Редактор нэхъыщхьэр яхъуэж

 «Адыгэ псалъэ» республикэ газетым и редактор нэхъыщхьэу ягъэуващ Жыласэ Заурбэч Щэлэуат и къуэр. А хъыбарыр лэжьакIуэхэм жраIэну, илъэс 24-м нэблагъэкIэ газетым и унафэщIу лэжьа, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд фIыщIэ хуащIыну бадзэуэгъуэм и 1-м редакцэм къеблэгъат КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэдрэ республикэм щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдинрэ.

Къуэдзокъуэ Мухьэмэд къеджащ Жыласэ Заурбэч «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэм и къулыкъум зэрагъэувам теухуауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэм. Жыласэм и къулыкъум ехъулIэныгъэ иIэу пэрытыну ехъуэхъуа нэужь, адэкIэ абы къыхигъэщащ газетым и зыужьыныгъэм дяпэкIэ гулъытэ нэхъыбэ зэрыхуащIынур, псом хуэмыдэу республикэм адыгэбзэкIэ къыщыдэкI газет закъуэм и тиражыр къаIэтынымкIэ лэжьыгъэ пыухыкIахэр зэрырагъэкIуэкIынур.
- Илъэс куэдкIэ пщIэрэ щIыхьрэ иIэу газетым и редактор нэхъыщхьэ къулыкъур ирихьэкIащ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, - жиIащ Къуэдзокъуэм. - Лэжьыгъэшхуи ирихьэлIащ, и гуащIэшхуи хилъхьащ   Iуэхум. Дэри дыщыгъуазэщ, фэри фи нэгу щIэкIащ абы IэнатIэм хуиIа бгъэдыхьэкIэр зыхуэдэм - езэш имыIэу, жыджэру и къалэным пэрытащ. ХьэфIыцIэм къыхилъхьа хабзэхэр евгъэфIакIуэу, газетым зевгъэужьу фи лэжьыгъэр ефхьэкIыну ди гуапэщ. Жыласэ Заурбэч Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI журналистщ, шэч къытетхьэркъым ар и пщэрылъхэм зэрыпэлъэщынум.
ХьэфIыцIэ Мухьэмэд гупыр зы унагъуэм хуэдэу зэхэту, щIэуэ къыхилъхьэхэр къыдаIыгъыу, зэкъуэту зэрызэдэлэжьам и гугъу ищIащ.
- Псоми сахуэарэзыщ, - жиIащ абы. – Зыпэрыт Iуэхур фIыуэ зылъагъу, зи лэжьыгъэм хъарзынэу ехъулIэ, газетым и къэкIуэнумкIэ гудзакъэ зиIэ гупщ сызыхэтар. Заурбэч журналистикэм хуеджащ, и къалэнхэм и щIэныгъэкIи и акъылкIи пэлъэщынущ, къыщыщIидзар «Адыгэ псалъэ» газетырщ, гупым яхэтащ, я лэжьыгъэкIэ зэрыщIэу апхуэдэщи, Iуэхум фIыуэ ехъулIэнущ.
Жыласэм кърагъэза дзыхьым папщIэ фIыщIэ ищIри, жиIащ газетым и зыужьыныгъэм и зэфIэкIи, и гуащIи зэрыхилъхьэнур, япэ ита нэхъыжьыфI ХьэфIыцIэ Мухьэмэд къригъэжьа хабзэ дахэхэм пищэу, IуэхугъуэщIэхэри къыхалъхьэу «Адыгэ псалъэр» зэрыхъукIэ зэрыригъэфIэкIуэнур.

 

 

 

 

 

ЩхьэщэмыщI Изэ.
Поделиться:

Читать также: