Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал дамыгъэхэр
етыным и IуэхукIэ

Ухуэныгъэ IэнатIэм зегъэужьыным хуа­щIа хэлъхьэныгъэмрэ илъэс куэд хъуауэ хьэлэлу зэрылажьэмрэ папщIэ
цIэ лъапIэхэр яфIэщын:

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIыхь зиIэ и архитектор»

Бжьахъуэ Музариб Исмэхьил и къуэм - «Бэрбэч Хь. М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университет» щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрат федеральнэ къэрал ­бюджет IуэхущIапIэм Архитек­турэмкIэ, ухуэныгъэмрэ дизайнымкIэ и институтым архитектурэ проектхэр щIы­нымкIэ, дизайнымрэ декоративно-­прикладной гъуазджэмкIэ и кафедрэм и доцентым,

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIыхь зиIэ и ухуакIуэ»

Азубэч МуIэед ТIалиб и къуэм - Iуащ­хьэмахуэ муниципальнэ щIыналъэм и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и ­къуэдзэм
КIэщт Валерий Алихъан и къуэм - зи жэуаплыныгъэр зэхэгъэщхьэху-          кIа «ВАК» зэгухьэныгъэм и уна­фэ­щIым
Къуэдзокъуэ Заур СулътIан и къуэм - зи жэуаплыныгъэр зэхэгъэщхьэхукIа ­«Ст­рой­-К» зэгухьэныгъэм и генеральнэ директорым
Магарамов Абдулнасир Низам и                        къуэм - зи жэуаплыныгъэр зэхэгъэщ-хьэхукIа «Прохладнэ чырбыш завод»                    зэгухьэныгъэм и инженер нэхъыщ-                   хьэм.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
и Iэтащхьэ             КIУЭКIУЭ Казбек

Налшык къалэ
2021 гъэм шыщхьэуIум и 5-м
№91-УГ

Поделиться: