Къэбэрдей-Балъкъэрым и махуэщIым ирихьэлIэу фэеплъ дамыгъэ къызэрагъэпэщынущ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм интернетым щиIэ и напэкIуэцIым кърагъэуващ Iэ зыщIидза «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу фэеплъэ дамыгъэ къызэгъэпэщыным и IуэхукIэ» унафэр.
Унафэм ипкъ иткIэ, КъБР-м и Правительствэм фэеплъ дамыгъэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэр пIалъэ кIэщIым къызэригъэпэщын хуейщ. Апхуэдэу Правительствэм и пщэ дэлъщ фэеплъ дамыгъэм теухуа хабзэр зэхилъхьэн, и теплъэр иубзыхун, тетыну сурэтым и еIуэлIапхъэмрэ щыхьэт тхылъымрэ зэхигъэувэн.
Фэеплъ дамыгъэм и гъэхьэзырыным пыщIа Iуэхухэм текIуэдэну мылъкур КъБР-м и бюджетым къыхэкIынущ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр къызэрыунэхурэ илъэсищэ зэрырикъур щагъэлъэпIэнур 2022 гъэрщ.

 

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:42 ГъэпцIакIуэр яубыдащ
19.04.2024 - 16:40 Налог щIыхуэшхуэ
19.04.2024 - 16:36 Зыкъамыту хэкIуэдащ
19.04.2024 - 16:26 Щыуагъэм щахъумэу