Мэзхэр ягъэбэгъуэж

     2021 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщрагъэужьыжащ щIы гектари 100-м щIигъу къызэщIэзубыдэ мэзым. Абы жыгыщIэу щагъэтIысар мин 421,1-рэ мэхъу.
    КъБР-м ЩIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэм къызэритымкIэ, «ЩIыуэпс» лъэпкъ Iуэхум хыхьэу щIыналъэм щагъэзащIэ «Мэзхэр хъумэн» проектым ипкъ иткIэ, федеральнэ бюджетым къыхэкIыу 202I гъэм республикэм къыхуагъэкIуащ сом мелуан 435-рэ мин 773-рэ,.
      - Мэзым щагъэкI жыг лIэужьыгъуэхэр щыдгъэтIысащ щIы гектари I02-м. КъищынэмыщIауэ, жыг лIэужьыгъуэхэр щыдгъэбэгъуащ щIы гектар 50-м, мэзхэр къэгъэщIэрэщIэжыным ехьэлIа Iуэхугъуэхэр щызэфIэдгъэкIащ щIы гектар 46-м, - щатх министерствэм и сайтым.
    ЖыгыщIэ ягъэтIысахэр зыгъэкIар КъБР-м ЩIыуэпсыр хъумэнымрэ экологиемкIэ и министерствэм и нэIэм щIэт «Къэббалъкъмэзопитомник» IуэхущIапIэрщ. Абы къигъэсэбэпар мэз къэкIыгъэхэм я жылэ зэлэжьахэрщ. IуэхущIапIэм республикэм къыщызэрегъэпэщ мэзхэр егъэфIэкIуэжыным ехьэлIа лэжьыгъэ псори.

 

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: