Испан усакIуэр адыгэбзэкIэ мэпсалъэ

Усыгъэ зыфIэфI зы цIыхуи дунейм тету къыщIэкIынкъым хейуэ фашист зэрыпхъуакIуэхэм яIэщIэкIуэда испан усакIуэ Гарсиа Лоркэ Федерикэ и цIэр зэхимыхауэ. Адыгейми Къэбэрдей-Балъкъэрми щагъэувауэ щытащ адыгэбзэм кърагъэзэгъа испан усакIуэм и пьесэхэр. Нэхъ пасэуи Гарсиа Лоркэ и усыгъэр ди бзэмкIэ къэзыгъэпсэлъауэ КъШР-м щыщ усакIуэ Бемырзэ Зураб а лэжьыгъэм къыхигъэхъуащ.

Дэтхэнэ лъэпкъыбзэми и кIадэ гъэтIылъыпIэу къэплъытэ хъунущ хамэбзэм къикIа тхыгъэхэмрэ усэхэмрэ. Апхуэдэ щIыкIэу усэхэр зы дунейм ибгъэIэпхъукIыу адрейм гъащIэщIэ щептым ещхьщ. Абы усакIуэмрэ тхылъеджэмрэ я зэхэщIыкIми, цIыхубэм яIурылъ бзэми, литературэми зрегъэужь. Зы усакIуи дунейм тет къыщIэкIынкъым дунейпсо литературэм пщIэ щызиIэ тхыгъэ цIэрыIуэхэр и анэдэлъхубзэм хуигъэкIуэным щIэмыхъуэпсу.

Бемырзэ Зураб нэхъ пасэуи зэридзэкIауэ щытащ Гарсиа Лоркэ и усэхэм щыщ. Иужьрей махуэ зыбжанэм адыгэ усакIуэм адыгэбзэм къригъэзэгъахэр Лоркэ и усыгъэм щыгъуазэхэм я дежкIэ къэцIыхужыгъуафIэщ. ФщIэжкъэ «Гитарэм гъын щIедзэ…» жыхуиIэ испан уэрэдым ещхьу зырылъэлъ сатырхэр? Зураб «гитара» псалъэм и пIэ иригъэувэн адыгэбзэм зэрыхимыгъуатэр и гум къыхуидэ къыщIэкIынтэкъыми («шыкIэпшынэр», дауи, «гитарэкъым») ар «бзэпсныбэкIэ» ихъуэжащ.

И псэ закъуэр итын имыдэу,

Зегъеиж блэр зэуа бзу цIыкIум.

Ей, бзэпсныбэ, къамитхум уаубзытэ

Щхьэщылъадэурэ уи щхьэщыгум.

 ПсалъэщIэр бзэм хэзэгъэн-хэмызэгъэныр къэзыгъэлъагъуэр зэманырщ. Ауэ Бемырзэм и зэдзэкIыгъэм ар «къыхэпIиикIыу» щыткъым. Урысыбзэм нэхъ щызэбгрыкIа мы усэр испаныбзэм къизыхауэ щытар Цветаевэ Маринэт. Адыгэ тэрмэшыбзэри абы къыкIэрымыхуу къыдолъытэ.

«Мелагенья» усэм къыкIэлъыкIуащ «Къэзыгъэзэжыр». Дэтхэнэ лэжьыгъэри кIуэ пэтми нэхъ зэрефIакIуэм и щыхьэту, иужьрейр псом хуэмыдэу къехъулIащ Бемырзэм:

Си лъагъуныгъэр е мы уафэр

Къэсэхыжамэ, къэпцIыхунут

Къудамэхэм уи Iупэ IэфIхэр

ЗэрыкъуэбгъэпщкIухьынур.

Зураб и усэхэри и зэдзэкIыгъэхэри «Адыгэбзэм и къару» (adygabza.ru) сайтым къыщывгъуэтынущ.

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также:

25.03.2024 - 15:30 Си жэнэт
21.03.2024 - 11:30 Ахъмэт и фо изщ