Гулджан къызыхэкIар зэи щыгъупщэркъым

Тырку Республикэм щыцIэрыIуэ уэрэ­джы­IакIуэ Алтан (Бэгъущэ) Гулджан (Gulcan) и цIэр зэхэзымыха зы адыги щыIэу къыщIэкIын-къым. Иджыпсту псоми тIэщIэлъ гаджетхэр сэбэп мэхъу ди лъэпкъэгъухэм хамэ къэралхэм щаIэ псэукIэмрэ ехъулIэныгъэхэмрэ къэт­щIэнымкIэ. Гулджан Инстаграмым щиIэ напэкIуэцIым иджыблагъэ кърилъхьа видео теп­лъэгъуэм иджыри зэ ди гур хигъэхъуащ. Адыгэ фащэкIэ зэщыхуэпыкIа ныбжьыщIэ цIы­кIухэр щIыгъуу адыгэ уэрэдхэр концертым щыжиIащ.
 
Тыркум къыщалъхуами, и анэдэлъхубзэр имы­щIэу къэхъуами, Гулджан зэрыадыгэр зэи щыгъупщакъым. Пщащэм адыгэгу зэриIэр, и хэкум къэкIуэну и нэ къызэрикIыр, адыгэбзэр хуэмурэ зэрызригъащIэр къытхуиIуэтащ Истамбыл дыкIуауэ дыщыхуэзам.
Хамэ щIыпIэр унапIэ зыхуэхъуа шапсыгъ уна­гъуэм къихъуа хъыджэбз цIыкIум зэфIэкI ямы-лей къызыкъуихыу, къэзыухъуреихь псоми я псэр гуащэнапщIэм - розэм (Гулджаным аращ къикIыр) хуэдэу зыдэгъагъэ уэрэджыIакIуэ хъуну хэт и гугъэнт?! Адэ-анэм щIэх дыдэу гу лъатащ Гулджан бгъэдэлъ зэчийм икIи хъыджэбз цIыкIур дэзыхьэх Iуэхур хуагъэдахэри, а лъагъуэм трашащ.
- Сэ зэрысщIэжрэ уэрэд жызоIэ, - къыддэгуэшащ Гулджан. - Ар къыщежьар ди уна­гъуэращ. ИтIанэ школым сыкIуа нэужь, абы гуп щхьэхуэ къыщызэрагъэпэщри, сэри сыхагъэхьащ, ауэ­рэ си закъуэу утыку сыкъихьэу щIэздзащ. Мис а илъэсхэр къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ балигъ­ ­сыхъуа нэужь къыхэсха IэщIагъэм, нобэ сызыпэрыт Iуэхум. Школ нэужьым университетым макъамэм сыщыхуеджащ икIи си студен­тыгъуэ илъэсхэм япэ ахъшэр къэзлэжьу хуе-жьащ. СхузэфIэкI мащIэмкIэ арэзы сыхъуныр си хьэлтэкъыми, щIэныгъэ зэзгъэгъуэта нэужь, Истамбыл къэрал консерваториер къэзухащ. Ауэрэ щIэныгъэ лэжьыгъэми сыдихьэхауэ, абыи иужь ситщ.
КъедаIуэ псори зи теплъэ гуакIуэмкIэ, зи макъ жьгъырумкIэ къыдэзыхьэхыф Гулджан къы­хиха IэщIагъэм и щэху псори зригъэщIэныр, уэрэд жыIэным и къежьапIэри, абы зэрызиужьари, иджырей Iэмалхэри куууэ иджыным пылъщ. Ар къыщацIыхур Тыркум и закъуэкъым, атIэ Швейцарием, Алыджым, Испанием, нэгъуэщI къэралхэми концерт щитащ, Iэгуауэшхуи щыхуаIэтащ.
Пщащэр къэрал зэхуэмыдэхэм щIрагъэблагъэм и щхьэусыгъуэр бзэ 12-13-кIэ уэрэд зэрыжиIэр, макъамэм и унэтIыныгъэщIэу къежьэхэр псынщIэ дыдэу къызэригъэIурыщIэр, махуэ къэс зызыхъуэж зэманым зыдригъэкIуфу утыку зэритыр арагъэнщ. Уэрэдхэр зэригъэзащIэ бзэхэр къызэрыхихым теухуауэ дыщеупщIым пщащэм къыджиIар гъэщIэгъуэнщ, «вагъуэ» псори зэмыгупсыс Iуэхугъуэщ.
- Сэ къыхэсхыр уэрэдхэракъым, атIэ бзэращ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, уэрэдым и дахагъракъым сыдэзыхьэхыр, атIэ бзэр зэрыт щытыкIэрщ. Лъэпкъ цIыкIухэм яIурылъ е кIуэдыжу къалъытэ бзэхэмкIэ уэрэд жысIэныр, ар дуней псом щы­зэбгрезгъэхыныр нэхъ сфIэкъабылщ, - жеIэ Гулджан. - Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, дахагъэр бгъэбагъуэ къудей мыхъуу, сэбэпынагъ зыпылъ лэ­жьыгъи богъэзащIэ. Лъэпкъ гуэрым и бзэр мы­кIуэдыжыным апхуэдэ хэлъхьэныгъэ мащIэ хуэсщIмэ, зэрысхузэфIэкIкIэ къэзгъэщIэращIэ­мэ, ари зыгуэрым пэувынщ, нэгъуэщIхэри си ужь къиувэнкIи хъунщ.
ГъащIэм куууэ кIуэцIрыплъыф, гупсысэ куп­щIафIэ куэд зи акъылым щызэблэкI пщащэр хамэщI къыщалъхуами, и анэдэлъхубзэм и IэфIагъыр и кIэм нэсу зыхищIэну Iэмал имыIами, хъыджэбзым адыгэбзэр и псэм хэлъщ. Псом япэ иригъэщри и адыгэ уэрэдхэращ. Абы дискхэр къыдигъэкIащ, адыгэбзэкIэ, абазэбзэкIэ, аб­хъазыбзэкIэ уэрэдхэр тету. «Адыгэ хэку», «Iэдииху», «Азэмэт», «Си нанэ», «Гум и уэрэд», «Си псэ - си адыгэ», нэгъуэщIхэри зытет а дискыр щы­зэIэпахыр Тыркум и закъуэкъым, атIэ адыгэ щыпсэу дэнэ къэрали нэсащ, дэтхэнэми и псэм зыдигъэпсэхуу йодаIуэ. Къыхэгъэщыпхъэщ Гулджан тыркубзэкIэ къыдигъэкI дискхэми адыгэ уэрэдхэр зэрыхигъэхьэр, концерт дэнэ щитми и анэдэлъхубзэр зэрыщигъэIур.
- Си анэдэлъхубзэмрэ си адыгагъэмрэ пэс­щIын теткъым дуней псом, - къыддогуашэ Гул­джан. - Тыркум сыщыпсэуми, си псэр здэ­щыIэр Хэкужьращ. Абы хузиIэ пыщIэныгъэр згъ­э­быдэну сызэрыхуейр къызэрызгъэлъа­гъуэр, хамэщI сызэрыщалъхуамрэ адэжь лъа­хэм сызэрыпэIэщIэмрэ къызат гухэщIыр зэры­зыщхьэщызгъэкIыр си адыгэ уэрэдхэращ. Сыкъыщалъхуа къуажэми, Тыркум щыIэ нэгъуэщI адыгэ жылэхэми щызэхуэсхьэсыжащ уэрэдхэр, абы хэтщ хэкум щаусахэри, хэхэс гъащIэр зи ­натIэ хъуахэм ятхахэри, си Iэдакъэ къыщIэкIахэри. Я бжыгъэкIэ къапщтэмэ, уэрэд 40 хуэдиз мэхъу.
ЗэкIэ си насып къихьар Мейкъуапэрэ Абхъа­зымрэ сыщыхьэщIэнырщ, иджы Налшык сыкIуэну, абы концерт щыстыну си хъуэпсапIэщ, - къыпещэ Гулджан. - Фи фIэщ хъункъым, ауэ «адыгэ» жаIэмэ, си гур къокIэзызыкI. Сызэрыадыгэр гурэ псэкIэ зыхызощIэ. Си гум илъ дахагъэ псори къызыхэсхыр адыгагъэращ. Жыгым лъабжьэ зэриIэм хуэдэу, сэри щIыбагъ сызэриIэм, Адыгэ Хэку зэрыщыIэм къару нэрымылъагъу къысхелъ­хьэ.
Апхуэдэ псалъэхэр фэрыщIагъым къыхэкIыу зэрыщымытыр иболъагъуэ пщащэм и нэгум, ар гумрэ псэмрэ къабгъэдэкIыу зэрыпсалъэр щIы­болъагъуэ нэпс мащIэ къызыщIэува нэхэм. Ауэ адэжь лъахэм хуиIэ апхуэдэ пыщIэныгъэм, езым зэрыжиIауэ, къару къыхелъхьэри, дяпэкIэ и мурадхэм топсэлъыхь. Гулджан Тыркум щыIэ адыгэ къуажэхэм уэрэдыжьхэр щызэхуехьэсыж, апхуэдэуи сабий уэрэдхэр зытет диск щхьэхуэ къыдигъэкIыну егъэхьэзыр. «Сыт хуэдэбзэ­кIэ диск къыдэзгъэкIми, зы адыгэ уэрэд ­нэхъ мыхъуми сытым дежи хэтынущ», - къыпещэ уэрэджыIакIуэм.
 ЗэрыжысIащи, лъэпкъ мащIэхэм я анэдэлъ­хубзэр хъума хъуным зи гуащIэ хэзылъхьэ пщащэм абы теухуа и гупсысэм зрегъэубгъу:
- Ди адыгэбзэр кIуэдыжынкIэ шынагъуэ щыIэу жаIэ, ауэ ар си фIэщ хъуркъым. Сыт щхьэкIэ жы­пIэмэ, лъэпкъым и лъабжьэр къыщежьэ хэкум пэIэщIэу, къэрал зэхуэмыдэхэм икъухьа щы­хъуа адыгэхэм илъэси 150-кIэ яхъума, нобэр къыздэсым яIурылъ бзэм кIэух иIэнкIэ хъуну нэгум къыс­хущIэгъэхьэркъым. Сыт хуэдэ унэ­тIыныгъэми зегъэужьынымкIэ Iэмал куэд щыIэщ ди лъэхъэнэм, дэри, щIыпIэ куэдым ис адыгэхэр, дызэрыщIэ, дызэкIэлъыкIуэ хъуащ, хэкум нэкIуэжхэм, хьэщIапIэ накIуэхэм я бжыгъэм ­хэхъуащ. АтIэ иджыри къэс тхъума хъугъуэфIыгъуэр дяпэкIэ щхьэ дгъэкIуэдыжын хуей? Сэ сыпсэуху си къару хэслъхьэнущ ди анэдэлъхубзэр хъумэным, зегъэужьыным. Ар инджылызыбзэм, франджыбзэм бгъурыту дуней псом къыщацIыхуну сыхуейщ.
УэрэджыIакIуэ цIэрыIуэр Тыркум щыщми, гурэ псэкIэ адыгэ лъэпкъым зэрейм, нэхъыбэу жиIэр тырку уэрэдми, адыгэбзэкIэ зэрыгупсысэм ди гур хигъэхъуащ. А гурыфIыгъуэр тIуащIэ мэхъу «тырку» уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэм Инстаграмым адыгэбзэкIэ уэрэд жиIэу къыщрилъхьэм и деж.

 

 

 

 

 

 

 

Тхыгъэри сурэтхэри зейр НэщIэпыджэ Замирэщ.
Поделиться: