Дунейпсо мардэхэм къизагъэ цIыху минхэм я зэблэкIыпIэ

Налшык къыщызэIуахащ илъэс зыбжанэ ­хъуауэ ягъэхьэзыр «Ищхъэрэ» автовокзалыр. И теплъэкIи, IэхуитлъэхуитагъкIи, шынагъуэншагъэкIи, хуащIэну IуэхутхьэбзэхэмкIи ар д­унейпсо мардэхэм къозагъэ.

Мыбырэ «Ипщэ» автовокзалымрэ яухуащ «Развитие внутреннего и въездного туризма» федеральнэ программэм ипкъ иткIэ. Ар хьэзыр зэрыхъурэ зэманыфI дэкIами, я къызэIухыныр мызэ-мытIэу ягъэIэпхъуащ абы пыщIа Iуэху ­псори ягъэтэмэмын, цIыхухэм гугъуехь лей къахуимышэу яутIыпщын папщIэ. ЗэкIэ абы нэхъ хуэхьэзыру къалъытащ Щхьэлыкъуэ дэлъэдапIэм и деж щаухуа «Ищхъэрэ» автовокзалыр.
КъызэIуахыным махуэ зыбжанэ иIэжу я хэщIапIэщIэ хъунур зрагъэцIыхуащ цIыхухэр къе­зышэкIыну IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэмрэ ­къалэ, жылэзэхуаку маршрутхэм тетыну автобусхэмрэ таксихэмрэ зезыгъакIуэхэм. Абыхэм вокзалыщIэр хуабжьу ягу ирохь, ауэ, дэтхэнэ зы IуэхущIэми хуэдэу, хуэсакъыу бгъэдохьэ.
Пэжщ, дапхуэдизу дахэми Iэхуитлъэхуитми, ар щыщIэныгъэншэкъым. Гугъущ цIыхур илъэс куэд хъуауэ зытет гъуэгуанэм къытепшыну. Хэти къохьэлъэкI щIыпIэщIэм зэрыщрагъэкIынумрэ зэрыщитIысхьэнумрэ, абы икIыжу нэгъуэщI ­лъэ­ныкъуэхэм зэрыкIуэнур. АрщхьэкIэ цIыхур сытми йосэж. АвтовокзалыщIэми есэжынущ. Армырауи хъунукъым: цIыхухэм я тыншыгъуэр къы­зэрагъэпэщын папщIэ вокзалыщIэм екIуа­лIэу ирапхащ къалэ автобус маршрутхэу №№1, 7, 18, 21, 24, 33-хэр. Щхьэзакъуэ автомашинэкIэ «Ищхъэрэм» къакIуэхэм папщIэ къэувыIэпIэ тыншхэр яухуащ.
Автовокзалым щыщIыхьэкIэ пассажирхэр блокI шынагъуэншагъэр къызэгъэпэща зэ­-рыхъу гъущIхэкIыр нахуэ зыщI Iэмэпсымэм. НэгъуэщI Iэмалу маршрутым щыпэплъэ пэш ­хуитышхуэм ущIыхьэфынукъым. Апхуэдэу, гу­­ры­щхъуэ къытумыхьэми хъунущ автобус къэувыIэпIэм хабзэм къемызэгъ Iэмэпсымэ цIыху­хэм зэрытрамыхьэнумкIэ.
Маршрутым щыпэплъэ щIыпIэр къызэгъэпэщащ иджырей мардэм къигъэув тыншыгъуэ­хэмкIэ. ШхапIэр щыIэщ, ауэ сытми зыщыбгъэп­сэхуми хъунущ. Пассажирыр зыхуей-зыхуэфI­-хэр щигъуэтыным псори хуэунэтIащ: анэмрэ сабиймрэ я пэш щхьэхуэ, медицинэ пэшхэр къы­щызэIуахащ. Зи узыншагъэм сэкъат иIэхэм папщIэ вокзалыр къызэгъэпэщащ лифткIэ, пандус щхьэхуэкIэ.
«Ищхъэрэ» автовокзалым къытекIыу транспортыр Дзэлыкъуэ, Прохладнэ, Бахъсэн, Iуащ­хьэмахуэ, Шэджэм районхэм макIуэ - псори зэ­хэту унэтIыныгъэ 42-мкIэ зэбгрокI. Зэуэ абы къы­техьэфынущ автотранспорт 500-м нэблагъэ.
Аруан лъэныкъуэкIэ къикIхэр къыщыувыIэну «Ипщэ» автовокзалри хьэзырщ. АрщхьэкIэ абы къызэрекIуэлIэну, зэрытекIыжыну щIыкIэхэр иджы­ри нэсу зэрамыубзыхуам къыхэкIыу, и къы­зэIухыныр зэкIэ ягъэгувэ.

Тхыгъэри сурэтхэри ЖЫЛАСЭ Замир ейщ.
Поделиться: