«Кавказым и гуащэ» Дзукаевэ Динарэ

Квказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и хэгъуэгухэм щыщ хъыджэбзхэр я зэфIэкI щеплъыжащ я дахагъэмрэ зэфIэкIхэмрэ щагъэлъагъуэ «Кавказым и гуащэ» цIэ лъапIэр къэхьыным теухуауэ Налшык къалэм и «Сосрыкъуэ» шхапIэм и утым щекIуэкIа фестиваль-зэпеуэм. Зэхьэзэхуэм пашэ щыхъуащ икIи «Кавказым и гуащэ» щIыхьыцIэр къыщыфIащащ Осетие Ищхъэрэ-Аланием хыхьэ Беслъэн къалэм щыщ Дзукаевэ Динарэ.

Зэхьэзэхуэр къызэрагъэпэщащ «Dakshin Production» медиахолдингымрэ «Fаshion 07» модель IуэхущIапIэмрэ, КъБР-м Курортхэмрэ туризмымкIэ и министерствэмрэ «9-я волна» лэпкъхэм зэдай спорт-нэгузыужь каналымрэ я дэIэпыкъуэгъуу. Абы я зэфIэкI щеплъыжащ Кавказ Ищхъэрэм и хэгъуэгухэм - Мин-Воды , Ставрополь крайм, Осетие Ищхъэрэ-Алание, Къэбэрдей-Балъкъэр, Дагъыстэн республикэхэм - щыщ пщащибл - Тарасенкэ Аннэ, Лысенкэ Еленэ, Дзукаевэ Динарэ, Вындыжь Иринэ, Мер Илонэ, ГъущIо Каринэ, Бекузаровэ Iэминэ сымэ.
КъэпщытакIуэ гупым хэтащ модель IуэхущIапIэхэмрэ щэнхабзэ центрхэмрэ я лIыкIуэхэр, егъэджэныгъэм, спортым, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэ цIэрыIуэхэр, жылагъуэм щыщхэр, дахагъэмкIэ зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэм пашэ щыхъуахэр. Абыхэм къапщытащ пщащэхэм я Iущагъыр, творческэ зэфIэкIхэр, лъэпкъ шхыныгъуэхэр зэрапщэфIыфыр. КъищынэмыщIауэ, хъыджэбзхэм я лъэпкъ фащэхэмрэ къафэхэмрэ ягъэлъэгъуащ, Кавказым щызекIуэ хабзэхэм, лъэпкъ щэнхабзэм, классикэ макъамэхэм зэрыщыгъуазэр ягъэнэIуащ, усэ къеджащ, уэрэд жаIащ. Къыхэгъэщыпхъэщ пщащэхэм екIуу зэрызыкъагъэлъэгъуар, зэпеуэр езыгъэкIуэкIым и упщIэхэм хуэфащэ жэуап зэрыратар.
Iуэхур къызэзыгъэпэщахэм ящыщ Дохъушокъуэ Каринэ жиIащ фестивалыр мы гъэм етIуанэу зэрырагъэкIуэкIыр икIи ар зи жэрдэмхэм я къалэн нэхъыщхьэр Кавказым ис пщащэхэм я дахагъэр нэхъыбэу зыхалъагъуэр я нэмысыфIагъэмрэ щэныфIагъэмрэу зэрыщытыр утыку щагъэлъэгъуэнырщ. Хабзэ зэрыхъуауэ, Кавказым щрагъэкIуэкI зэпеуэхэр пщащэхэм я дахагъэ къудейркъым зытрагъащIэр, атIэ, Iущагъымрэ зэфIэкIымрэ къыдэкIуэу, я лъэпкъ хабзэмрэ щэнхабзэмрэ зэрыщыгъуазэми мыхьэнэшхуэ щрат.
- СэркIэ нэхъыщхьэр сызыщыщ республикэм сыхуэфащэу зыкъэзгъэлъэгъуэнырт. Зэпеуэм и Iыхьэхэм ящыщ зым утыку къыщисхьащ осетин хьэгъуэлIыгъуэм ехьэлIа хабзэр - нысащIэм щхьэтепхъуэр зэрытрахымрэ «Хонга Кафт» лъэпкъ къафэмрэ, - жеIэ Дзукаевэ Динарэ. – Апхуэдэу згъэлъэгъуащ ди лъэпкъ дэлэнхэм щIыгъуу ди щIыналъэм щащI сырэр. Зэхьэзэхуэр щIэщыгъуэу икIи гукъинэжу екIуэкIащ. Абы хыхьэу къызэдгъэпэща зэхыхьэ нэгузыужьхэр, псом хуэмыдэу бгым дызэрыдэкIар, щIэх сщыгъупщэжынукъым. Зэпеуэм хэтахэр ныбжьэгъу дызэрызэхуэхъуар уасэншэщ.
Япэу апхуэдэ зэпеуэ зэрыхыхьами емылъытауэ, абы хэта и хьэрхуэрэгъухэм япэ ища хъыджэбзыр зэрыцIыкIурэ щIэхъуэпсырт лъэпкъ къафэхэмкIэ IэщIагъэ зригъэгъуэтыну икIи сабийхэр къафэ гъуазджэм хуигъэсэну. А хъуэпсапIэми лъэIэсауэ жыпIэ хъунущ ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым къафэм щыхуеджэ Дзукаевэр. КъищынэмыщIауэ, Динарэ уэрэд жыIэным, спортым, фортепианэм дахьэх. Абы зэрыжиIамкIэ, зыкъэзыгъэлъэгъуа пщащэхэм ефIэкIыу къэпщытакIуэхэм къызэралъытар зыпэмыплъа гуфIэгъуэт икIи а ехъулIэныгъэр хуабжьу гуапэ щыхъуащ. Аращ дяпэкIи пщащэхэм я дахагъэмрэ зэфIэкIхэмрэ щагъэнаIуэ зэпеуэхэм и зэфIэкI щеплъыжыну тезыгъэгушхуэри.
Зи дахагъэр, Iущагъыр, зэфIэкIыр къалъыта, саугъэт лъапIэхэр зыхуагъэфэща Дзукаевэ Динарэ ирагъэблэгъэнущ мы гъэм къриубыдэу ирагъэкIуэкIыну псапэ Iуэхухэмрэ лъэпкъ щэнхабзэм зегъэужьыным ехьэлIауэ «Dakshin Production» IуэхущIапIэм къыхилъхьэ проектхэмрэ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: