Я гъунэгъухэми къыхагъащIэ

Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым 2021 - 2022 гъэхэм щекIуэкI зэхьэзэхуэм и зи чэзу джэгугъуэр екIуэкIащ. Абы хыхьэу Новокубанск и щIыпIэ ­«Биолог-Новокубанск»-м шыщхьэуIум и 18-м иригъэблэгъащ «Спартак-Налшыкыр». Турнир таблицэм епщIанэрэ епщыкIузанэу къыщыкIуэ командэхэм текIуэныгъэ зырыз фIэкIа ямыIэу иджырей зэIущIэм къэсат. 

Джэгум и пэм щегъэжьауэ дэтхэнэ зы лъэныкъуэри щтэIэщтаблэт, щыуагъэ зэрызыIэщIамыгъэкIыным нэхъ хущIэкъурт. ­ЕбгъэрыкIуэныгъэхэр гъуащхьэхъумэныкъуэхэм адэкIэ фIэ­кIы­фыртэкъым, зэманым и нэхъыбэр футболистхэм щагъакIуэр джэгупIэ губгъуэм и курт. 
Бжыгъэр къызэIуахыным гъунэгъу хуэзыщI джэгукIэ къамыгъэлъагъуэурэ зэIущIэм и япэ Iыхьэр и кIэм нэблэгъащ. Хэгъэрейхэм я гъуащхьэтетым къыхитэу ебгъэрыкIуэныгъэр къыщIэзы­-дза «Биолог-Новокубанск»-м и гъуащхьауэхэр къыщагъэувыIэм, ди щIалэхэм топыр угловойм ягъэкIуащ. Абы бгъэдыхьа Селе­меновыр занщIэу топым гъуэм и лъэныкъуэмкIэ еуакъым, атIэ къыпэщытым хуигъэжащ. Иужьрейм къритыжа топым Иван ­гъуэмкIэ иригъэунэтIащ икIи бжыгъэр къызэIуихри и командэр япэ иригъэщащ. Топым къригъэгъэзэну IэмалыфI дыдэ зиIа ­Антиповыр зымащIэкIэ абы лъэIэсакъым - 1:0. 
Загъэпсэхуу къихьэжа нэужь, командэхэм я джэгукIэм зихъуэжакъым - гупхэр хуэмт, ебгъэрыкIуэныгъэ къызэрагъэпэщын Iуэху зэрахуэртэкъым. КIэух бжыгъэр яхъумэфмэ, абы арэзы ­къищI хэгъэрейхэр я лъэныкъуэмкIэ зыщагъэбыдэжауэ ди ­щIалэхэр гъунэгъуу я гъуэм ирагъэкIуалIэртэкъым. 
Джэгур зэрыфIахьыр къызыгурыIуа Мэкъуауэм жыджэрыIуэу джэгун щIидзащ. АрщхьэкIэ зэпэщIэтыныгъэр иухыным да­къикъэ зыбжанэ фэкIа къэмынэжауэ, футбол хабзэр икъукIэ къызэпиуда хъуащ. Хабзэм ебэкъуа Мэкъуауэр судьям джэгум къыхихуащ. «Спартак-Налшыкыр» нэхъ мащIэ зэрыхъуар къагъэсэбэпыну хэгъэрейхэр Iэмал имыхуэурэ зэIущIэр иухащ.
КъыкIэлъыкIуэ джэгугъуэр «Спартак-Налшыкым» шыщхьэуIум и 29-м иригъэкIуэкIынущ. Ди щIалэхэм кърагъэблэгъэнущ ­Мэхъэчкъалэ и «Динамо»-р.

ЖЫЛАСЭ Замир.
Поделиться: