Нэхъ жыджэрхэмрэ лэжьэфынухэмрэ щызэхуэсащ

Урысей Федерацэм и ХэхакIуэ комиссэр Къэрал Думэм и депутату хахыну зыкъэзыгъэлъэгъуа кандидатхэм я дэфтэрхэм хэплъэжри, жиIащ мыгувэу екIуэкIыну хэхыныгъэхэм мандатым щыхущIэкъунухэр куэд мыхъуу жызыIэхэр зэрыщыуэр: партхэр жыджэру къыхохьэ, Iэ зыхуаIэтыну хуит ямыщIхэм я бжыгъэр мащIэщ.

«Сытым дежи дызыубхэм, къытпэщIэт щымыIэу, IэIэтыр пэжу емыкIуэкIыу, кандидатхэр хэхыныгъэхэм хэтыну хуит ямыщIу цIыхухэм я фIэщ зыщIыну хэт критикхэм жаIэм емылъытауэ, Iуэхум и пэжыпIэр нэрылъагъущ, къищынэмыщIауэ, къэрал статистикэ щыIэщ», - жиIащ УФ-м и ЦИК-м и нэхъыщхьэ Памфиловэ Эллэ. 
Абы и псалъэхэм къызэрыхэщамкIэ, Къэрал Думэм и еянэ зэхыхьэгъуэм парт 14-м кандидат 5972-рэ къыщагъэлъэгъуащ. Абыхэм ящыщу 3910-р - партхэм, 2062-р зы мандат зиIэ хэхыпIэ округхэм щыщщ. Абы нэмыщIу цIыху 11-м езыр-езыру зыкъагъэлъэгъуащ. 
«Абы ипкъ иткIэ зы мандат зиIэ хэхыпIэ округым кандидати 9 хуозэ. Ар зэпэщIэтыныгъэ мащIэкъым», - жиIащ Памфиловэм. Къэрал Думэм депутату кIуэну зезыгъэтхахэм ящыщу хуит ямыщIар мащIэ дыдэщ. ЦИК-м и нэхъыщхьэм жиIащ 2016 гъэм Къэрал Думэм и ебланэ зэхыхьэгъуэм теухуа хэхыныгъэхэр щекIуэкIым, парт 48-м я кандидатхэр къагъэлъэгъуат, ауэ бюллетеным нэсар политикэ парт 42-м я лIыкIуэхэрщ. Мы гъэм политикэ парт 26-м щыщу хуит ямыщIар партищ къудейщ. 
«Хэхыныгъэм хэтын папщIэ зрагъэтхыну мы гъэм хуит ямыщIар проценти 3,5-рэ къудейщ, ар мащIэ дыдэщ, - дыщIигъуащ Памфиловэ Эллэ. – Иужьрей илъэситхур къапщтэмэ, езы политикэ партхэм я бжыгъэр мащIэ хъуащ. 20I6 гъэм ахэр 74-рэ хъууэ щытамэ, иджы 30-м нызэрыхьэсуращ». 
ЦИК-м и унафэщIым къызэрилъытэмкIэ, нэхъ гуащIэмащIэхэр пыхури, нэхъ жыджэрхэмрэ лэжьэфынухэмрэ къэнауэ аращ. 
 

 

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: