УлахуэмкIэ ятелъ щIыхуэр нэхъ мащIэ мэхъу

Кавказ-Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм 2021 гъэм и шыщхьэуIу мазэм и 1-м ирихьэлIэу имыта улахуэу сом мелуан 87,4-рэ хузэтрихьащ. Мы гъэм бадзэуэгъуэм и япэ махуэм лъандэрэ щIыхуэм процент 11,3-рэ хэщIащ. 
Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэр къапщтэмэ, улахуэкIэ щIыхуэ нэхъыбэ дыдэ телъщ Ставрополь крайм. ШыщхьэуIум и 1-м ар сом мелуан 63-рэ хъурт, бадзэуэгъуэ лъандэрэ проценти 7,1-кIэ ягъэмэщIащ. 
ЕтIуанэу щIыхуэ нэхъыбэ зытелъу Урысейм СтатистикэмкIэ и IэнатIэм къигъэлъэгъуар Дагъыстэнырщ. Абы сом мелуан 12,7-рэ щызэтрихьащ. Республикэм бадзэуэгъуэм и 1-м ирихьэлIэу щIыхуэу телъар проценти 3,2-кIэ нэхъыбэщ. Осетие Ищхъэрэ Аланием щIыхуэу щызэтрихьащ сом мелуани 8,9-рэ, мы хэгъэгум и щIыхуэм бадзэуэгъуэ лъандэрэ процент 0,9-рэ хэхъуащ. 
КъыкIэлъыкIуэу щIыхуэ зытелъхэм ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэрыр, абы улахуэ имыту зытригъэхьар сом мелуани 2,3-рэ хъууэ аращ. Бадзэуэгъуэм еплъытмэ, щIыхуэр процент 60,5-кIэ ягъэмэщIащ. Къэрэшей-Шэрджэсым щIыхуэу телъыр мелуан 0,5-рэщ, блэкIа мазэм ятелъам елъытауэ ар процент 74,8-кIэ нэхъ мащIэ хъуащ. 
Шэшэнымрэ Ингушымрэ улахуэкIэ ятелъ щIыхуэм и бжыгъэр «Росстат»-м къыщагъэлъэгъуакъым. 
 

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: