Сыту пIэрэ къикIыр?

      Буший. Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм хиубыдэ Щхьэгуащэ щхьэдэхыпIэм зи къуэпсхэр къыщежьэ Шахэ бгыщхьэхэмкIэ къыщыхэлъадэ и псы бгъунж цIыкIухэм ящыщ зым апхуэдэу йоджэ. Километри 8 хуэдиз и кIыхьагъщ. И къуэладжэр псыкъелъэ цIыкIухэмрэ жьанэ IузэвхэмкIэ къулейщ.
ФIЭЩЫГЪЭР къызытехъукIар къэтлъыхъуэн мурадыр диIэу, къызэгуэтха тхылъхэмрэ Интернетым дызыщыхэплъа тхыгъэхэмрэ къыщыдгъуэта мащIэм я гугъу тщIынщ.
Абхъаз-абазэ бзэхэр зыджхэм «Буший» псалъэр щызэпкърахкIэ, «Бу» пычыгъуэм халъагъуэр абазэми убыхми я деж щызекIуэу щыта Буа//Буаа лIакъуэцIэм зэреджэрщ. Абыхэм зэрытрагъэчыныхьымкIэ, «Буший» - м и «ши», «ший» Iыхьэр абазэ-убыхыбзэхэм хэт «шIуы» псалъэм, «зэщIэщтыхьа», «щIыIэ» мыхьэнэхэр къызэрыкIым, хуэхьыпхъэщ. Ауэ щыхъукIи, щIыпIэцIэм зэрыщыту дызэрегупсыс хъунур, «Буа//Буаа лIакъуэм я псыхъуэ щIыIэ» мыхьэнэм хуэдгъакIуэущ.
Мыдрейуэ. Дэ дызэреплъымкIэ, псы бгъунж цIыкIум зэреджэр адыгэбзэкIэ къыдгурызыгъэIуэну хущIэкъухэм «бужы» («бужы» - жыг лIэужьыгъуэщ) псалъэпкъыр къагъэсэбэпынри хэлъщ. АрщхьэкIэ, тхыдэ мыжыжьэм къызэрыхэщыжымкIэ, мы щIыпIэм щыпсэуахэм я нэхъыбапIэр убыхрэ абазэбзэм ирипсалъэ цIыхухэр арауэ щыщытакIэ, къыдолъытэ ищхьэкIэ къыщыдгъэлъэгъуа Iуэху еплъыкIэр мы фIэщыгъэм нэхъ хуэхьыпхъэу.

 

БЭРАУ Бышэ.
Поделиться: