Адэжь хэкуми Бибарс щоджэгу

Израилым и адыгэ къуа­жэ Кфар-Камэ щыщ футболист цIэрыIуэ Натхъуэ Бибарс шыщхьэуIум и 5-м и адэжь щIыналъэм - Сочэ къалэм - щыджэгуащ. «Фыщт» стадионым щызэIущIащ Краснодар крайм и «Сочи» футбол командэмрэ Сербием и «Партизан» гупымрэ. Ди лъэп-къэгъу футболист цIэрыIуэм иджы япэу къыхуихуауэ аращ ди лъахэм щыджэгуну.

Пэжщ,  Сочэ япэу щыджэгуу арами, ар Израилым и мыза­къуэу, Урысейми фIыуэ къыщацIыху. Бибарс Москва и ЦСКА-ми, Къэзан и «Рубинми» хэту щытащ, Iулыдж ини щызэригъэпэщащ. Иужьрей илъэситIым Натхъуэр Сер­бием и къалащхьэ Белград «Партизан»-м щоджэгу.
Хэт мы адыгэ футболистыр? Дэнэ къыщежьэрэ и къуэпсыр?
Илъэс зыбжанэ ипэ Израилым лэжьыгъэ IуэхукIэ ды­щы­щыIам зи цIэр фIыуэ тщIэ ­щIалэм и унагъуэм щыщхэр зэдгъэцIыхуащ, ауэ езыр, сыт щыгъуи хуэдэу, ежьати, дыхуэзакъым. Бибрэс и анэ Натхъуэ Нурхьэн къызэрыджиIэжамкIэ, щIалэм топ иIыгъыу дунейм къытехьами ярейуэ, зэрыцIыкIурэ джэгуну фIэфIу щытащ. А лъагъуныгъэр и адэм деж къыщежьэрт абы Акрэм футбол зыпищI щымыIэу щытащ.
«МащIэрэ ди гъунэгъухэм я щхьэгъубжэр хиуда абы топкIэ, - игу къигъэкIыжт, - Нурхьэн, - и къуэм и сабии­гъуэр. - Къи­щынэмыщIауэ, шко­лым здихь тхылъылъэр къыщыгъуэп­щэрти, топыр иIыгъыу къэкIуэжырт. ЩыцIыкIум щегъэжьауэ пщIэнт ар футболист зэрыхъунур».
ИлъэсипщIым нэса нэужь ­Бибарс Израилым и ныбжьыщIэ гупым хагъэхьащ. ­Къуажэ футбол командэм ­джэ­­гун щыщIэзыдза щIалэ цIыкIур Тель-Авив  и «Ха-поэль»-м хэту утыкушхуэ ихьащ. И адэм и чэнджэщкIэ къыхиха бжыгъэм - «6»-м фIы куэд къыхудэкIуащ -­ Бибарс Израилым и ­щIалэгъуалэ гуп къыхэхам хагъэхьэри, абы и капитан занщIэу хъуащ икIи куэд дэмыкIыу къэралым и командэ нэхъыщхьэми ар щыхахащ. КъыжыIапхъэщ абы ­щыгъуэм Израилым и командэр япэ дыдэу лъэпкъкIэ журтым щымыщ цIыхум IэщIалъ­хьауэ зэрыщытар. Ар къилэ­жьат адыгэ щIалэм.
«6» бжыгъэр и футболкэм ­те­ту, ехъулIэныгъэ куэд иIэу журт къэралым щыджэгу ­Бибарс Урысейм кърагъэблэгъа нэужь, егупсысауэ ихъуэжащ  насып куэд къызыхудэ-кIуа а бжыгъэр. Ар «66»-рэ ищIащ. Сытыт и щхьэусы­гъуэр? Зыр и адэм и фэеплът, адрейр БаскетболымкIэ Израилым и гупым хэта, Бибарс и адэ къуэ­шым ипхъу Натхъуэ Нелли (абыи «6» бжыгъэращ зэ­рихьар) и фэ­еплът. Пщащэр  машинэ зэжьэхэуэм хэкIуэдауэ щытащ 2000 гъэхэм.
Футболыр фIыуэ зылъа­гъуу щыта и адэмрэ баскетболым хэта и шыпхъумрэ я фэеп­лъыр ихъумэу, и Iулыджым нэхъ­ри хигъахъуэу утыку итщ адыгэ щIалэр, къэрал зэ­мылIэужьыгъуэхэм я командэ нэхъыфIхэм ирагъэблагъэу.
Дэри ди гуапэу дыкIэлъып-лъу щытащ, хамэ щIыналъэ къыщалъхуа ди лъэпкъэгъу щIалэм ЦСКА-мрэ «Рубин»-м­рэ щызыIэригъэхьэ ехъулIэ­ны­гъэхэм. Иджыри и лэжьыгъэм дегъэгушхуэ.
Къэзан япэу щыкIуа илъэ-сым Бибарс дэIэпыкъуну кIэ­лъы­кIуат и анэмрэ и шыпхъу Натхъуэ Наташэрэ. Абы щы­гъуэм Нурхьэн игу къегъэкIыж щIалэр Израилым зэ­рикIам щхьэкIэ, журту псоми зэрагу­гъар. «Ауэ зэрыадыгэр, зэрымуслъымэныр къащIа нэужь, къыдэджэгухэмрэ цIы­хугъэ къыхуэхъуахэмрэ къы­зэры­хущытым занщIэу зихъуэжат», - жеIэж анэм.
Натхъуэхэ я унэр музейм хуэдэщ. Бибарс къикIуа гъуэ­гуанэр нэрылъагъу зыщIу къы­хуагъэфэща кубокхэр, бгъэ­хэIухэр, медалхэр плIанэпэ ­дахэхэм щызэгъэзэхуащ.
Акрэм дунейм темытыжми, щIалэм и ехъулIэныгъэхэм анэмрэ и шыпхъуитIымрэ ­иро­­гушхуэ. Апхуэдэуи Нурхьэн и гур хуэзэгъащ и ­къуэ за­къуэм, абы и щхьэгъусэщ Кфар-Камэ щыщ Ачмыжь Талие, быныфIэу унагъуэ дахэу зэдопсэу.
Израилым и лъэпкъ командэ къыхэхамрэ Сербием и «Партизан» командэмрэ нобэкIэ я футболист нэхъ цIэрыIуэ ды­дэм Инстаграмым щиIэ напэ­кIуэцIым и цIэр зэрыщитхар «bibars 66»-щ. Ар зэрыджэгум, и  псэукIэм,  и лэжьыгъэм кIэлъоплъ цIыху мин  60-м нэблагъэ.

Къэбарт Мирэ.
Поделиться: