Адыгэ ныбжьыщIэхэр зэхашэ

Гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэ

Зи хэку къэзыгъэзэжа адыгэхэм я махуэм ирихьэлIэу Налшык дэт «Трэк» шхапIэм    щагъэхьэщIащ Зи хэкум къэзыгъэзэжа адыгэхэмрэ  гъэмахуэ  зыгъэпсэхупIэм   щыIэну ныбжьыщIэ цIыкIухэмрэ.  Гъэ къэс ДАХ-м  хамэ къэрал  щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я щIэблэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгей республикэхэм  ящыщ  ныбжыщIэхэмрэ зэхуашэсурэ  гуимыхужу зрагъэгъэпсэху. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, иужьрей  илъэсхэм къежьа уз зэрыцIалэм  (Сovid  V 19)   и зэранкIэ  ар  къайхъулIэркъым.  Мы гъэм Iуэхум бгъэдыхьэкIэщIэ къыхуагъуэтащ:  сабий зыгъэпсэхупIэм  щызэхуашэс хэкум щыпсэу адыгэ ныбжьыщIэхэмрэ   къэIэпхъуэжа ди лъэпкъэгъухэм я  щIэблэмрэ.

НыбжьыщIэ 30-м тхьэмахуищкIэ «Вершина» санаторэм зыщрагъэгъэпсэхунущ. Къыхэгъэщыпхъэщ  а цIыкIухэр зыгъэпсэхупIэм щызэрыцIыхум и мызакъуэу,  программэ гъэщIэгъуэн къазэрыпэплъэр.  Санаторэм зэрыщыIэну пIалъэм ныбжьыщIэхэм адыгэбзэмрэ урысыбзэмкIэ дерсхэр драгъэкIуэкIынущ, Налшык дэт щэнхабзэ IуэхущIапIэхэм яшэнущ,  ди щIыналъэм и щIыпIэ  дахэхэм зыщрагъэплъыхьынущ, зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ  я зэфIэкI ягъэунэхунущ,  нэгузыужь пшыхьхэр  хуащIынущ.

Сабий зыгъэпсэхупIэр къыщызэIуах пшыхьым   щIэблэщIэм псалъэ  гуапэкIэ  зыщыхуагъэзащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Ад­ми­нист­рацэм ЩIыналъэ политикэмкIэ и управленэм и унафэщI Къуэжей Артём,  «Адыгэ Хасэ-Шэрджэс Парламент» (КъШР)  зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Аслъэн Алий, ДАХ-м и тхьэмадэм и япэ къуэдзэ Бырсейкъуэ Арфан, Мэздэгу адыгэхэм я  Хасэ тхьэмадэ Факъуэ Руслан,  Ставрополь Хасэм и тхьэмадэ Шыбзыхъуэ Юрий, хэкум къэзыгъэзэжа нэхъыжьыфIхэм. ЗэIущIэр къызэIуихри иригъэкIуэкIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий

- Хэкум къэзыгъэзэжа адыгэхэм я махуэр   лъапIэщ ди дежкIи къэзыгъэзэжахэм я дежкIи.  Дуней  псом дыщикъухьами,  нобэкIэ дызэрыщIэну, дызэрыгъуэтыну Iэмал гъуэзэджэхэр диIэ хъуащи, ари фIыщ.  ТIэунейуэ  гуапэщ   хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр хуэм-хуэмурэ адэжь щIыналъэмкIэ  къызэреIэр щыплъагъукIэ. Сыхуейт  апхуэдэхэм я бжыгъэр нэхъри хэхъуэну, ХэкумкIэ къэхъуапсэ дэтхэнэми и мурад дахэр къехъулIэну, адыгэу дунейм текъухьар зэгуэр дызэрыгъуэтыжыну, къеблэгъэжахэр адыгэ щIыналъэм лъэ быдэкIэ щыувыну, щыбэгъуэну! - къекIуэлIахэм захуигъэзащ ДАХ-м   и тхьэмадэм. Ар  тепсэлъыхьащ къэрал куэдым щыпсэу   адыгэхэр    зыхэс лъэпкъхэм пщIэ къыхуащIу, къалъытэу, я IэщIагъэ-щIэныгъэкIэ ехъулIэныгъэфIхэр къагъэлъагъуэу нобэм къызэрысам.   Абы зэIущIэм хэта ныбжьыщIэ  цIыкIухэр къыхуриджащ блэкIар зыщамыгъэгъупщэу,   я Iуэху зэрырагъэфIэкIуэнум хущIэкъуу, я нэхъыжьыфIхэм хуэфащэу   псэуну.

Абы и псалъэхэм адэкIэ пищащ ­КъБР-м и Iэтащхьэм и Ад­ми­нист­рацэм ЩIыналъэ политикэмкIэ и управленэм и унафэщI Къуэжей Артём.

 - ДАХ-м Iуэху щхьэпэ  куэд ирегъэкIуэкI, хэхэс адыгэхэм, хэкум къэзыгъэзэжахэм  я Iуэху  дегъэкI, я псэукIэр ефIэкIуэнымкIэ  хузэфIэкI къигъанэркъым.  Сэ быдэу  си фIэщ мэхъу  гъэмахуэ зыгъэпсэхупIэм зэхашэ адыгэ  щIэблэм лъэпкъым и тхыдэр зытхыну, абы и къэкIуэнур езыгъэфIэкIуэнухэр мымащIэу зэрахэтыр. Сыт  и лъэныкъуэкIи  къызэгъэпэщауэ гъащIэ дахэ яIэну ди гуапэщ, абы и IуэхукIэ   дэри ди зэфIэкI деблэжынкъым. 

Куэду ди гуапэщ хэкум къэIэпхъуэжа ди лъэпкъэгъухэр мы зэхыхьэм щытлъагъуну, сэбэп дызэрыфхуэхъуфкIэ дыфхуэхъунущ,  фыкъыздэкIуэжа  къэралым фыхэзэгъэну, фыщефIэкIуэну, Iуэхугъуэ щхьэпэхэмкIэ  дяпэкIи  дызэхуэзэну  сынывохъуэхъу, - жиIащ  Къуэжейм.  

Хэкум къэIэпхъуэжа нэхъыжьыфIхэм ящыщ Къущхьэ Надим ДАХ-м   фIыщIэ хуищIащ.

- Гухэхъуэщ хэкум щыпсэуну къэкIуэжахэм  я щIэблэр  гъащIэм зэрыхэзагъэр, зыхэт гупым зэрыздрагъэкIур плъагъуну. ЛъэпкъымкIэ я гупэр гъэзауэ къэхъуну сахуохъуахъуэ.  Дэнэ щIыпIэ дыщымыпсэуами, ди гум хэкум дыкъришэлIэжащ.   Мыбы гупсэхугъуэу щыдгъуэтар  уасэншэщ, ар дэркIэ фIыгъуэшхуэщ. Хэхэс хъуа адыгэ псоми къабгъэдэкIыу хэкур тхуэзыхъума, абы жылапхъэу къинауэ иса   ди лъэпкъэгъухэм фIыщIэ ин яхуэсщIыну сыхуейщ. Фэр нэмыщIамэ, дэ дэнэ  декIуэлIэжынт?!  Фэращ ди лъэпкъ жьэгур зэхэзымыгъэкIыжар, - жиIащ Надим.

Гъэмахуэ зыгъэпсэхупIэм кIуэ ныбжьыщIэ цIыкIухэм ДАХ-м къыбгъэдэкIыу IэфIыкIэхэмрэ еджапIэм къащыхуэсэбэпыну хьэпшыпхэмрэ тыгъэ хуащIащ.  

Лъэпкъ къафэ екIухэмкIэ пшыхьыр ягъэдэхащ «Кавказ пшэплъхэр»  ныбжьыщIэ къэфакIуэ гупымрэ пшынауэ цIэрыIуэ Къуэдз Михаил и гъэсэн цIыкIухэм я пшыналъэхэмкIэ.

Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.

ЩОМАХУЭ Залинэ.
Поделиться: