2019 гъэм ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием псапащIэ егъэджэныгъэ программэр иублэри, зэпеуэкIэ къыхаха щIалэрэ пщащэу 26-рэ хамэ къэрал еджапIэ нэхъыфIхэм я щIэныгъэр щыхагъэхъуэну ягъэкIуауэ щытащ. ИлъэситIкIэ еджа ди лъэпкъэгъухэм иджы къагъэзэж, я къэухьым зиужьарэ лэжьыгъэм и пIалъэ зрагъэщIауэ.
Зи гугъу тщIы проектыр къыхэзылъхьар хьэрычэтыщIэ цIэрыIуэ, ЩIДАА-м и Президентым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Къанокъуэ Арсенщ.
Пандемием ирихьэлIами, гугъуехь куэд дунейм къыщыхъуами, Уэршыкъуэ Альберт-рэ Тхьэмокъуэ Iэминэрэ - Инджылызым, Пщынокъуэ Дианэ - Нидерландхэм, Батыр Мухьэмэдрэ Жынэ Сэтэнейрэ - Швейцарием, Хьэмыз Залым - Франджым, Тау Анзор - Бельгием, Гуэщокъуэ Марианнэ Испанием кIуэфахэт, къапэщылъа къалэнхэми хъарзы-нэу пэлъэщауэ иджы къагъэзэж.
ЕджакIуэ кIуахэм жэуаплыныгъэ ин яхэлъу Iуэхум яужь итащ, гъэщIэгъуэн куэди ялъагъуну хунэсащ. Ахэр инстаграмым щаIэ напэкIуэцIхэм къыщаIуатэ.
Къанокъуэ Арсен Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэу щыщытам цIыху 300-м нэблагъэ хамэ къэралхэм щригъэджауэ щытащ икIи илъэгъуащ абы къыпэкIуа сэбэпынагъыр. Иджы ЩIДАА-м и нэIэ щIэту илъэсым цIыху 50 хуэдиз игъэкIуэну зэримурадыр жеIэ:
- Япэ зэпеуэм къыхыхьэу зи зэфIэкI зыгъэлъэгъуа адыгэ ныбжьыщIэхэм фIыщIэ яхузощI. Сэ хьэкъ сщыхъуащ: апхуэдиз зэфIэкI, щIэныгъэ зыбгъэдэлъ интеллигент щIалэгъуалэ дыщиIэкIэ, адыгэм къэкIуэн дахэ къыпоплъэ. Дэ абыкIэ дэIэпыкъуэгъу дыхъун хуейщ, IуэхуфIхэр дгъэбагъуэрэ, жэрдэм зиIэхэмрэ жыджэрхэмрэ защIэдгъакъуэу.
ПщIэ щIэтту еджакIуэ дгъакIуэхэм къалэн гугъу яхуэдгъэувыркъым. ЕджапIэ нэхъыщхьэ нэхъыфI дыдэхэр къауха нэужь, ахэр дэни щылажьэну хуитщ, ауэ я бзэр, я хабзэр зыщагъэгъупщэ хъунукъым. Дэнэ щыпсэуми, щылажьэми, я хэкужь къагъэзэжынущ абыхэм, я лъэпкъым хуэщхьэпэнущ. Дэ аращ зытетщIыхьыр. ПсынщIащэу зызыхъуэж мы дунейм ди лъэпкъыр декIуу дэбакъуэмэ, ди насыпщ.
ЩIалэхэмрэ пщащэхэмрэ здэщыIа къэралхэр къазэрыщыхъуам, зэрырагъэджа щIыкIэм, къадеджахэр зыхуэдэм, я мурадхэмрэ Урысейм къащыпэплъэмрэ тедгъэпсэлъыхьу ди газетым и къыкIэлъыкIуэ къыдэкIыгъуэхэм къытеддзэнущ.