Фэеплъ зэхьэзэхуэ

Дзюдо

Налшык дэт Универсальнэ спорт комплексым щекIуэкIащ СССР-м спортымкIэ и мастер Бабаев Къуанч и фэеплъу къызэрагъэпэща дзюдомкIэ XVIII урысейпсо ныбжьыщIэ зэхьэзэхуэхэр. Абы хэтащ Урысейм и щIыналъэ 25-мрэ Донецк ЦIыхубэ Республикэмрэ къикIа зи ныбжьыр илъэс 15 - 17 ит ныбжьыщIэ 677-рэ. 

Зыхэта гупхэм пашэныгъэр щаубыдащ Къумыкъу Астемыр, Пщыбий Амир, ТекIужь Астемыр сымэ. Дыжьыр медалхэн зыIэрагъэхьащ Хъущт Динарэрэ Жэмыхъуэ Маратрэ. Ещанэ увыпIэхэр яубыдащ Ахэмын Адисэ, Дзэгъэл Камиллэ, Мысыр Каринэ, Къанкъул Давид, Щад Алимбэч. 
Зэхьэзэхуэм щытекIуахэм Iэмал ягъуэтащ Урысейпсо зэпеуэу щэкIуэгъуэм и 4-7-хэм Ижевск къалэм щызэхэтынум зыкъыщагъэлъэгъуэну. Абы къыщыхэжаныкIахэр ягъэхьэзыращ Иванов Дмитрий, Апхуд Андзор, Дзухэ Беслъэнрэ Залымрэ, Джэданэ Залым, Бэрэздж Светланэ, Къуп Эдуард, Сэралъп Олег, Мырзэ Тимур, Бэгъуэт Мухьэмэд, Марыщ Эдуард сымэ. 
 

Жыласэ Замир.
Поделиться:

Читать также: