Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси I00 ирокъу» фэеплъ медалыр къыдэгъэкIыным теухуауэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр къызэрызэрагъэ­пэщрэ илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ унафэ сощI:
1. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр къызэрызэрагъэ­пэщрэ илъэси 100 ирокъу» фэеплъ медалыр гъэувын (адэкIэ - фэеплъ медалщ)
2. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм къалэн щызощI:
Фэеплъ медалым теухуа положенэр гъэхьэзырауэ ар ­къэщтэным, фэеплъ медалым и теплъэр зыхуэдэнур убзыхуным, фэеплъ медалыр щраткIэ абы щIыгъуну тхылъым и щапхъэр къэщтэным ехьэлIа лэжьыгъэхэр къызэригъэпэщыну;
фэеплъ медалыр къыдэгъэкIыным теухуа Iуэхухэм те­кIуэдэну мылъкур Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и республикэ бюджетым къыхигъэкIыну.
3. Мы Указым къару егъуэт ар официальнэу къыщытрадза махуэм щегъэжьауэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
и Iэтащхьэ                                                       КIУЭКIУЭ Казбек

Налшык къалэ
2021 гъэм шыщхьэуIум и 4-м
№90-УГ

Поделиться: