Зи хъуэпсапIэр нахуапIэ зыщIа нэхъыжьыфI

ШыщхьэуIум и 1-р Хэкум къэзыгъэзэжам и махуэщ

Хэкум къэзыгъэзэжам и махуэр гурэ псэкIэ зыгъэлъапIэ ди лъэпкъэгъущ хэкупсэ нэсу зи илъэсхэр зыхь Абеикъуэ Шухьэиб. Зи ныбжьыр иджыблагъэ илъэс 85-рэ ирикъуа, хэкум къэзыгъэзэжахэм ящыщу Къэбэрдейм иджыпсту щыпсэухэм я нэхъыжьыфIыр ящыщщ гъащIэм щаIа хъуэпсапIэ нэхъ ин дыдэр - адэжь щIыналъэм зи лъэр щыгъэбыдэжыныр - нахуапIэ зыщIыфа адыгэхэм. Зэрысабийрэ ар зыхуэпабгъэу щытар зыщ: адэжь щIыналъэм къагъэзэжыну, абы и щIыгум тету и хьэуа къабзэмкIэ, IэфIымкIэ хуиту бэуэну. Махуэшхуэм ирихьэлIэу Шухьэиб игу къегъэкIыж и гъащIэм щыщ Iыхьэхэр. 

«Ди адэжьхэм зэгуэр Iэмалыншэу ябгына хэкужьым къызэрызгъэзэжрэ илъэс 50-м нэсами, сэ иджыри зызгъэнщIакъым фIыуэ слъагъу, лъапIэныгъэ ину къэслъытэ ди щIыналъэмкIэ. «ИкIута из хъужыркъым», - жиIащ пасэрейм. Си псэр ноби хуэнэхъуеиншэщ ди къурш уардэхэм, тафэ хуитышхуэхэм, псы уэрхэм, лъахэрыс цIыхухэм, - жеIэ Шухьэиб. - Аращ си гъащIэр, сыщыпсэуа щIыпIэм елъытауэ, ипэрэ иужьу щIэзгуэшыр. Дауэ хъуми, гур куэдрэ зыхуеIам си псэр къэсхьэсыжащи, слъагъу псоми сыщогуфIыкI, ихъуреягъыр дапщэщи си щIэщыгъуэщ. 
ЛъэпкъкIэ Ислъэмей дыщыщщ дэ. ЛIэщIыгъуэ блэкIам и пэщIэдзэ дыдэхэм (нэхъ пасэнкIи хъунущ ар къыщыхъуар) си адэшхуэ Абеикъуэ Мухьэмэдрэ абы и шынэхъыщIэмрэ я унагъуэхэр я гъусэу хэкум икIащ. ХьэжыщI кIуэ щIыкIэу лъахэр ябгынащ, къызэрамыгъэзэжынур хьэкъыу япхыкIауэ. Си адэшхуэм и къуиплIыр, си адэшхуэм и къуэшым и зы къуэр, я щхьэгъусэхэр я гъусэу гъуэгу теуват ахэр. Зы илъэскъым икIи илъэситIкъым гъуэгу зэрытетар. Иорданием щынэсар 1905 гъэрщ. Тхьэм и фIыщIэкIэ, хэщIыныгъэ ямыIэу, уеблэмэ гъуэгум иджыри зы щIалэ си адэшхуэм къыхуалъхуауэ нэсащ ахэр псэупIэ яхуэхъуа щIыпIэм. Абы щыгъуэ си адэм и ныбжьыр илъэс 13-15-хэм нэсат.
 Хэкужьым Iуэхур щызэтеуIэфIэжа хъумэ, къагъэзэжыну я мурадат куэдым, дауи. АрщхьэкIэ абы ежьэу зыри щысакъым: псэун, шхэн, быныр пIын хуейтэкъэ? А хъуэпсапIэр гу лъащIэм щагъафIэ зэпытурэ, ар щIэблэм щIэин нэхъыщхьэу къыхуагъанэурэ, илъэсхэр кIуащ. 
Иорданием и къалащхьэ Амман 1936 гъэм сыкъыщалъхуащ сэ. ХамэщI дыкъыщалъхуами, дызэрыадыгэр, Къэбэрдейм дызэрыщыщыр тщIэжу дыкъагъэхъуащ нэхъыжьхэм. Сэ хьэкъыу си фIэщ мэхъу адыгэхэм хуэдэу зи хэкур фIыуэ зылъагъу куэд зэрыщымыIэр. Щхьэщытхъугъэ хъунуми сщIэркъым, атIэми сэ къысщохъу адыгэпсэмрэ адыгэгумрэ адрейхэм емыщхьу: ахэр сытым дежи хуопабгъэ щалъхуа хэкум, и анэдэлъхубзэр щыхуит, и лъэпкъыр щыпсэу щIыналъэм. Аращ и купщIэр «хэкупсэ» псалъэми. Хэкури псэри зы чысэм илъщ, хэкури укъэзылъхуа анэри а зы къуэпсымкIэщ адыгэгум зэрыпыщIар.Зауэм и Iэужьу адыгэхэр дунейм щызэбгрыдза, лъэпкъымрэ Хэкумрэ зырыз, зэпэIэщIэ хъуами, ди адэжьхэм лIыгъэ къакъуэкIащ ди лъэпкъ хабзэр, ди адыгэбзэр фIыгъуэ инхэу тхуахъумэну, унагъуэхэм къихъуэ бынхэр абыхэм дыщIапIыкIыну. Ерэ фIырэ щызэхагъэкI ныбжьым сызэрит лъандэрэ зы махуи сщIэжыркъым Къэбэрдейм сыкъэкIуэжыну сыщIэмыхъуэпсауэ. Тхьэм и фIыщIэкIэ, ар къызэхъулIащ. 
 Къэбэрдейм сыкъызэрыкIуэжын Iэмалхэр къэзугъуейуэрэ хэнейрэ яужь сихьащ а Iуэхум - къызэхъулIэртэкъым. АтIэми, си насып къихьри, 1972 гъэм Хэкум къэзгъэзэжащ. АбыкIэ сэбэпышхуэ къысхуэхъуащ хэкупсэ нэс ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. Зэи сщыгъупщэнукъым абы къыысхуищIар. 
Хэкужьым си лъэр щыщытезгъэува дакъикъэм къысщыхъуащ сэ нэхърэ нэхъ насыпыфIэ дунейм темыту. Абы ьщыгъуэ си гумрэ си псэмрэ щыщIахэр ноби спкърытщ. ЖысIэнуращи, Хэку уиIэнырщ гъащIэм щынэхъыщхьэ дыдэр! Сабийр зеиншэкъым, адэ имыIэжми. Абы зеиншафэ къыщытеуэр и анэр къыщыщхьэщымытыжым дежщ. Хэкури анэри зыщ цIыхум и дежкIэ. Уи анэм и куэщI щабэ уису узэрипIым хуэдэ дыдэу, IэфIщ уи адэжь лъахэ ущыпсэунри. Балигъ ухъуа нэужь, укъэзылъхуа уи анэм узэрыхуэсакъым хуэдэу, укъыщхьэщыжыфын хуейщ уи Хэкуми.
Сыт хуэдэ гугъуехьи гуауи згъэвами, си жьыщхьэ сынасыпыфIэу зызолъытэж. Си хэку згъуэтыжащ, си анэдэлъхубзэмкIэ хуиту сопсалъэ, си щIэблэми Iэмал естыфащ адэжь хэкукIэ гуныкъуэгъуэ ямыIэу, я щхьэр лъагэу Iэтауэ, хамэм зыхуамыгъэщхъыу псэуну. А фIыгъуэхэм уахуэмыныкъуауэ абыхэм я уасэр къыбгурымыIуэнкIи мэхъу, атIэми хэти и фIэщ ирещI мыр: псом нэхърэ нэхъыщхьэр лъэпкъ, къупщхьэ уиIэу, уи бзэ, уи хабзэ, уи нэмыс пIыгъыжу дунейм утетынырщ. Адыгэм и дежкIэ ахэр фIыгъуэ мылъытэщ!»
Хэкум къэзыгъэзэжам и махуэшхуэмкIэ дохъуэхъу нэхъыжьыфIым. КъыщIэхъуэ щIэблэм я насып куэд илъагъуу, узыншэу ящхьэщытыну ди гуапэщ. Абеикъуэ Шухьэиб хиша лъагъуэр хамэщI щыпсэу адрей ди лъэпкъэгъухэм гъуэгу бгъуфIэ яхурырехъу. 
 

 

КЪАРДЭН Маритэ.
Поделиться: