Сакъыну къыхураджэГу зылъытапхъэ Бадзэуэгъуэм и 26-м щыщI эдзауэ шыщхьэуIум и 5 пщI ондэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкIынущ «Юный пешеход» Iуэхур. Ар теухуащ сабий-лъэсырыкIуэхэр хэту гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм щыхъумэным. Республикэм и Къэрал автоинспекцэм къипщытэнущ Iуэхухэр сабий-лъэсырыкIуэхэм, апхуэдэуи рулым дэсхэм лъэс зэпрыкIыпIэхэм деж хабзэр щагъэзащIэ-щамыгъэзащIэр. КъищынэмыщI ауэ, автоинспекторхэр, волонтерхэмрэ инспектор ныбжьыщI эхэмрэ я гъусэу, яхуэзэнущ сабий лагерхэм, школкIуэгъуэ зи ныбжь нэмысахэр зэкIуалIэ IуэхущIапIэхэм щыIэхэм, цIыху куэд щызэхуэс щIыпIэхэм адэ-анэхэм щепсэлъэнущ, сабийхэр гъуэгум зэрыщызекIуэ хабзэм теухуауэ щапхъэ зэрагъэлъагъуэм гулъытэ хуащIу. ПщI зыхуэтщIхэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэмрэ хьэщIэхэмрэ! Зыщывмыгъэгъупщэ: сабийхэм я шынагъуэншагъэр псом япэу къызэзыгъэпэщыфынур балигъхэрщ.
Поделиться:
Читать также:
24.04.2024 - 17:30 →
Нобель и саугъэтыр зыхуагъэфэща академикхэр
24.04.2024 - 16:32 →
Метр зэбгъузэнатIэ мелуанитIрэ ныкъуэрэ
24.04.2024 - 14:28 →
«Дунейр къызэхэкIухьи, уи унэжь екIуэлIэж»
24.04.2024 - 14:27 →
ЩIыналъэм зиужь зэпытщ
23.04.2024 - 19:01 →
ГъуэгуфIхэр нэхъыбэ мэхъу
|