Къуажэхэр IэщIагъэлIкIэ къызэрагъэпэщ

 Егъэджэныгъэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм илъэситI лъандэрэ щолажьэ «Къуажэ егъэджакIуэ» программэр. Абы ипкъ иткIэ зэпеуэр ирегъэкIуэкI КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм. 

Урысей Федерацэм и Президентым 2020 гъэм къыхилъхьа жэрдэмыр зи лъабжьэу яубзыхуа а къэрал программэр хуабжьу сэбэпщ къуажэхэм, жылэ пхыдзахэм, цIыху куэд зыщымыпсэу къалэ цIыкIухэм щылажьэ пэщIэдзэ, курыт школхэр IэщIагъэлI IэзэхэмкIэ къызэгъэпэщынымкIэ. Проектым хыхьэ егъэджакIуэхэм я дэфтэрхэм хоплъэри, лэжьапIэ ягъакIуэ, езыхэм ирагъэдж предметым елъытауэ, апхуэдэ IэщIагъэлI хуэныкъуэ, зыхуримыкъу школхэм. ЛэжьапIэм ува нэужь, хуитыныгъэ яIэщ программэм къигъэув, сом мелуан хъу ахъшэр иратыну. Къэпщытэныгъэхэм пхыкIхэр Iэмал имыIэу илъэситхукIэ щылэжьэн хуейщ здагъакIуэ школым, тхьэмахуэм сыхьэт 18 нэхърэ мынэхъ мащIэ ирагъэджу. 
«Къуажэ егъэджакIуэ» программэм и фIыгъэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и курыт школ зыбжанэм 2020 гъэм ягъуэтащ зыхуэныкъуэ IэщIагъэлIхэр. Илъэс блэкIам къриубыдэу IэщIагъэлI Iэзэхэр, математикэмкIэ, инджылызыбзэмкIэ, урысыбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэхэр, ягъуэтащ ди щIыналъэм хыхьэ жылэ зыбжанэм дэт курыт, пэщIэдзэ школхэм. Апхуэдэхэщ, къапщтэмэ, Благовещенскэ, Заречное, Янтарное, Октябрьское, Псынэдахэ, Безенги, Терскол, Бахъсэн Ипщэ къуажэхэр. Абыхэм лэжьакIуэ кIуа егъэджакIуэхэм яIэрыхьакIэщ илъэситхум къриубыдэу кърахьэлIэн хуей лэжьыгъэм къыпэкIуэ ахъшэ дэIэпыкъуныгъэр. Апхуэдэхэм ящыщщ Май щIыналъэм хыхьэ Октябрьскэ къуажэ цIыкIум дэт курыт школым нэгъабэ лъандэрэ щылажьэ Хъутат Заретэ. Абы зэрыжиIэмкIэ, а школыр хуэныкъуэт урысыбзэмрэ литературэмрэ езыгъэдж IэщIагъэлIи, а хъыбарыр зэхихри, «Къуажэ егъэджакIуэ» программэм хыхьащ. 
- Си дэфтэрхэм щыхэплъащ КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм. Псори тэрэзу хъуа нэужь, а школым лэжьапIэ сыуващ, - жеIэ Заретэ. - Сэ къызэрысщыхъумкIэ, жылагъуэр зыхуей дыдэщ а программэр. Мис, къапщтэмэ, къуажэ школми зыхуэныкъуэ егъэджакIуэр игъуэтащ, сэри мылъкукIэ зыкъысщIагъэкъуащ. 
И IэнатIэщIэм игури и псэри етауэ пэрытщ Хъутатыр. Абы урысыбзэмрэ литературэмрэ щрегъэдж 7-9-нэ, 11-нэ классхэм. Дерсхэм къадэкIуэу Заретэ ныбжьыщIэхэм ядрегъэкIуэкI классщIыб лэжьыгъэшхуи. Зи къалэнхэр жэуаплыныгъэ зыхищIэу езыхьэкI егъэджакIуэм япэ ехъулIэныгъэхэри щызыIэригъэхьащ IэнатIэщIэм. Абы и еджакIуэхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ урысыбзэмкIэ районым щекIуэкIа олимпиадэм. Апхуэдэу Хъутатым и гъэсэнхэм ящыщ куэдым ОГЭ, ЕГЭ къэрал къэпщытэныгъэхэмкIэ балл лъагэхэр къахьыфащ. 
Хъутат Заретэ и лъэужьым мы гъэм ирикIуащ иджыри егъэджакIуэ зыбжанэ. Къапщтэмэ, Май щIыналъэм хыхьэ жылэхэм дэт школхэм мы гъэ еджэгъуэм къыщыщIэдзауэ щылэжьэнущ математикэр езыгъэдж Гугу Жаннэрэ инджылызыбзэмкIэ егъэджакIуэ ЩIакIуэныкъуэ Залинэрэ. 

 

 

ЖЫЛАСЭ Маритэ.
Поделиться: