УнагъуэцIэхэм къахэна лъэужьхэр

ГъэщIэгъуэнщ

Сыт хуэдэ лъэпкъми къызэщIиубыдэ унагъуэцIэхэм я нэхъыбэм къахощ ахэр зезыхьэ цIыхухэр нэхъапэIуэкIэ зэлэжьу, зыщыщу, дэзыхьэхыу щытахэм я лъэужьхэр. Адыгэхэми мымащIэу къытхэтщ къызытекIар апхуэдэу нэрылъагъуу къозыгъащIэ унэцIэхэр. Гурыгъуазэу сызыхэплъа унэцIэ мащIэм къахэзгъуэтащ зи гугъу сщIыхэм хуэди, «Адыгэ псалъэм» и щIэджыкIакIуэхэм садогуашэ. Хэт ищIэрэ, зыгуэрхэр си тхыгъэм къыпэджэжынкIи хъунщ. 

1. ЛъэпкъыцIэхэм къатехъукIа унэцIэхэр:
Абазэ, Алътуд, Балъкъэр, Беслъэн, Къэзан, Урыс, Къалмыкъ, Къумыкъу, Кърым, Къущхьэ, Къэрэшей, Шэрджэс, Тэтэр, Нэгъуей, Шэшэн.
2. ХьэкIэкхъуэкIэхэм я цIэхэм къатехъукIахэр:
Аслъэн, Къаплъэн, Дыгъужь, Бажэ, Аслъэныкъуэ.
3. Iэщхэм я цIэхэм къатехъукIахэр:
Бжэныхъуэ, БжэныкIэ, Былымгъуэт, Жэмбэч, Жэмыкуэ, Жэмыхъуэ, КхъуэIуфэ, Кхъуэтепыхьэ, Выкхъэ, Кхъуэн, Мэлыхъуэ, Мэлыхъуэжь, Танэ, Тэнащ, Шумахуэ, ШкIахъуэ, Шыбзыхъуэ, ШыкIэбахъуэ, Шыд, Шыгъушэ, Шыкуэ, Шыхъуэ, Щынахъуэ.
4. Къуалэбзухэм, джэдкъазым, бжьэм я цIэхэм къатехъукIахэр:
Бгъэжьнокъуэ, Бжьахъуэ, Къазий, Джэдгъэф, Джэдгъавэ, Джэдмышх, Гуэгуш, Къашыргъэ, Бжьэдыгъу.
5. Бдзэжьейхэм я цIэхэм къатехъукIахэр:
Акъ
6. «Хьэ» псалъэм къатехъукIахэр:
Хьэгъэжей, Хьэпэ, ХьэIупэ, ХьэфIыцIэ, ХьэпащIэ, ХьэхъупащIэ, Хьэвжокъуэ, Хьэбэч, Хьэбэчыр, Хьэгъэжей, Хьэгъундокъуэ, Хьэкъул, Хьэкъун, Хьэмдэхъу, ХьэмыкIу, Хьэсанэ, Хьэту, Хьэжыкъарэ, Хьэщыкъуей, ХьэцIыкIу, Хьэжнэгъуей.
7. Бгыхэм, къуршхэм я цIэхэм къатехъукIахэр:
Бешто, Мэшыкъуэ, Казбек, Iуащхьэмахуэ.
8. «КIыщ», «гъукIэ» псалъэхэм къатехъукIахэр:
ГъукIэлI, ГъукIэжь, ГъукIэ, ГъукIэмыхъу, КIыщмахуэ, КIыщыкъуэ, Гъут.
9. МахуэцIэхэм къатекIахэр:
Мэрем, Мэремыкъуэ, Мэремкъул, Гъубж, Гъубжокъуэ.
10. «Нарт» псалъэм къатехъукIахэр:
Нартан, Нарткъалэ, Нартщауэ, Нартбий, Нартокъуэ, НартылI.
11. «Пщы» псалъэм къатехъукIахэр:
Пщымахуэ, ПщыхуэфI, ПщыхьэщIэ, Пщыбыхь, Пщынокъуэ, Пщыбий, ПщыукI.
12. Шхыныгъуэхэм я цIэхэм къатехъукIахэр:
Кыржын, Хьэтыкъ, Мэжаджэхь.
13. «Тхьэ» псалъэм къытехъукIахэр:
ТхьэкIумащIэ, Тхьэкъуахъуэ, Тхьэгъэзит, Тхьэгъэлэдж, Тхьэбысым. 
14. «Унэ» псалъэм къатехъукIахэр:
Унэгъэс, Унэжь, Унэрокъуэ, Унэрыхьэ, УнащIэ.

 

ПЩЫБИЙ СулътIан.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:42 ГъэпцIакIуэр яубыдащ
19.04.2024 - 16:40 Налог щIыхуэшхуэ
19.04.2024 - 16:36 Зыкъамыту хэкIуэдащ
19.04.2024 - 16:26 Щыуагъэм щахъумэу