ЛIэщIыгъуэ ныкъуэм щIигъуауэ цIыхухэр егъэхъуж

Медицинэ

И къуэ нэхъыщIэ Назир лIыгъэ хэлъу Хэкум папщIэ и псэр зэритам теухуауэ къыIэрыхьа хъыбарым мазитI-щы ипэкIэ пIэм хиIулIащ Каменномост (Къармэхьэблэ) къуажэм щыпсэу Тембот Мэрем. Иджы и къуэ нэхъыжь Мухьэмэди зэрыхэкIуэдамкIэ 1943 гъэм «похоронкэ» къыIэрыхьащ. ПIэхэнэ хъуа лIыжьым дуней псор къытеункIыфIащ - абы иIэжкъым и кхъаблэм щIэувэну зыщыгугъа и къуитIыр.
Мэрем лIыжьыр махуэ зыбжанэкIэ гуауэм ебэнащ. АрщхьэкIэ адэкIэ псэун хуейт. Ар лъэIуащ къуажэм пщIэшхуэ щызиIэ Мырзэкъан Нур-Хьэжыр къыхуашэну.
- Си дуней ехыжыгъуэр къэсащ, Нур-Хьэжы, - къригъэжьащ абы. - Ар къэмыс щIыкIэ, мы зы Iуэхугъуэр згъэтэмэмыжыну сыхуейт. Си къуэрылъху цIыкIур Псыхуабэ къыщалъхуати, ди нысэр зэфIэзыгъэкIа акушер цIыхубзым «Ермак» цIэр къыщыфIищым дыпэрыуакъым. Иджы си къуитIри щызимыIэжкIэ, абы и адэм и цIэр фIэсщыжмэ, адыгэ хабзэмрэ муслъымэн динымрэ къысхуадэну?
- А Iуэхугъуэм хабзэми динми къемызэгъ хэлъкъым, - къитыжащ жэуап Нур-Хьэжы. - Уи псэм зэрыфIэфIым хуэдэу щIы.
Апхуэдэ щIыкIэкIэ илъэсиплIкIэ «Ермак» цIэр зезыхьа Темботхэ я щIалэ цIыкIур Мухьэмэд и къуэ Мухьэмэд хъуащ, дэфтэрхэри абы тету ирагъэхъуэжащ. Мазэ бжыгъэ нэхъ дэмыкIыу зи гур мащIэу зэгъэжа адэшхуэри дунейм ехыжащ.
ТекIуэныгъэ Иныр къызэрахьар 1945 гъэм зэрыкъэралу ягъэлъапIэрт. Хэт и дежкIи ар гуфIэгъуэт, хэти я хьэдагъэт я Iыхьлыхэм къызэрамыгъэзэжам къыхэкIыу. Мэржани Алыхьым къыхуигъэфэщамкIэ арэзы хъуауэ и къуэ закъуэр зыри хуимыгъэныкъуэу зэрипIыным и бгыр хущIикъузат...
Зы жэщ гуэрым бжэм и къызэIух макъым фызыр къызэщигъэуащ. Къыдэплъеймэ, ягъеижа, сэдэкъэ зыхуащIыжа и щхьэгъусэр сэлэт фащэр щыгъыу и пащхьэм къитт, орденрэ медалкIэ и бгъэр зэщIэблауэ. Ар пщIыхьэпIэу япэ дакъикъэхэм къыщыхъуами, зэрынахуапIэм напIэзыпIэм къызэщIиIэтат - илI Тембот Мухьэмэд гуфIэжу и пащхьэм къитт. Фронтым уIэгъэ хьэлъэ щыхъури, госпиталым мазэ куэдкIэ щIэлъат. Къыдэзэуахэм ар хэкIуэдауэ къащыхъури, «похоронкэр» кърагъэхьауэ арат. Апхуэдэ куэд щыIагъэнщ зауэм и гуащIэгъуэ 1943 гъэм.
И адэр къызэрыкIуэжам псом нэхърэ нэхъ щыгуфIыкIыр, дауи, илъэсих ныбжьым ихьа Мухьэмэд цIыкIут. Абы и цIэр аргуэру яхъуэжынуи ягу къэкIыххакъым - адэшхуэм и фIэфIыныгъэм и фэеплъу къыхуэнащ. Куэд дэмыкIыу и шыпхъу цIыкIуи дунейм къытехьащ.
Псалъэм къыдэкIуэу къыхэдгъэщынщи, Мухьэмэд къэзылъхуахэр пщIэрэ щIыхьрэ зиIэ цIыхут. И адэр лIыхъужьу зауэм хэтащ икIи абы къыпэкIуэу орденрэ медалу пщыкIутI къыхуагъэфэщащ. И анэр япэщIыкIэ егъэджакIуэу я къуажэм щылэжьащ, иужькIэ шхапIэм и унафэщIу щытащ. И гуащIэдэкI хьэлэлым къыхэкIыу абы къыфIащащ «Урысей Федерацэм сатумкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр, ЩIыхьым и орденыр къыхуагъэфэщащ, ВДНХ-м и дыщэ медалыр тIэунейрэ къратащ.
Тембот Мухьэмэд и къуэ Мухьэмэд къуажэ школыр фIы дыдэу къиухри, Дон Iус Ростов къалэм дэт Медицинэ къэрал университетым щIэтIысхьащ. Абыи нэхъыфIхэм ящыщ зыуэ щыщытащ. Дохутыр IэщIагъэр зэригъэгъуэта иужькIэ Каменномост къуажэм дэт район сымаджэщым лэжьэн щригъэжьащ. ЗанщIэуи дохутыр нэхъыщхьэм и къалэнхэр пщэрылъ щащIащ.
IэщIагъэлI щIалэр и гуи и пси етауэ Iуэхум пэрыхьащ. КъыгурыIуэрт сымаджэхэр езымрэ къыдэлажьэхэмрэ я дэIэпыкъуэгъу зэрыхуэныкъуэр. Апхуэдэу щыт пэтми, IэщIагъэм нэхъ куужу хищIыкIын хуейти, илъэсиплI нэхъ дэмыкIыу щеджа университетым и ординатурэм игъэзэжащ. Ари щытхъу пылъу кърихьэлIэри, зыпэрыкIа IэнатIэм 1970 гъэм пэрыувэжащ.
Зыпэрыт IэнатIэм фIыуэ хэзыщIыкI, абы псэхьэлэлу бгъэдэт цIыхухэр сыт щыгъуи зэпэубыдащ. Апхуэдэщ Тембот Мухьэмэди. 1975 гъэм ар Налшык къыдрашеящ икIи Вольнэ Аул (Брамтэ) щIыпIэм щыIэ поликлиникэ №2-м и дохутыр нэхъыщхьэу ягъэуващ. АрщхьэкIэ мазэ нэхъыбэ абы щагъэлэжьакъым. Къалэм и медицинэ IэнатIэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиIэхэм ящыщ поликлиникэ №1-м и унафэщI къулыкъур къыхуагъэфэщащ. ПщIэрэ щытхъурэ иIэу ар абы пэрытащ 2001 гъэм пенсэм кIуэху.
Мухьэмэд и шыпхъу Марии республикэм щыцIэрыIуэ дохутырщ. Илъэс зыбжанэкIэ ар Налшык и Перинатальнэ центрым и унафэщIу щытащ. Абы и нэIэ щIэту дунейм къытехьащ лъэпкъым и къэкIуэнур зэлъыта щIэблэ узыншэ зыбжанэ. Марие Къэбэрдей-Балъкъэрым узыншагъэр хъумэнымкIэ и министрым и къуэдзэу илъэсипщIкIэ лэжьащ, ди республикэмрэ Ингушымрэ щIыхь зиIэ я дохутырщ, нэгъуэщI дамыгъэ лъапIэ зыбжани иIэщ.
Къэзлэжьари куэдщ, иджы мащIэу зызгъэпсэхунщ жиIа щхьэкIэ, Iуэхум зыри къикIакъым. Щалъхуа, и лэжьыгъэ IэнатIэм япэу щыпэрыува Каменномост къуажэм къикIри лIыжь гуп къыхуэкIуащ. Ахэр лъаIуэрт я жылэжьым дэт район сымаджэщым игъэзэжыну. ПщIэрэ щхьэрэ зиIэ гупыр Мухьэмэд хуэгъэщIэхъуакъым.
КъатитIу зэтет Дзэлыкъуэ район сымаджэщым гъуэлъыпIэ 75-рэ щыгъэуват. Зи узыншагъэр къэтIэсхъа дэтхэнэ зыми абы дэIэпыкъуэгъу нэс щигъуэтырт, операцэ хьэлъэхэри щащIыфырт. АрщхьэкIэ илъэс зытIущ ипэкIэ ди республикэм и медицинэм щекIуэкIа зэхъуэкIыныгъэхэм и зэран екIащ Каменномост дэт район сымаджэщым - ар Дзэлыкъуэкъуажэ ягъэIэпхъуащ икIи жылэм амбулаторэ къыданауэ аращ, махуэм щеIэзэ фIэкIа мыхъуу. Абы щыгъуэми Каменномост уикIыу Дзэлыкъуэкъуажэ нэс километр щэ ныкъуэ дэлъщ, Чыщбалъкърэ Хьэбэзрэ я сымаджэхэм нэхъ гъуэгуанэ кIыхьыж зэпач.
Апхуэдэу щыт пэтми, Тембот Мухьэмэд зи унафэщIу щыта, иджы хирургыу здэщыIэ амбулаторэм район сымаджэщым къыщIэнахэр зэрихъумэным яужь итщ. Къапщтэмэ, мыбы дохутыр 14 иджыпсту щолажьэ, терапевт, педиатр, акушер, хирург, рентгенолог, УЗИ зыщIхэр яхэту.
Сымаджэхэм, Iыхьлыхэм, благъэхэм я закъуэкъым Мухьэмэд зыхуэгумащIэр, дэIэпыкъуэгъу зыхуэхъур. Амбулаторэми, еджапIэми, нэгъуэщI щIыпIэхэми щыIэ хьэ хьэулейхэм игу щIогъури, зы махуэ къэмынэу шхын яхуешэ. Модрейхэми ар къызэралъагъуу, я кIапэр ягъэкIэрахъуэу, къыпожажьэ.
- Куэд щIакъым ди унэр зэрахъунщIэрэ, - жеIэ Мухьэмэд. - ИгъащIэ лъандэрэ зыхуэтхьэса мылъкум хэпщIыкIыу хагъэщIащ. Ауэ абы нэхърэ куэдкIэ нэхъ сигу къеуащ, щэхуу дыгъуэфын папщIэ щIэпхъаджащIэхэм унэм дэлъ хьэр зэрагъэлIар. Зи бзэр мыпсалъэ псэущхьэ хейм апхуэдэ лей епх хъурэ?
Лейзехьэхэр, щIэпхъаджащIэхэр щымыIамэ, адрейхэм я фIагъым хуэфэщэн пщIэ хуэдмыщIыфынкIи хъунт.
Илъэс куэд щIауэ Тембот Мухьэмэд «Адыгэ псалъэм» и ныбжьэгъу пэжщ. Лъэпкъ газетыр щхьэусыгъуэ гуэркIэ къыщыхуамыхьа махуэр абы кIуэдауэ ебж. ФIэхьэлэмэтщ зыпэрыт IэнатIэм, адыгэ тхыдэм, хамэ щIыпIэхэм щыпсэу ди къуэшхэм, щэнхабзэм ехьэлIауэ къытеддзэ тхыгъэхэр икIи ахэр гупсэхуу щIеджыкI.
ЦIыхум и узыншагъэр хъумэным и гъащIэр триухуащ Тембот Мухьэмэд. Мазаем и 6-м абы и ныбжьыр илъэс 81-рэ ирокъу. А лъэхъэнэм щыщу лIэщIыгъуэ ныкъуэм щIигъуауэ дохутыр IэщIагъэм иролажьэ. Иджыри и IэнатIэм пэрытщ, жэщи махуи къыхуэныкъуэхэм къагъуэту, сэбэп яхуэхъуу. Езыми хуэфэщэн пщIэ къэралми цIыхуми я деж щигъуэтащ. Псом хуэмыдэу ар ирогушхуэ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхубэ дохутыр» цIэр къызэрыфIащам.
- Ди республикэм зэрыхьзэрий ин къыщыхъуа 1991 гъэм и бжьыхьэм КъБССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым къыщыдатыжауэ щытащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхубэ дохутыр» цIэ лъапIэр къызэрытфIащамкIэ тхылъымрэ бгъэхэIумрэ. Хьэлэмэтращи, апхуэдэ пщIэ зыхуащIауэ республикэм цIыхуиплI дису аращ - Мечукаев Азрэт, ХьэцIыкIу Борис, Прохладнэ щыщ зи цIэр сIэщIэгъупщыкIыжа зы урыс дохутыр, сэ. ИужькIэ а щIыхьыцIэр Iуахыжауэ щытащ.
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхубэ дохутыр» цIэ лъапIэм къищынэмыщIауэ, Тембот Мухьэмэд «За трудовую доблесть» медалыр иIэщ, СССР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и отличникщ, министерствэ, ведомствэ зыбжанэм я щытхъу, щIыхь тхылъхэр и куэдщ.

Жыласэ Заурбэч.
Поделиться: