Балъкъэр театрым и псыпэр зыгъэжаКъБР-м щIыхь зиIэ и артист, усакIуэ, драматург цIэрыIуэ Маммеев Ибрэхьим къызэралъхурэ илъэсищэ ирокъу. Абы къигъэщIа илъэс 85-м щыщу 65-р театрым тыхь хуищIащ. Курыт еджапIэм щыщIэсым щегъэжьауэ артист гъащIэм дихьэхащ Ибрэхьим. Театр гупжьейхэм жыджэру хэтт, блынгазетым щхьэкIэ усэхэр итхырт. Артист IэщIагъэ ГИТИС-м щызэзыгъэгъуэтыну зи насып къикIахэм ящыщщ ар. Абы япэу игъэзэщIар Тренёв Константин и «Любовь Яровая» пьесэм хэт Кошкиным и ролырщ. Спектаклыр утыку щрахьа махуэр (дыгъэгъазэм и 7, 1939 гъэ) Балъкъэр профессиональнэ театрыр къыщыунэхуа махуэу ялъытэ. Дыбалъкъэрщ дэ, Дыбалъкъэрщ дэ, Дыбалъкъэрщ дэ, Дыбалъкъэрщ дэ, Къуршыпс НэпкъитIым йоныкъуэкъу, Сыкъызэралъхурэ сызэфэ Срихьэу куэдрэ и архъуанэ, СыпхыкIыу Iугъуэм, Си нэгу мычэму къыщIэзгъэхьэрт СыIутщ и Iуфэм сэ аргуэру ЗэзыдзэкIар Бицу Анатолэщ.
Поделиться:
Читать также:
24.04.2024 - 15:23 →
ФIыуэ флъагъухэм закъевгъащIэ!
24.04.2024 - 11:41 →
Бэм пэгъунэгъу IэдакъэщIэкIхэр
23.04.2024 - 14:56 →
ФIыуэ флъагъухэм закъевгъащIэ!
22.04.2024 - 17:16 →
ПащIэ Бэчмырзэ теухуа пшыхь
22.04.2024 - 17:00 →
Адакъэпщрэ Купраузрэ
|