Узыфэ хьэлъэхэр

Иужьрей илъэси 100-м щIэныгъэм хуабжьу зиужьащ икIи иджыпсту дохутырхэм яхуогъэхъуж нэхъ пасэм зыпэмылъэщу щыта узыфэ куэд. Арами, щыIэщ узыфэ зыбжанэ, ахэр къызыхэкIари зэреIэзэ щIыкIэри медицинэм иджыри къыгурымыIуауэ. Дытепсэлъыхьынщ нэхъ гъэщIэгъуэн дыдэхэм.

Миелит - куцIым ефыкI узыфэ. Псантхуэ уз лIэужьыгъуэр нэхъ зыхуэлъэр сабийхэращ, Iэпкълъэпкъыр щIэлIэу мэхъури, пкъыуэм (паралич) хуокIуэж. Миелитыр зыпкърыт цIыкIум и къупщхьэлъапщхьэр узу жиIэу мэтхьэусыхэ. Апхуэдэущ къызэрежьэр. XX лIэщIыгъуэм и 50 гъэхэм нэблэгъэху миелитым цIыху куэд ихьащ, зищIысри къызыхэкIри къахуэмыщIэу. Ар зэуэлIахэм я проценти 10-р лIащ, процент 40-р ныкъуэдыкъуэ ихъукIащ. ИужьыIуэкIэ абы и хущхуэхъуэ къагъуэтауэ жаIэу сабийхэр прививкэ ящIу щIадзащ. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, миелитыр иджыри мэныкъуакъуэ, прививкэ ящIа цIыхуми къефыкIынкIэ мэхъу.
Липодистрофие зэфыкIым и Iэпкълъэпкъым дагъэ хуримыкъуу аращ. Апхуэдэ цIыхухэм я лыпцIэ налъэхэр жырым хуэдэу заужьауэ къыхощхьэхукI, спортзалым къыщIэмыкIыу зэрагъэпэщам хуэдэу Iэпкълъэпкъ дахэ яIэщ, къищынэмыщIауэ, я нэпкъыр лъагэу Iэтащ. Зы лъэныкъуэкIэ, липодистрофие зэфыкIхэр ехъулIауэ уогугъэ, ауэ апхуэдэ сымаджэхэм делэ уз зэмылIэужьыгъуэхэр къалъыкъуокI, я Iэпкълъэпкъым хуримыкъу дагъэр я лъым куэду хэлъщи, напIэзыпIэм къытехуэу лIэфынущ.
XX лIэщIыгъуэм и пэхэм къэунэхуауэ щытащ узыфэ гъэщIэгъуэн. Летаргие энцефалит зыфIаща узыр зэуэлIахэр хэпсэлъыхьу къытехуэрти, пкъыуэ хъужырт. Апхуэдэм зигъэпсэхуну зигъэукIурия фIэкIа умыщIэу лIэнкIэ шынагъуэт икIи ар куэдрэ къэхъуащ. Къелахэм я акъылыр зэтекIауэ, шынэ хахауэ я гъащIэр яхьащ (паркинсонизм). ГъэщIэгъуэнращи, а узыфэм абы ипэкIэ е иужькIэ зэи зыкъигъэлъэгъуакъым, къызыхэкIари дохутырхэм къагурыIуакъым. Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, Гитлер Адольф къефыкIащ дызытепсэлъыхь энцефалит лIэужьыгъуэр, къелащ, абы кърикIуа паркинсонизмыр арауэ жаIэ залым хъуныр къызыхэкIар.
«Щхьэ къауэ» узым и фIэщыгъэцIэм къеIуатэ ар зищIысыр. ЦIыхум къыщохъу и щхьэм зыгуэр къыщыуауэ, нэху гуащIэ къэблауэ, ауэ ар нэгъуэщI зыми илъагъуркъым, езым къищынэмыщIа. Дохутырхэм иджыри къагурыIуакъым ар зищIысыр, ауэ жейкIэ иримыкъухэм нэхъ яхуэлъэу къалъытэ.
«Гущэ ажал» жыхуаIэр узу къалъытэркъым. Сыту жыпIэмэ, жейуэ хэлъ сабий цIынэ узыншэм и гур къэувыIэу лIэуэ аращи. Абы зыгуэр къеузауи къахуэгъуэтыркъым дохутырхэм. Аращи, «гущэ ажалыр» къызыхэкIыр зыми ищIэркъым.
ЩыIэщ цIыху, шыпсыранэм исам хуэдэу, и щIыфэр псым къригъэлъэлъу, абы аллергие къриту. Нобэрей медицинэм апхуэдэ цIыху 50 ицIыхуу аращ. Апхуэдэхэр ажалым хуэдэу щошынэ псым, уэшхым, уэсым, я пщIэнтIэпс дыдэм, нэпсым. Сыту жыпIэмэ, ткIуаткIуэ гуэр я щIыфэм зэрылъэIэсу къолъэлъ. Ар къызыхэкIыр иджыри къахутакъым, ауэ къызэрыгуэкI аллергием и хущхъуэгъуэхэр сэбэп мэхъу.
«Щхьэщэуз» жыхуаIэр 2010 гъэм къэунэхуауэ аращ. Ар зэфыкIхэм я щхьэр мэсыс, щхьэщэ ящIым ещхьу. Къапщтэмэ, щхьэщэуз зэфыкI сабийр тэмэму шхэфыркъыми, хуэмущ зэрыхэхъуэри зэрызиужьри. Дохутырхэм ящIэркъым ар къызыхэкIри зэрагъэхъужри.
Аллотриофагие зэфыкI цIыхухэм яфIэфIщ мыхъумыщIэ гуэрхэр яшхыну. Псалъэм папщIэ, клей, абдж, ятIэ, пхъэ, пластмасс, нэгъуэщIхэри. Ар зэзэмызэ къащхьэрыуэ мыхъуу, зэпымычу я гурыIупсыр къожэ, ерыскъым щымыщ гуэрхэр яшхыну хуейуэ. Узыр яхуэгъэхъужыркъым, къызыхэкIри ящIэркъым.
«Инджылыз пщIэнтIэпс» зыфIаща узыфэр 1485-1551 гъэхэм Европэм щыпсэухэм къефыкIащ, псом хуэдэу инджылызхэм. Ар къызэрыгуэкI пыхусыхум хуэдэу къыщIидзэрт: плъыржьэр, щхьэуназэ, щхьэуз, пщэуз, дамэхэмрэ Iэ-лъакъуэхэмрэ дэузу. Абы къыкIэлъыкIуэр нэхъ шынагъуэжт - сымаджэ хъуар егъэлеяуэ пщIантIэрт, псыхуэлIэм иукIырт, и гум узын щIидзэрт, и жеин къакIуэрт. ЗэратхыжамкIэ, апхуэдэ сымаджэхэр бгъэжей хъунутэкъым, къахуэмыгъэушыжу лIэрти. Тхыдэтххэм къащIэна хъыбархэр зыджа дохутырхэм хуагъэфэщащ «инджылыз пщIэнтIэпсыр» инфекцэ лIэужьыгъуэ гуэрым къыхэкIауэ, ауэ абы и пэкIи а узыфэр цIыхум ицIыхуакъым, иужькIи зэи къытригъэзэжакъым, къызыхэкIа дыдэри къахуэхутэну зы Iэмали иIэжкъым.
2007 гъэм фокIадэм и 25-м сыхьэтыр 11.45-м Перу щыIэ Каранкас къуажэ цIыкIум деж къыщехуэхащ вагъуэиж. Асыхьэту сымаджэ хъуат а жылэм щыщ цIыху 600-м нэс. Ахэр зэпымычу къэжьырт, я ныбэр узырт. ЦIыхухэр ямыгъэшынэн папщIэ, къулыкъущIэхэм ядакъым ар ягъэхъыбару. Сымаджэ хъуахэм я бжыгъэм щыхэхъуэм, жылагъуэм тхьэусыхэн щыщIадзэм, фокIадэм и 20-м, щIэныгъэлIхэр щыхьэт техъуащ Каранкас деж вагъуэиж зэрыщехуэхам. Ауэ зыми жиIэфакъым апхуэдиз цIыхур зыцIэла узыфэр къызыпкърыкIар зи ягъэр - езы вагъуэижым къыздихьа инфекцэрэ абы къриуда щIым къыщIэкIа гъуэзрэ.
Куру е «ажал гуфIэкIэ» жыхуаIэ узыр Новэ Гвинеем щыщ, цIыхул зышх форе лъэпкъым къеуэлIауэ щытащ 1932 гъэм. Езыхэм зэрыжаIэмкIэ, уд гуэр къатебжэу нэ къатригъэхуауэ арат абыхэм. Сымаджэ хъуам и щхьэр узу, и Iэпкълъэпкъыр щIэлIэу щIидзэрти, нэхъ хэтIэсэху зэщIэкIэзызэрт, и щхьэр зэрихьэрт, гуфIэрт. ИкIэм-икIэжым щхьэузыр, хуэшыр къыщыхьэрти, зэридзэрт, зэман кIэщIкIэ и щхьэкуцIыр гъуанэпщIанэ хъурти, лIэрт. Узыфэр зэрызэрыцIалэ щIыкIэр, апхуэдиз цIыху зэуэ щIиубыдыр къахуэмыщIэу дохутырхэр гугъу ехьащ зыкъомрэ. КъызэрыщIэкIамкIэ, сымаджэр лIа нэужь, «ауэ сытми мыкIуэдыжын» папщIэ, мыдрейхэм ар яшхыжурэ зэрыцIалэу арат. ЦIыху шхын щагъэта нэужь а уз шынагъуэри бзэхыжащ.
«ЩIыфэ щIыху» е акантокератодермие. Апхуэдэ уз зыпкърыт цIыхухэм я щIыфэр щIыху е шакъафэ мэхъу. Америкэм и Кентукки штатым щыпсэуащ «унагъуэ щIыху» зыфIаща Фьюгейт зэрыбыныр. ГъэщIэгъуэныракъэ, ахэр зэрыщIыхум къищынэмыщIауэ, зы цIыхум зэи зы узыфэ къефыкIакъым икIи дэтхэнэри илъэс 80-м щIигъуху псэуащ.
Хорее зыфIаща уз гъэщIэгъуэныр япэу къыщыунэхуар 1518 гъэращ. Франджым щыIэ Страсбург къалэм щыщ зы цIыхубз къэфэн щIидзащ… КъыкIэлъыкIуэ тхьэмахуэхэм цIыху щэ бжыгъэ иубыдащ къафэм икIи къэмыувыIэжыфурэ къэфащ лIэху. Пасэрей тхьэгурымагъуэхэми иджырей дохутырхэми къагурыIуакъым абы щхьэусыгъуэ хуэхъуар.
Прогерие зэфыкI сабийр илъэс 90 ирикъуа лIыжьым ещхьщ теплъэкIэ, цIыкIущ жумыIэмэ. КIэщIу жыпIэмэ, цIыхур хуэм-хуэмурэ жьы хъун хуейуэ къегъэщI щIыуэпсым. Ауэ прогерие зиIэхэм я зэманыр апхуэдизкIэ псынщIэу макIуэри, жьы хъуагъэххэу дунейм къытохьэ, илъэс 13 нэхъыби мыпсэуауэ жьыгъэм йолIыкI. НобэкIэ ар цIыху 48-м къоуз, абыхэм ящыщу 5-р зэблагъэщи, анэдэлъху узу къалъытэ, нэгъуэщI щIэныгъэлIхэм зыри хащIыкIыркъым прогерием.

ФЫРЭ Анфисэ.
Поделиться: