БзэщIэныгъэлIым и лэжьыгъэшхуэ

Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ бзэ­щIэныгъэлI цIэрыIуэ Габуниа Зинаидэ и лэжьыгъэхэр щызэхуэхьэса тхылъхэм я иужьрей, ещанэ, томыр.

 - Габуниа Зинаидэ филологие щIэ­ныгъэхэм я докторщ, КъБКъУ-м урысыбзэмрэ языкознаниемкIэ и кафедрэм и профессорщ, моногра­фиеу 24, щIэныгъэ тхыгъэу 390-м щIигъу и къалэмыпэм къыщIэкIащ, - жеIэ Котляров Виктор. - Абы и лэжьыгъэхэм ящыщщ (ахэр испан бзэщIэ­ныгъэлI Гусман Тирадо Р. и гъусэу итхащ): «Las lenguas Caucasicas. Teoria sobre su origen principales clasi­pi­ca­ciones. Aportacionis de la linguistica rusa a su studio» (Universidad de Gra­na­da, 2001); «Минотарные языки в современном мире. Кавказские языки» (М., 2003); « Historia de la linguistica rusa» (Centro de Linguistica. Madrid, 2008); «Малочисленные языки в третьем тысячелетии и процессы глобализации» (Владикавказ, 2010), нэ­гъуэщIхэри. Габуниа РАЕН-м Абхъаз Республикэм щиIэ ЩIэныгъэ академием, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием я академикщ, Дунейпсо Кавказ лингвистикэ зэгу­хьэ­ны­гъэм хэтщ, Ингуш Республикэм щIэ­ныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэ­жьа­кIуэщ.
Къыхиха IэщIагъэм хуэпэж щIэныгъэлIым и гъащIэ псор триухуащ лингвистикэм, Кавказым щыпсэу лъэпкъ мащIэхэм я бзэр хъума зэрыхъуным­рэ ахэр джынымрэ. Бзылъхугъэ щып­къэм и лэжьыгъэр уасэ зимыIэщ, бзэм къыщымынэу, лъэпкъ­хэм я щэнхабзэ, псэ къулеигъэ­хэр зыхъумэщ.
Зинаидэ и тхылъхэм я япэ томитIым (напэкIуэцI 1064-рэ мэхъу) щызэ­хуэ­хьэсащ щIэныгъэ­лIым и къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр, илъэс щэ ныкъуэм нэблагъэ къызэ­щIэ­зыубыдэр.
Ещанэ тхылъыр IыхьитIу зэхэтщ. Япэр абхъаз-адыгэ бзэ гупым я пасэрей тхыбзэм и тхыдэм теухуащ. Гулъытэ нэхъыбэ абы щыхуэщIащ клинописымрэ дамыгъэхэмрэ. ЩIэ­ны­гъэлIым зэхуихьэса лэжьыгъэ­хэм­рэ къигъэлъэгъуа Iуэху еплъыкIэ­хэм­рэ, шэч хэмылъу, а темэм адэкIи елэ­жьынухэм къахуэщхьэпэнущ. ЕтIуанэ Iыхьэр зыхухэхар бзэ щIэныгъэм ­теухуа зэпсэлъэныгъэ гъэ­щIэ­гъуэн­хэрщ. Абы лъабжьэ хуэ­хъуауэ зэпкърихыр И. В. Сталинымрэ журналым и редактор нэхъыщхьэ В. В. Виноградовымрэ я Iуэху еп­лъы­кIэу 1950 - 1952 гъэхэм «Вопросы язы­ко­знания» журналым къытехуа тхыгъэхэрщ.
ЩIэджыкIакIуэхэм яIэрыхьа ещанэ тхылъым куэду итщ адыгэхэм, абазэ­хэхэм, абхъазхэм я лъэпкъ дамыгъэхэр.
Тхылъым и бжыгъэр 300 хъууэ къы­дэкIащ.
 

ИСТЭПАН Залинэ.
Поделиться: