Мыз Ахьмэд: СринасыпыфIэщ схузэфIэкIа мащIэм

Ди ныбжьэгъуфIхэр 

Илъэс куэд щIауэ «Адыгэ псалъэ» газетым и псалъэзэблэдзхэр тхуэзыгъэхьэзыр, жыджэр къытхуэтхэ радиожурналист Мыз Ахьмэд ди псэлъэгъущ, абы къыджиIахэм ди гуапэу фыщыдогъэгъуазэ. 

- Ахьмэд, сыт уи дежкIэ журналистикэр? 
- Школым сыщыщIэс зэманхэм щыгъуи тхылъ, газет седжэну сфIэфIт. Журналист сыхъунуи си гугъакъым, пэжыр жысIэнщи, сызыщIэхъуэпсыр нэгъуэщI лэжьыгъэт. Ари нобэми си хъуэпсапIэщи, щыгъуазэ фысщIынщ абы и къежьапIэм. Ди хьэблэм дэст зы щIалэжь, езыр лIы къекIуу, псоми пщIэ хуащIрэ IитIкIэ сэлам ирахыу. «Сыту ар зэрылажьэр?» - жысIэу сыщыщIэупщIэм, шахмат, шашкэ клубым и унафэщIу къыщIэкIащ. Нобэр къыздэсым сыщIохъуэпс абы, сымыунафэщIми апхуэдэ IуэхущIапIэм сыщылэжьэну, зэхьэзэхуэхэр къызэзгъэпэщу, цIыхухэм саугъэтхэр есту, нэгъуэщI къинэмыщIу. 
Мис апхуэдэу сыт седжэми, абы къыпкърыкI гупсысэ кIапэхэр стхыми журналистикэм сыдихьэха хъуащ зэрымыщIэкIэ. А IэнатIэм пщIэ иIэурэ къекIуэкIащ Совет Союзыр къутэжыхукIэ. УнафэщIым деж ущIыхьэ хъурт хуиту, мыхъумыщIагъэ плъэгъуарэ ар яжепIамэ - ягъэзэкIуэжырт. Газетыр партым и обкомым ейти, ныкъусаныгъэм гу лърагъатэу зыгуэр традзамэ, письмо къатхыжырт зэрызэрагъэзэхуэжар иту. ЖыпIэнуракъэ, журналистыр зэхахырт, и псалъэм пщIэ иIэт. Иджыпсту, ди жагъуэ зэрыхъунщи, апхуэдэ щыIэжкъым. 
Шэч хэмылъу, си гъащIэ гъусэщ, гъащIэ IэщIагъэ схуэхъуащ журналистикэр. ЕгъэджакIуэу седжами, абы срилэжьакъым. Журналистикэм сыщыхыхьам си къуажэгъу тхакIуэ, тхэн Iуэхум сыхэзышауэ, щIэгъэкъуэн къысхуэхъуауэ къэслъытэ Мысачэ Петр къызжиIат: «Абы хэт, уи рассказхэр, тхыгъэхэр нэхъ пэжи, нэхъ купщIафIи хъунущ, уи бзэри нэхъ хуэкъутэнущ». Сыхэтщ, схузэфIэкIаIамэ си гуапэщ. Куэд дыдэ сщIащ жысIэуи си бгъэм сытеуIуэжыфынукъым, ауэ си лъэпкъым папщIэ схузэфIэкIа мащIэми сринасыпыфIэщ. Художественнэ тхыгъэу стхахэр тхылъитIым иту дунейм къытехьащ, очеркыу нэхъыбэIуэ сиIэщ, зы 200-м нэблагъэ къыщIэкIынщ ахэр.
Тыншу къэхъуахэм сащыщкъым: си адэр сщIэжыркъым, си анэмрэ анэшхуэмрэ сабиитху дакъыхуэнэри дапIащ. Дзэм илъэситIкIэ къулыкъу щысщIати, ар щесхьэкIа Германиеми сыщытыншауэ схужыIэнукъым. Абы ипэ зы илъэскIэ, иужькIэ илъэсиплIкIэ рабочэу сылэжьащ. Ар щIыжысIэращи, Iэпщэ лэжьыгъэми фIы дыдэу хызощIыкI, гугъуехьри зищIысыр сщIэуэ сыкъэтэджащ. ЦIыху куэд щыIэщ лэжьыгъэшхуэ имыщIауэ, школым иужькIэ университет, абы къыкIэлъыкIуэу кабинет лэжьапIэ фIэкIа зымылъэгъуа. Радиом сыкъэува иужькIи, редактор нэхъыщхьэр зыхуейм хуэдэу сымыхъуурэ гугъу сехьащ. Абы щыгъуэ ди унафэщIу щыта Къэрмокъуэ Мухьэмэд сыхуэарэзыщ, къысхуэтэмакъкIыхьащи. 
- Иджыпсту радиом щыбгъэхьэзыр нэтынхэр сыт зытеухуар? Сыт хуэдэ унэтIыныгъэщIэ абыхэм ептыну ухуейт? 
- Радиор къуажэ пхыдзахэм зэхамыхыу пIалъэкIэ хъуауэ щытащ. Иджыпсту апхуэдэ щыIэжкъым: жэщи махуэ зэпымыууэ лажьэ зэрыхъуам къыдэкIуэу канал щхьэхуэ щыIэщи, 99,5 FM-м къабзэ дыдэу къыщеубыд ди нэтынхэр. Куэд къытхуотхэ. Нэхъыбэ къыдодаIуэ, куэд дыдэми телефонкIэ зыкъытпащIэри, ягу ирихьа-иримыхьар къыджаIэ, чэнджэщ щхьэпэхэр къыдат. 
Сызытепсэлъыхь Iуэхугъуэхэм я гугъу пщIыуэ щытмэ, дызыхэмыIэбэр укIуэдыж. Хэхауэ, щхьэхуэ-щхьэхуэу щыткъым, дэ нэхъ тхуэгъэкъарууну, дызыпэлъэщыну къэтлъытэхэм зетпщытауэ долэжь. Сэ нэхъыбэрэ зи гугъу сщIыр къуажэхэращ. Колхоз, совхоз щымыIэжхэм я пIэкIэ къэунэхуа бэджэндырылажьэхэм, социальнэ Iуэхугъуэхэм, къуажэм и псэукIэм, нэгъуэщIхэми сатопсэлъыхь. Сэ сыздэщымыIауэ, си лъэ щытемыувауэ зы адыгэ къуажэ республикэм иIэкъым. Къапщтэмэ, Аргудан къуажэм щэм щIигъурэ сыкIуагъэнщ, апхуэдэщ Нарткъалэ, Шэджэм къалэхэр. ИтIанэ, зауэм хэтахэм, лэжьыгъэшхуэ зыгъэбэтахэм, мэкъумэшыщIэ цIэрыIуэхэм, зи гъащIэр губгъуэм иту, Iэщым пэрыту зыхьахэм сатепсэлъыхьыну сфIэфIщ. 
Къэралым къыщыхъу мыхъумыщIагъэхэм ятеухуауэ «тIэкIу сыпIэскIуэну» си жагъуэкъым. УнафэщIхэм яфIэфIкъым ар. Зы Iуэху апхуэдэу сигу къинэжащ. МашинапщIэхэм хагъэхъуауэ критикэ тIэкIу стхащ зэгуэр. Пщэдджыжьым радиом къызэриту, ди нэхъыщхьэ дыдэр къэсащ. Иджыри унэм сыкъыщIэмыкIауэ нопсалъэри, къызжаIэ ар къэкIуауэ къызэрызэжьэр. Дискым тритхэщ ихьри зыгуэр иригъэдэIуауэ щытащ. Хэтми сщIэркъым ар, ауэ езым нэхърэ зэрынэхъыщхьэжым шэч хэлъкъым. Мис апхуэдэурэ тIо-щэ къэхъуащ, уеблэмэ ди деж ущылэжьэну ухуэмеймэ, нэгъуэщI лэжьапIэ къэгъуэт къыщызжаIаи щыIащ.
Изрэ ныкъуэрэ игъащIэми зэрыщIэркъым. Сэ сыщIэгузавэращ абы ехьэлIауэ: апхуэдиз зэхуэмыдэныгъэм цIыхухэр къигъэгубжьыныр зыхуэIуа щыIэкъым. Хьэлэбэлыкъышхуэ дыхэхуэнкIэ хъунущ. Къулыкъу зыIыгъхэр япэкIэ къэхъунум егупсысыркъым. Я мылъкур зэрыщыту хамэ къэралхэм зэрыщахъумэр быдапIэ яхуэхъу хуэдэ мэпсэу. Мыр сэракъым зи гупсысэр, си япэ ит Iэджэми ятх ар икIи жаIэ. Мылъку зэзылъэфэлIахэм я щIэблэр илъэситху, пщIы, пщыкIутху дэкIмэ дауэ зэрыхъунур? Къэралым иджыпсту щIыдагъэр, газыр и куэдщ, ахэр имыIэжмэ е нэхъ мащIэ хъумэ-щэ? ЦIыхум я шхын ямыIэмэ, а тыкуэн домбейхэр зэтракъутэнущ. Ар шынагъуэщ. 
Псалъэм папщIэ, Кувейтым, Сауд Хьэрыпым я цIыхухэм куэд хуащIэ, Иракым, Сирием къыщыхъуахэм хуэдэм зыщахъумэн мурадкIэ. Мис ахэр щапхъэ яхуэхъу хъунут къулыкъущIэхэм.
Си нэтынхэри тезухуэну, сызэхэзыхыпхъэми сызэхихыну сыхуейт щIыуэпсым теухуауэ. Ди мэзхэм, псыхъуэхэм е езы къалэ дыдэми фIейрэ пхъэнкIийуэ дэлъым, жыгхэмрэ къэкIыгъэхэмрэ пщIэ зэрыщыхуамыщIым уегъэдзыхэ. Псалъэм папщIэ, сэ сыщыпсэу Горнэ хьэблэмкIэ жыг гуп дахэ дыдэу итт, хьэуари ягъэкъабзэрэ уэрамри ягъэдахэу. НтIэ мис ахэр къраупщIыкIыурэ къат куэду зэтет унэхэр абдежхэм щаухуащ. Газетхэми стхащ, ауэ зыри къикIакъым. Мис а щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэм, абыхэм къапкърыкI дахагъэм нэхъыбэрэ я гугъу сщIыну сыхуейщ. 
- Радиожурналистым къыщымынэу, газетхэм, журналхэм уазэрыдэлажьэм дыщыгъуазэщ, Ахьмэд. Тхыгъэхэр къызыхэкIым и гугъу тщIынкъым, ауэ «Адыгэ псалъэ» газетым къытребгъадзэ псалъэзэблэдзхэм пэублэ яхуэхъуар сфIэгъэщIэгъуэнщ. 
- Си къуэш нэхъыщIэм псалъэзэблэдзхэр урысыбзэкIэ зэхигъэувэу си япэ къригъэжьащ. Ярэби, мыхэр адыгэбзэкIэ пщIы хъунукъэ, жысIэри яужь сихьат. Хьэх Сэфарбий абы щыгъуэ фи газетым щылажьэрти, ныхуэсхьащ. Зыгуэрхэр зэригъэзэхуэжщ, чэнджэщ гуэрхэр къызитурэ зытIущым хэплъэри апхуэдэу ежьа хъуащ. Зы илъэс пщыкIутху хъуащ абы лъандэрэ. 
Зыгуэр щэкIуэным, адрейр бдзэжьей ещэным дехьэх, сэ сыдэзыхьэхыр псалъэзэблэдз зэхэлъхьэнырщ. 
- Уи лэжьыгъэмрэ уи гуащIэ мымащIэу зыхэплъхьэ литературэмрэ дэтхэнэр нэхъ бгъэнэхъапэрэ? 
- Япэ увыпIэр зэстыр журналистикэращ, сыту жыпIэмэ абыкIэ щIакхъуэ Iыхьэ къызолэжь, си унагъуэр согъэпсэу. Ауэ, пэжщ, нэхъыфIу слъагъур, зэман нэхъыбэ зыхухэсхын хуейр тхэнырати, ди жагъуэ зэрыхъунщи, ар къызэхъулIэркъым. ИтIанэ тхылъым апхуэдэу цIыхур еджэжыркъыми, абыи утригъэгушхуащэркъым сытхарэт жыпIэу. Сэ апхуэдэуи куэд си Iэдакъэ къыщIэкIакъым. 
- Адыгэбзэм игъащIэ лъандэрэ ирилажьэ уэ, Ахьмэд, ди анэдэлъхубзэм хуащI пщIэр, абы игъуэт гулъытэр дауэ къыпщыхъурэ? 
- А Iуэхур кууущ, ауэ къызэрысщыхъур кIэщI дыдэу жысIэнщ. Сэ абы еплъыкIэщIэ гуэри хузиIэкъым, адрейхэм жамыIаи схужыIэнукъым. РадиокIэ къэдгъэпсэлъахэм, газетым, журналым тха лIы губзыгъэхэм я гупсысэр дэсIыгъыу аращ сэ. Ар Нало Заур, Хьэх Сэфарбий, Гъут Iэдэм сымэ хуэдэхэрщ. Абыхэм я Iуэху еплъыкIэр зытеухуар сыт? Адыгэбзэр къэралыбзэ мыхъуауэ ефIэкIуэнукъым, кIэрыхуурэ кIуэну аращ. Нобэ зэрыщытым хуэдэмэ, адыгэбзэм гъащIэшхуэ иIэжынукъым. Илъэс щэ ныкъуэми илъэсищэми сщIэркъым, ауэ си фIэщ хъуркъым абы куэд къигъэщIэну, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ адыгэбзэр Iумпэм зыщIыр мащIэкъым. Уеблэмэ адыгэ къуажэм дэт школым зэIущIэ къыщызэрагъэпэщмэ, ар урысыбзэкIэ ирагъэкIуэкI. Къалэм тэмэму щрагъэджыркъым адыгэбзэр. Хьэрф зэгуэтым и тхыкIэр зымыщIэ ебгъуанэ классым щIэсу срихьэлIащ сэ. 
АдыгэбзэкIэ документ ятхыркъым. УнафэщIхэм я закъуэ зэрану схужыIэнукъым адыгэбзэр зэрыдэхуэхар, ар унагъуэм и деж къыщожьэ. Си быным, абы и быныжым анэдэлъхубзэр езмыгъащIэу щытмэ, сыт нэгъуэщI щIэзгъэкъуэншэнур. 
Республикэр иджыпсту дызэрыгушхуэу диIэ тхакIуэхэр, артистхэр, еджагъэшхуэхэр адыгэбзэщ зэреджар. Абы щхьэкIэ урысыбзэр ящIэн къэнакъым: адыгэбзэри урысыбзэри куууэ ящIэу къэтэджащ. Аращи, ди республикэм и унафэщIым къыщIидзэу адыгэбзэм девгъэлэжь, мыр купщIафIэу школхэм щедмыгъэджу, учебникхэр зэхэдмылъхьэу хъунукъым жиIэу къригъэжьапхъэщ. Псори узэрыIыгъыу куууэ уемылэжьу щытмэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, бзэр мэкIуэдыж. Дэ къытщIэхъуэ щIэблэм, псом хуэмыдэу къалэдэсхэм, ящIэркъым адыгэбзэ. Иджыпсту Налшык щыщ унагъуищэм я щIэблэу щэ къэсщтэнщи, абы щыщу пщIым тэмэму ящIэу пIэрэ адыгэбзэр? Си фIэщ хъуркъым. Адыгэ газет, журнал, тхылъ еджэу дапщэ абыхэм яхэтыр? Къуажэми куэд къахэпшынукъым. ИпэIуэкIэ къуажэм нэхъ ящIэрт, адыгэбзэкIэ нэхъ еджэрт, иджыпсту зэхуэдэ хъужу пIэрэ жыпIэну апхуэдэщ. 
Сэ лъэсу къэскIухьыну сфIэфIщи, зэхызох адэшхуэ-анэшхуэхэр, адэ-анэр я быным зэрепсалъэр. Адыгэбзэ къабзэ зыIурылъ сабий срихьэлIамэ, сыкъоувыIэри содаIуэ, сигукIэ и адэ-анэм фIыщIэ яхузощI. Ауэ апхуэдэ ущрихьэлIэр зэзэмызэххэщ. 
 

 

Зыгъэхьэзырар ШЫГЪУШЭ Синэщ.
Поделиться: