Лъагъуныгъэр, пщIэр, нэмысыр

Мы гъэм илъэс 13 мэхъури ди къэралым щагъэлъапIэ Унагъуэм, лъагъуныгъэм, зэхуэпэжыным я махуэр. «Унагъуэр быдэмэ, къэралыр лъэщщ», - жыIэгъуэ пэжым къегъэлъагъуэ ар къэралым и зы Iыхьэу, жылагъуэм и быдапIэу зэрыщытыр. Апхуэдиз мыхьэнэ цIыху гъащIэм щызиIэ унагъуэм гулъытэшхуи щегъуэт ди хэкум.
Бадзэуэгъуэм и пэщIэдзэм техуэ а махуэшхуэм ехьэлIа лэжьыгъэшхуэ щызэфIах ди республикэм. Абы къриубыдэу гулъытэ хэха хуащI бын куэд щапI унагъуэ зэгурыIуэхэм, зыпэрыт IэнатIэхэм ехъулIэныгъэхэр щызиIэ зэщхьэгъусэхэм, щIэблэм щапхъэ яхуэхъу нэхъыжьыфI зэрысхэм. Апхуэдэ мазэ лэжьыгъэм кърикIуахэр дыгъуасэ къыщапщытэжащ Бахъсэн щIыналъэм. Къалэ администрацэм и и унэм щекIуэкIа зэхыхьэ гуапэм ирагъэблэгъар цIыху мащIэ дыдэу щытми (коронавирус уз зэрыцIалэ лIэужьыгъуэщIэм и зэранкIэ), абы щагъэлъэпIащ районым щыщ зэщхьэгъусэ зыбжанэ. Махуэшхуэр гъэлъэпIэнымкIэ къэралпсо комитетым къыбгъэдэкI «Лъагъуныгъэмрэ зэхуэпэжыныгъэмрэ» медалыр зыхуагъэфэщахэм ящыщщ Къуэдзокъуэхэ я унагъуэр.
- Нобэ дгъэлъапIэ махуэшхуэр епхащ дэ тщыщ дэтхэнэми и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэм: унагъуэм, абы илъ лъагъуныгъэмрэ пэжыгъэмрэ, зэгурыIуэныгъэмрэ гуапагъэмрэ, Аращ къыщежьэр цIыхухэм яхэлъ хьэл дахэ псори: лъагъуныгъэри, пщIэри, нэмысри, гумащIагъри, пэжыгъэри, - къыхигъэщащ унагъуэхэм щехъуэхъум Бахъсэн къалэ администрацэм и Iэтащхьэ Мамхэгъ Хьэчим. – Унагъуэращ псоми тхэлъыфыну хьэлыфIхэм я къежьапIэр. «Унагъуэр быдэмэ, къэралыр лъэщщ», - жиIащ псалъэжьым. Дэтхэнэ унагъуэми сохъуэхъу насыпыфIэу, щIэблэ узыншэ къащIэхъуэу, я мурадхэр къайхъулIэу псэуну.
 ЗэIущIэм хэтащ къалэ советым и депутатхэр, администрацэм и лэжьакIуэхэр, Бахъсэн къалэм щыIэ IуэхущIапIэ зыбжанэм я унафэщIхэр, ЗАГС-м и щIыналъэ къудамэм и IэщIагъэлIхэр.
«Лъагъуныгъэмрэ зэхуэпэжыныгъэмрэ» медалыр зыхуагъэфэща Къуэдзокъуэ зэщхьэгъусэхэм фIыщIэ ин ящIащ къыхуащIа гулъытэр. НэхъыжьыфI Лолэ тепсэлъыхьащ я унагъуэ быдэхэм икIи насыпыфIэхэм илъ хабзэм, пщIэмрэ нэмысымрэ. Адэ-анэхэм, адэшхуэ-анэшхуэхэм жылагъуэм щаIэ апхуэдэ пщIэ лъагэм щыгуфIыкIащ абыхэм я бынхэри я къуэрылъху-пхъурылъхухэри.
 Зэхуэсхэм я кIэухыу абы хэтахэм сурэтхэр зытрагъэхащ.
 

ЖЫЛАСЭ Маритэ.
Поделиться: