Урысейм и ерыскъы нэхъыфIхэр

Урысей Федерацэм Мэкъумэш IэнатIэмкIэ и министерствэм мы гъэм етIуанэу иригъэкIуэкIынущ «Вкусы России» лъэпкъ зэхьэзэхуэр. Абы щагъэлъэгъуэнущ икIи я фIагъыр зыхуэдэр къыщалъытэнущ хэгъэгухэм бренд хъуауэ къыщыщIагъэкI, щагъэкI мэкъумэшхэкIхэр. 

ИджыкIэ ди къэралым и щIыналъэ 78-м щыщу зэхьэзэхуэм ягъэхьащ ерыскъыхэкIыу 620-рэ. Ар куэдкIэ нэхъыбэщ нэгъабэ хэтам нэхърэ. 
Зэпеуэм ягъэхьа мэкъумэшхэкIхэм яхэтщ лъэпкъхэм, хэгъэгухэм я напщIэ телъ ерыскъы цIэрыIуэхэри, щIыпIэм цIэрыIуэ щыгъуауэ щагъэхьэзырхэри, къызэрыунэхурэ куэд мыщIа, ауэ абы зэрелэжьым зыужьыныгъэшхуэ иIэну гугъэ уэзыгъэщIхэри. 
Зэхьэзэхуэм ягъэхьа тхылъхэмкIэ зэкIэ япэ итыр Москва областырщ (42-рэ), абы кIэлъокIуэ Ростов областыр (40), Пермь крайм ещанэ увыпIэр иIыгъщ - абы ерыскъы лIэужьыгъуэу 27-рэ къигъэлъэгъуащ. Нэхъ жыджэру зэхьэзэхуэм хэувахэм ящыщщ Волгоград, Ярославль областхэр. 
Къэбэрдей-Балъкъэрыр лIэужьыгъуи 6-кIэ хэуващ мы Iуэхум. Мы гъэм «Вкусы России» лъэпкъ зэхьэзэхуэм я IэфIагъымрэ фIагъымрэ къыщалъытэнущ адыгэ кхъуейм, къэхъун помидорым, минеральнэ псым, дзэлыкъуэ кIэртIофым, балъкъэр хъыршыным, мыIэрысэм. Зэпеуэм хэтыну жэрдэм зиIэхэм я тхылъхэр иджыри фокIадэм и 1 пщIондэ ягъэхьынущ. 
Жэпуэгъуэм и 20-м щегъэжьауэ щэкIуэгъуэм и 7 пщIондэ цIыхубэ IэIэт екIуэкIынущ, жылагъуэм езыхэм нэхъ яфIэфI ерыскъыхэкIхэм папщIэ е зыщыщ хэгъэгур даIыгъын щхьэкIэ Iэ яIэту. 

 

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: