Спартакиадэм къыщыхожаныкI

Дзюдо

Армавир дэт Дзюдомрэ самбэмрэ щыхуагъэхьэзыр олимп центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысей щIалэгъуалэм я V гъэмахуэ Спартакиадэр. Абы хэтащ ди къэралым и щIыналъэ 12-м къикIа зи ныбжьыр илъэс 21-м нэблагъэ спортсмени 125-рэ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Кабуловэ Миланэ зэпеуэ гуащIэм къыщыхэжаныкIащ. Зи хьэлъагъыр килограмм 78-м нэблагъэхэм я зэхьэзэхуэм и финал ныкъуэ зэIущIэращ ар къыщыхигъэщIэфар. Ди лъахэгъум къефIэкIар иужькIэ зэпеуэм щытекIуа Свердловск щыщ Речкаловэ Дарьещ. Финал цIыкIум Кабуловэм щытридзаащ Адыгейм щыщ Мыгуэ Миланэ икIи домбеякъ медалыр зыIэригъэхьащ.

 

МЭЗКУУ Къан.
Поделиться: