«ЕхьэтиекIын» - «Адыгагъэ ехын»

Бзэм и щIэинхэр

Бзэ щIэныгъэхэм я доктор Шэрджэс Алий «Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр» и тхылъым къыщихьа жыIэгъуэм «хуэIэзэу зыгуэрым бгъэдыхьэн, едэхэщIэн» («найти верный подход, уговорить, обласкать») мыхьэнэращ къикIыу зыхужиIэр.
 

Дэ гъэщIэгъуэн тщыхъуар абы и лъабжьэр «хьэт» псалъэм зэрыпэгъунэгъуращ. Илъэс минхэм щхьэхуэ-щхьэхуэу зэтрагъэпщIыкIа адыгэ – убых – абазэ лъэпкъ зэрыбыныр къыздыщежьэ хьэтхэм я гугъу щищIу, абыхэм я цIэр щигъэлъапIэу къыдолъытэ мы псэлъафэм.
ЖыIэгъуэм лъэпкъыжьым и цIэр зэриIэтым и мызакъуэу, абы къикIыр и зэхэгъэувэкIэ къудеймкIэ зэуэ гурыIуэгъуэ мэхъу. «ЕхьэтиекIын» псалъэр ауэ сытми дунейм къытехьакъым. Ар ди лъэпкъым ижькIэрэ къыдэгъуэгурыкIуэ «Адыгагъэ» зыхужаIэ зыхэщIэ куум нэхъ пасэхэм иIа и къэкIуэкIэхэм ящыщ зыуэ къыщIэкIынущ. Мы псалъэм хуэдэхэмкIэ хьэтхэм кърагъэлъагъуэу щытагъэнущ езыхэр зэрыгушхуэу щыта я зэхэщIыкI лъагэмрэ я зэхуаку дэлъа зэхущытыкIэ дахэхэмрэ.  Абы и зы къэкIуэгъуэу къыщIэкIынущ мы псэлъафэ гъуэзэджэри. НэгъуэщIу жыпIэмэ, «ехьэтиекIын» псалъэм «адыгагъэ ехын» мыхьэнэращ къикIыр.  
    

 

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться:

Читать также: