Мы махуэхэм

ШыщхьэуIум и 21,
щэбэт

♦Терроризмэм и зэранкIэ хэкIуэдахэр ягу къыщагъэ­кIыж дунейпсо махуэщ
♦Урысейм щагъэлъапIэ Офицерым и махуэр
♦1561гъэм
Урысейм и пащтыхь Грозный Иван щхьэгъусэу ишащ къэбэрдеипщ Идар ­Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнэ (Марие).
1923 гъэм СССР-м и Къэрал планыр къызэрагъэпэщащ.
1943 гъэм СССР-м унафэ къыщащтащ Суворовым, Нахимовым я цIэхэр зезыхьэ, ныбжьыщIэхэр щрагъэджэну дзэ училищэхэр къызэгъэпэ­щы­ным теухуауэ.
1964 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубзхэм я V съездыр екIуэкIащ.
1991 гъэм ГКЧП-м къэралым къыщызэригъэпэща путчым и мурадахэр къызэремыхъулIар наIуэ къэхъуащ, Совет Союзым властыр щызыIэщIэзыгъэхьэ­-ну хущIэкъуахэр яубыдащ.
♦Театрымрэ киномрэ я акт­ри­сэ, СССР-м и цIыхубэ артисткэ Артмане Вие къызэралъхурэ илъэс 92-рэ ирокъу.
♦Ямайкэм щыщ спортсмен цIэрыIуэ, дунейм атлетикэ псын­щIэмкIэ пщыкIузрэ чемпион щыхъуа, Олимп Джэгухэм 8 щытекIуа Болт Усейн и ныбжьыр илъэс 35-рэ ирокъу.
♦Урысей биатлонист, Олимп чемпион, нэгъуэщI дунейпсо зэхьэзэхуэ куэдми щытекIуа, УФ-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер Шипулин Антон и ныбжьыр илъэс 34-рэ ирокъу.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэ­ритымкIэ, Налшык пшэр те­хьэ-текIыу щыщытынущ, пIалъэ-пIалъэкIэрэ уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 23 - 24-рэ, жэщым градус 19 - 20 щыхъунущ.

ШыщхьэуIум и 22,
тхьэмахуэ

Зи диныр, нэгъуэщI зи фIэщхъуныгъэхэр зыпаубыду залымыгъэ зыкIэлъызэрахьахэр, абы зи гъащIэр хэзылъ­хьахэр ягу къыщагъэкIыж ­дунейпсо махуэщ
Урысей Федерацэм и Къэрал ныпым и махуэщ. 1991 гъэм РСФСР-м и Совет Нэхъыщхьэм и зи мычэзу сессием унафэ ­къищтащ Урысейм и иджы­-      рей ныпыщIэр - хужь-щIыху-плъыжь плъыфэхэу зэгуэлъыр - къэралым и дамыгъэу къэ­лъытэным теухуауэ. Нэхъ иужь­кIэ, 1994 гъэм шыщхьэуIум и 20-м, УФ-м и Президентым Iэ щIидзащ «Урысей Федерацэм и Къэрал ныпым теухуауэ» уна­фэм.
Коми Республикэм и махуэщ. 1921 гъэм РСФСР-м хы­хьэу къызэрагъэпэщащ Коми (Зырян) автономнэ областыр.
1942 гъэм Челябинск къалэм дэт Кировскэ заводым куэду къыщыщIагъэкIыу щIадзащ Т-34 танкыр.
1959 гъэм Тэрч къалэм лэ­жьэн щыщIидзащ налмэс Iэмэ­псымэхэр къыщыщIагъэкI заводым.
1990 гъэм япэу эфирым къихьащ къэрал унафэм щIэмыт «Эхо Москвы» радиостанцыр.
2012 гъэм Урысейр Дунейпсо сату зэгухьэныгъэм хыхьащ.
♦Экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Къущхьэ Iэбу къызэралъхурэ илъэс 94-рэ ирокъу.
♦Урысей актёр, Тэтэрстан Республикэм щIыхь зиIэ и артист, УФ-м и Къэрал саугъэтыр зрата Башаров Марат и ныбжьыр илъэс 47-рэ ирокъу.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ, пIалъэ-пIалъэ­кIэ­рэ уэшх къыщешхынущ. Хуа­бэр махуэм градус 25 - 26-рэ, жэщым градус 19 - 20 щыхъунущ.

ШыщхьэуIум и 23,
блыщхьэ

ГъэрхэмкIэ сату щIыным хэ­кIуэдахэм я фэеплъыр щагъэлъапIэ дунейпсо махуэщ
Урысейм и дзэ щIыхьым и махуэщ - 1943 гъэм СССР-м и Дзэ Плъыжьым Курск и деж нэмыцэ-фашистыдзэр щызэтрикъутащ.
1382 гъэм Урысейм артиллерие дзэхэр къыщызэрагъэпэщащ. Ахэр япэу къагъэсэбэпащ Тохъутэмыщ хъаныр Мэзкуу щытеуам щыгъуэ.
1935 гъэм СССР-м и ЦIыхубэ комиссархэм я советымрэ ­Компартым и ЦК-мрэ унафэ къащтащ Кремлым и чэща­нэхэм щхьитI зыфIэт бгъэхэр къытехауэ къуапитху зиIэ ва­гъуэхэр тегъэувэным теухуауэ. Абы пIалъэ пыухыкIаи хуагъэуват - Октябрь революцэ Иным и махуэр щагъэлъапIэ щэкIуэ­гъуэм и 7-м и пэ къихуэу а лэ­жьыгъэр зэфIэкIауэ щытын ­хуейт.
1939 гъэм Iэ традзащ Моло­товымрэ Риббентропрэ я зэгурыIуэныгъэ цIэр иIэу тхыдэм хыхьа дэфтэрым. Абы къыщыгъэлъэгъуат Совет Союзымрэ Германиемрэ зыр адрейм те­мыуэным хуэунэтIауэ къалэн зыщащIыжхэр.
1942 гъэм нэмыцэ кхъухьлъатэхэм Сталинград «лагъым уэшх» щрагъэшхащ. Абдеж къы­щежьащ къалэр бийм щыхъумэным хуэунэтIа зауэшхуэр.
1943 гъэм советыдзэхэм Харь­ков къалэр нэмыцэ-фашистыдзэхэм къыIэщIагъэкIыжащ.
1959 гъэм США-м и Прави­тельствэм унафэ ищIащ я къэ­ралым и курыт школ 400-м уры­сы­бзэр щаджыным теухуауэ.
1991 гъэм Ельцин Борис къыдигъэкIа унафэм ипкъ иткIэ КПСС-м и иригъэкIуэкI лэжьыгъэмрэ «Правда» газетыр къы­дэгъэкIынымрэ къэралым къы­щызэтрагъэувыIащ.
1992 гъэм ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академиер къы­зэрагъэпэщащ.
♦Урысей император Иван VI къызэралъхурэ илъэс 281-рэ ирокъу.
♦КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Шортэн Даниткэ къызэралъ­ху­рэ илъэс 95-рэ ирокъу.
♦Къэрал къулыкъущIэ, Шэшэн Республикэм и япэ президенту щыта Кадыров Ахъмэт къызэралъхурэ илъэс 70 ирокъу.
♦Пшынауэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артист, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ­ХьэпащIэ Заудин и ныбжьыр илъэс 65-рэ ирокъу.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр те­хьэ-текIыу щыщытынущ, пIалъэ-пIалъэкIэрэ уэшх къыще­шхынущ. Хуабэр махуэм градус 24 - 25-рэ, жэщым градус 18 - 19 щыхъунущ.

ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:23 НОБЭ
18.04.2024 - 16:13 НОБЭ
17.04.2024 - 11:43 НОБЭ