIыуэ ялъагъуу куэдрэ къекIуэкIа усакIуэр къыхохутэ дунейкъутэжым - СССР-р щыщымыIэж, цIыхугъи, хабзи, щэнхабзи зыри щыхуэмеиж лъэхъэнэм. Ар Иннэ зэсам, къызыхэхъукIам зыкIи ещхьыжтэкъым. Абы хуабжьу нэщхъей ищIат Къэшэжыр. ПсэкIэ зыхищIэрт щэнхабзэри литературэри цIантхъуэу пэкIэ зэрыщIихуар. Ар и нэгу щIэкIат а гъэхэм абы деж щIэх-щIэхыурэ кIуэуэ щыта и дэлъху Къэшэж Исмел. Абы игъэгузавэрти, Исмел жэрдэм къыхелъхьэ Къэшэж лъэпкъым Иннэ къраджэжу ягъэлъэпIэну, ягъэгушхуэну.
1998 гъэм и гъэмахуэу зы пщэдджыжь гуэрым Иннэ ди унэ къопсалъэ: «Борис, Налшык сыкъэкIуауэ Исмел деж сыщыIэщ. ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм ди ныбжьэгъухэми езгъэщIэну сыхуейкъым сыкъы-зэрыкIуар. Уэри зыми жумыIэ. Исмелрэ сэрэ дыппоплъэ, къакIуэ». Иннэ къыумыцIыхужыным хуэдэу Iей хъуат. «Аварием сыхэхуэри сысымэджащ, - жиIащ. - Пщэдей ди лъэпкъым, Налшык дэсхэми Дзэлыкъуэ куейм исхэми, срагъэблагъэри, си гъусэу накIуэ, си гуапэ къэпщIыну ухуеймэ».
ЕтIуанэ махуэм докIуэ Дзэлыкъуэкъуажэ. Абы щызэхуэсат Къэшэж лъэпкъыр. Машинэ зытхухым дотIысхьэри Тамбукъан гуэлым и Iуфэ мэзым, тхьэлъэIур щекIуэкIынум, дынос. Абы Iэнэ кIыхьышхуэ щаухуакIэт, я нышхэри хьэзыр хъуауэ дрихьэлIат. Хуабжьу нэжэгужэу, джэгушхуэ ящIауэ, Иннэ хъуэхъухэр хуаIэту, IэплIэ-бакIэ щIагъанэу зэхэсащ Къэшэжхэ. Абы щыгъуэ, дауи, зымиигу къэкIыххэртэкъым я шыпхъу зэчиифIэр иужь дыдэу ялъагъужу. ИлъэситI дэкIри, Мэзкуу къикIащ Иннэ зэрыщымыIэжым и хъыбар гущIыхьэр. Ар щызэхэсхам икъукIэ си жагъуэ хъуат жысIэмэ, зыри жызмыIа хуэдэщ: сэ куэдрэ сиIыгъащ а гуауэм. Абы къыхэкIащ Иннэ и фэеплъу 2000 гъэм стха мы усэр:

Сыт хуэдиз къимыпсэуами цIыхум,
ИлэжьамкIэ хъуркъым арэзы, -
Къытенауэ фIощIыр куэду щIыхуэ,
ИщIэфауэ щытми хуэщIэн зылI.

ГъащIэ мащIэу, Иннэ, ущытами,
ЛъэужьыфI плъэкIащ уэ къэбгъэнэн.
Уи къарур уи Iуэхум иумытауэ
ЖиIэу, хэт уэ къыпхуищIын губгъэн?!

Ущытащ си дежкIэ шыпхъум хуэдэу,
Арщ дэлъху папщIэу псэкIэ ущIэзгъейр.
ГукъэкIыж гурыхьхэр сэ си куэду
Щытми, нобэ ахэм сащI нэщхъей.

Уи лIэныгъэм гуауэ дэдгъуэтауэ,
Дыроплъэж иджы уи гъащIэ гъуэгу…
Уэ пхэлъа Iэзагъэм иIэтауэ,
Уи цIэр лыду итщ усыгъэ уэгу.

КЪАГЪЫРМЭС  Борис.
2009 гъэ

СлъэмыкIыу сохьыр сэ гугъу

Къэшэж Иннэ и усибл,
Бицу Анатолэ зэридзэкIауэ

*    *    *
Си адэм и хэкужь,
Си лъахэу Къэбэрдей,
Уэращ сэ си гуфIэгъуэр, уэрщ си гуауэр.
Дапщэщ нэзгъэзэжын слъэкIыну сэ уи дей?
Сызэрыпсэури сыппэIэщIэу дауэ?

Си напIэр зэтеслъхьам, сэ къыщIохьэж си нэгу
Си сабиигъуэр щызгъэкIуа къурш лъапэр:
Къуажэшхуэм къыщхьэщытщ
ЩхъуантIабзэу джабэ нэкIу,
Абы щохъуакIуэр куэду мэл -
ЩащI кIапэ.

Плъыр сакъыу Iэщым хэтщ мэлыхъуэ щIалэ гуэр,
УэрэдкIэ йобзэрабзэ ар уэгу къащхъуэм;
Уэрэдым сыщIодэIу -
Къысхелъхьэ къару уэр,
Сыкъохъур сылъэтэным хуэдэу пцIащхъуэу…

Уемышу къиш уэрэд, мэлыхъуэ щIалэ ес,
Си деж къэIусри ищIу си псэр махэ.
Зэхэсхмэ сэ уи макъ, мы си гур мафIэм ес,
Мычэму ар хуопабгъэ адэжь лъахэм!

Уэрэдым иубзыхунщ, сэ сощIэ, си пщэдейр.
Абы сытришэнщ сэ гъуэгу, гумащIэу…
Сызэрыпсэур сэ дауэ уэ ппэIэщIэу
Си адэм и хэкужь,
Си лъахэу Къэбэрдей?!

*    *    *
Лэкъум сигу къохьэ, адыгэ лэкъум,
Зэгуэр сянэшхуэм схуищIу щытам ещхьу.
ЩIым ерыскъыуэ щапщэфI псоми я щхьэу
КъысфIощIри -
СшхынкIэ ар сримыкъун!

Лэкъум сигу къохьэ, хъурей дахэу щIауэ,
Плъыжьыбзэу жьауэ нартыху лэкъум IэфI.
ИIыгъыу ар сянэшхуэр къыспежьауэ
Си сабиигъуэм сепщIыхьын сэ сфIэфIщ.

Си сабиигъуэу сэхуран дагъэмэ,
Жьэгу Iугъуэ гуакIуэм и мэ къызыпих,
Сыт хъунт зы махуэ узиIэжыгъамэ,
АрщхьэкIэ сыноджакIэ -
Зэхыумых!

Псы хуэлIэу гъуэгурыкIуэ итым къум,
Хуэдабзэу нобэ лэкъум IэфI сигу къохьэ.
Ауэ сянэшхуэм мэсеиж и кхъащхьэр,
Си анэм ар щиIуэхукъым ди къалащхьэм,
Сэращи -
Сэ схуэпщэфIыркъым лэкъум.

*    *    *
АдыгэлIым и лIыгъэр
Гъунапкъэншэщ - гъэунэху.
АдыгэлIыр цIыхугъэрщ
Зыхуэпсэур, псэуху.

Лей зыгуэрым къылъысу
Илъэгъуауэ блэмыкI.
Хуейщ текIуэни хейр мысэм,
Къимыгъанэ хулъэкI:

Iуэху и куэдми пIащIэгъуэу,
IэщIыб псори ищIынщ,
Ныбжьэгъу нэсу бдэщIыгъуу
Бий нэхъ гуащIэм IущIэнщ…

ТкIийми хьэлкIэ, псэ гуапэщ.
ЦIыху зи жагъуэм щымыщ.
Адыгагъэрщ и напэр,
ХьэщIэр зыми пимыщI.

Ухуеблагъэм и унэ,
Арщ хуэпщIауэ нэмыс.
Зэтетыххэщ и Iэнэр,
Дыхьи жьантIэм хуэтIыс.

Уалъагъуну къыщIыхьэм
УагъэщIэнкъым уэ зэш.
Игу бысымым удыхьэм,
УищIыфынущ и къуэш.

Пшынэм щIидзэм бзэрабзэу -
Япэ къафэр ууейщ.
Джэгу хуамыщIу мыхабзэ
ЯгъэхьэщIэу шууей.

Уежьэжыну уфIэфIмэ,
Ар тхьэмадэм еIуэкI.
Абы ищIырщ унафэр,
ЖиIам зыри фIэмыкI.

Уи шы IумпIэр яIыгъыу
УитIысхьэнщи уанэгу,
КъыпхуащIауэ куэд тыгъэу
Пыпщэжынкъэ уи гъуэгу…

АдыгэлIым и лIыгъэр
Гъунапкъэншэщ - гъэунэху.
АдыгэлIыр цIыхугъэрщ
Зыхуэпсэур псэуху.

*    *    *
Уэ, гъэмахуэр къэсам, укъысIуощIэ,
Удз гъэгъахэр имыхуэу уи куэщI.
Уи къурш уардэхэм тхъуащ я щхьэр хужьу,
Уи щIалагъ уэ итIани мыкIуэщI.

Уи аузхэм дэмыкI пшынэ макъыр -
Уи Iэщыхъуэхэм замыгъэзэш.
Бгырысылъэр абыхэм мы си пкъым
Къафэ жанхэмкIэ къыщагъэуш.

Сэ уи тафэм щоув быдэу си лъэр,
Сытри сфIощIыр мыбдеж щыслъэкIын.
Iуащхьэмахуэщи лIыгъэм и пщалъэр -
И щыгу лъагэм абы сыдэкIынщ.

Къэбэрдей, уэ сурипхъущи - согушхуэ.
Къыздалъагъуу сопсэур уи хьэл:
Си псэм хэлъщ я ткIиягъыр уи къуршхэм,
 Я гуапагъ уипс Iущащэхэм хэлъщ.

*    *   *
СыщIикъузэу быдэу мылу и бгъэ щтам,
Гуауэ щIыIэм куэдрэ IэплIэ къызешэкIыр.
Абы зыщи щиIэр сыкъыIэщIэзычу -
Зи щIымахуэр хуабэу зи гъэмахуэр пщтыр
Си адэ хэкужьыр си гум къызогъэкIыр.

Сыпэлъэщкъым жысIэу Iуэху зызэспщытам,
Сэ Iэнкун сыщохъур мы гъащIэм тэлайкIэ.
Сихъумэн абдежи а зырщи зылъэкIыр -
Зи щIымахуэр хуабэу зи гъэмахуэр пщтыр
Си адэ хэкужьыр си гум къызогъэкIыр.

Сригушхуэу гъащIэм арщ сэ къызитар,
Арщ къызэтэу сиIэр лIыгъэкIэ щIэмычэу.
Сыт хуэдэ гугъуехьми сытекIуэн сэ слъокIыр -
Зи щIымахуэр хуабэу зи гъэмахуэр пщтыр
Си адэ хэкужьыр илъщи сигу имыкIыу.

*    *    *
ПсыкIэху и Iуфэм нэщхъыфIэу дыIуту, -
Арат илъэс пщыкIуийм ди ныбжьыр иту, -
Темытт дунейм зи гугъу дэ тIум дымыщI,
ЩымыIэу тлъэмыкIыни зы къытфIэщIт.

ПсыкIэху ежэхт, толъкъунхэр здырихьэхыу,
СыщIэплъэрт сэ уи нитI сыдэзыхьэххэм.
Уи нитIым си псэр Iэджэм щагъэгугът,
Шэч къытепхьэну ди насыпми гугъут.

ЦIыху гъащIэ кIэщIым и фIыпIэ илъэсхэу
А зэман дахэм - дэ ди щхьэм къитIэсрэт
Пэ зиIэм кIэи иIэн зэрыхуейр?!
Шынагъуэ лъэпкъ пэмыплъэт си псэ хейр.

ИмыщIэт щыIэу абы нэщхъеягъуэ,
ИмыщIэт бзэхыж хабзэу лъагъуныгъэр,
ИмыщIэт и хьэлъагъыр закъуэныгъэм,
Зи Iэужь псори къэлъэлъэжа гугъэм…

ПсыкIэху и Iуфэм нэщхъыфIэу дыIутт.
Илъэс пщыкIуийм ди ныбжьыр иту арт.

*    *    *

Сыхуейуэ си блэкIа гъащIэм
ФIы гуэркIэ сщIыну и гугъу,
Къалэмыр къэзгъэIэгъуащи -
СлъэмыкIыу сохьыр сэ гугъу:

ТхылъымпIэ напэ хужьыбзэм
Теплъызэу нитIыр сыщысщ.
КъэрэндащыкIыр сокъузыр,
Си натIэм къокIуэ пщIэнтIэпс.

Гупсысэ хьэлъэм сиIыгъыу,
Макъыншэу си псэр мэщэIу.
ЩысIэщIэкIар щIым щыуагъэу
СщIа псоми сфIохъур я щIыIу.

Iуэхуншэу схьащ махуэ Iэджэ,
Псы Iэджэ пщIэншэу сикIащ.
Зэм зэхэсхакъым къызэджэр,
Зэм къысхуэмейхэм седжащ.

КъысхуэзыщIам гухэлъ къабзэ,
Си ауан псалъэ лъысащ.
ФэрыщIу къызэубзэрабзэм,
СедаIуэу сригъусащ…

Сыхуейуэ си блэкIа гъащIэм
ФIы гуэркIэ сщIыну и гугъу,
Къалэмыр къэзгъэIэгъуащи -
СлъэмыкIыу сохьыр сэ гугъу.

Сурэтхэм итхэр:

1. Къэшэж Инал къыбгъэдэсщ и щхьэгъусэ Ксениерэ абы и шыпхъу Валентинэрэ. Берлин, 1946 гъэ
2. Иннэ: «Сэ джэдухэр фIыуэ солъагъу!» Налшык, 1951 гъэ
3. Къэшэж Иннэ. Москва, 1974 гъэ
4. Къэшэж Инал - Иннэ и адэр. 1970 гъэ
5. Налшык паркым зыщегъэпсэху, и благъэхэмрэ и ныбжьэгъухэмрэ и гъусэу. 1968 гъэ
6. Къэшэж Иннэ и анэ Ксениерэ и шыпхъу Верэрэ. Бобруйск, 1957 гъэ

Зыгъэхьэзырар ТекIужь Заретэщ.
Поделиться: