Гулъытэ зыхуащIыну Iуэхухэр

КъБР-м и Правительствэм

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек дыгъуасэ иригъэкIуэкIа зэIущIэм хэтащ УФ-м Лэжьыгъэмрэ цIыхухэр социальнэу хъумэнымкIэ и министр Топилин Максим, лэжьыгъэмрэ цIыхухэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэщынымкIэ федеральнэ IэнатIэм и унафэщI Вуколов Всеволод, УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэм и къуэдзэ Бабушкин Игорь, федеральнэ IуэхущIапIэ зэхуэмыдэхэм, Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм къикIахэр.

ЗэIущIэр теухуауэ щытащ «Демография» лъэпкъ проектым къыщыгъэлъэгъуахэр зэрагъэзэщIэну Iэмалхэмрэ «КИФЩI-м хыхьэ щIыналъэхэм щыпсэухэм 2024 гъэ пщIондэ я хэхъуэхэр егъэфIэкIуэным, хуэмыщIахэр нэхъ мащIэ щIыным тещIыхьауэ социально-экономикэ зыужьыныгъэр зэгъэхъулIэн» Iуэхумрэ зэрелэжьынум.
ЗэIущIэр къыщызэIуихым, КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ къаIэта Iуэхухэм иужьрей илъэсхэм мыхьэнэшхуэ зэраIэр Къэбэрдей-Балъкъэрми Кавказ Ищхъэрэм и адрей щIыналъэхэми я дежкIэ.
- Къыхэгъэщыпхъэщ УФ-м и Президентым и накъыгъэ унафэхэм тегъэщIапIэ зэрищIар социальнэ мыхьэнэ зиIэ Iуэхухэр къэралым щызэфIэдгъэкIыныр. Мы зэманым ирихьэлIэу дгъэхьэзыращ лъэпкъ проектым хыхьэ Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр икIи республикэ бюджетым къыщытлъытащ ахэр ягъэзэщIэным текIуэдэнум щIыналъэм хилъхьэну мылъкур, - жиIащ КIуэкIуэм. - ЗэрыхуэдгъэфащэмкIэ, «Демография» лъэпкъ проектым къыщыгъэлъэгъуахэр гъэзэщIэным сом мелард 23-рэ текIуэдэнущ. Шэч хэмылъу, ди къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ 2024 гъэ пщIондэ ди цIыхухэм я хэхъуэхэр едгъэфIэкIуэныр, хуэмыщIахэр нэхъ мащIэ тщIыныр.
КIуэкIуэ Казбек УФ-м лэжьыгъэмрэ цIыхухэр социальнэу хъумэнымкIэ и министрым фIыщIэ хуищIащ, лъэпкъ проектхэр щагъэзэщIэну щIыналъэхэм республикэр хэхуэнымкIэ щIэгъэкъуэн къазэрыхуэхъуам папщIэ. «Фыкъыдогъэгугъэ, мы Iуэхум ехьэлIауэ ди зэфIэкI къихь къэдмыгъэнэну. Псом хуэмыдэу гулъытэ хуэтщIын хуейщ цIыхухэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэщынымрэ я улахуэр хэгъэхъуэнымрэ. Абы и лъэныкъуэкIэ IэнатIэщIэхэр къызэIутхын хуейщ. Апхуэдэуи долэжь республикэм и экономикэм зыхузэфIэкIхэм я мылъку къыхедгъэлъхьэным. Си фIэщ мэхъу, ди къару зэхэлъу цIыхухэм я псэукIэр нэхъыфI хъуныр зэрызэдгъэхъулIэфынур», - дыщIигъуащ КIуэкIуэм.
Топилин Максим тепсэлъыхьащ «Демография» лъэпкъ проектым и мыхьэнэмрэ абы хыхьэу ягъэзэщIэну къапэщылъ лэжьыгъэмрэ. Министрыр щхьэхуэ-щхьэхуэу къытеувыIащ проектым и унэтIыныгъитхуми. Япэр хуэгъэзащ сабий къыщалъхукIэ унагъуэхэм ахъшэкIэ зэрызыщIагъакъуэм, етIуанэр теухуащ нэхъыжьхэм зэрадэIэпыкъунум («Старшее поколение» фIэщыгъэр иIэщ), ещанэр - цIыхухэм гъащIэ узыншэ ирахьэкIыным дезыгъэхьэх лэжьыгъэ убзыхуным, еплIанэр - цIыхухэм я Iэпкълъэпкъыр япсыхьыным гулъытэ хуащIынращ, етхуанэ Iэмалым къызэригъэпэщын хуейщ сабий зыпI цIыхубзхэр лэжьэфыныр. Министрым къыхигъэщащ иужьрей илъэситIыр къапщтэмэ, сабий къалъхум я бжыгъэр нэхъ мащIэ хъууэ зэрыхуежьами гулъытэ хуэщIын зэрыхуейр.

БАГЪЭТЫР Луизэ
Поделиться: