Iэпхъуэшапхъуэр пасэми щыIащ

        Археологие

Лэжьыгъэ IуэхукIэ Iэпхъуэшэпхъуэныр пасэ зэманхэми щыIащ. АбыкIэ щыхьэтщ археологие щIэныгъэм ирилажьэхэри. Италием и къалащхьэм дэт кхъэлъахэжь зыбжанэу I-III лIэщIыгъуэхэм къагъэунэхуахэм щIытI лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIым, щIэныгъэлIхэм хьэдэ къупщхьэу I05-рэ къыщагъуэтэжащ. Археологхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, абыхэм ящыщу 8-р зейуэ щытар нэгъуэщI хэгъэгухэм къиIэпхъукIахэрщ.     
ЦIыхубзым ейуэ хьэдэ къупщхьэхэм яхэлъар зы закъуэщ. А Iуэхугъуэрщ псом япэу щIэныгъэлIхэр езыгъэгупсысар, хьэдэ къупщхьэхэр зейуэ щытахэр лэжьыгъэ IуэхукIэ мы щIыпIэм къихьауэ зэрыщытам.
«Мы гупым щыщу языныкъуэхэр Альп бгыхэм къыщхьэдэхащ, адрейхэр Африкэ Ищхъэрэм къиIэпхъукIащ, - жаIащ абыхэм. – Ахэр къуршылъэ щIыпIэхэм зэрыщыпсэуар я къупщхьэхэмкIи зэхэдгъэкIащ, я дзэхэмкIи къритщIащ».
 Шэч къыщIытепхьэжыни щымыIэу, Урым къэралыгъуэжьым и курыхыу щыта Италие хытIыгуныкъуэм, адрей къэзыухъуреихь хэкухэм елъытауэ, а лъэхъэнэм куэдкIэ нэхъ псынщIэу зиужьырт. Абы къыхэкIкIи, а щIыпIэр лэжьакIуэхэми нэхъ хуэныкъуэт... Арагъэнущ, нэгъуэщI хэгъэгухэм къикIа цIыхухэр лэжьыгъэ IуэхукIэ империем къакIуэу щIыщытар.       

 

 

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться: