Гулъытэ хуащI

ЩытыкIэ гугъум къихута сабийхэм защIэгъэкъуэным хуэщIа псапэ Iуэхум, Урысейм и МВД-м къызэригъэпэщам, «ЕджакIуэ сыкIуэнымкIэ кыздэIэпыкъу» зыфIащам хыхьэу КъБР-м и Дзэлыкъуэ районым и автоинспекторхэр я хьэщIащ зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда я лэжьэгъухэм я унагъуэхэм. 

Къудамэм дэлажьэ жылагъуэ советым хэт Мэкъуауэ Резуан ящIыгъуу, ахэр щыIащ унагъуитIым. ЗрагъэщIащ я псэукIэмрэ зыхуэныкъуэхэмрэ, школакIуэхэр гъэ еджэгъуэщIэм хуэгъэхьэзырынымкIэ ядэIэпыкъуащ. 

 
Май район

ШкIолакIуэхэм йогуапэ

А Iуэху гуапэм хыхьащ Май районым и полицейхэри. 

Урысей МВД-м Май районым щиIэ къудамэм дэлажьэ Жылагъуэ советым и лIыкIуэ Пуртовэ Юлиерэ Май районым ЛэжьыгъэмкIэ, цIыхухэр социальнэ и лъэныкъуэкIэ хъумэнымкIэ и унагъуэ политикэмрэ лэжьыгъэ зэхущытыкIэхэмкIэ и IэнатIэм и унафэщI Кошелевэ Светланэрэ щыIащ социальнэ щытыкIэ гугъу къихута, школакIуэ ныбжьым ит сабий зиIэ унагъуэхэм ядэIэпыкъун мурадкIэ. 
Iуэхум хэтахэм зыщIагъэкъуащ сабий 12 щапI унагъуитIым, ЦIыкIухэм иратащ школ хьэпшыпхэр, абыхэм канцеляр Iэмэпсымэхэмрэ сабийхэр еджэн папщIэ Iэмал имыIэу зыхуеинухэмрэ хыхьэу. 
Адэ-анэхэм хьэщIэхэм фIыщIэшхуэ хуащIащ къыхуащIа гулъытэм папщIэ. 
 

 

 

 
  

 

Бахъсэн Ланэ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:42 ГъэпцIакIуэр яубыдащ
19.04.2024 - 16:40 Налог щIыхуэшхуэ
19.04.2024 - 16:36 Зыкъамыту хэкIуэдащ
19.04.2024 - 16:26 Щыуагъэм щахъумэу