Налшык урысейпсо зэхьэзэхуэ щокIуэкI

Бокс

«Динамо» ВФСО-м и урысейпсо зэпеуэм хэтыну Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм къыщызэхуэсащ къэралым и щIыпIэ псоми къикIа боксёри 100-м щIигъу.

Иджыблагъэ зэхаубла зэхьэзэхуэм хуэдэхэр ­Налшык япэу щекIуэкIыу аракъым. Къапщтэмэ, щIымахуэ блэкIам мыпхуэдэ зэпеуэхэр ныбжьы­щIэхэм ирагъэкIуэкIащ. Иджы чэзур балигъхэм къалъысащ икIи абы къыщыхэжаныкIхэм урысейпсо зэхьэзэхуэхэр къапоплъэ.
- Дэ сытым дежи дыхущIокъу Къэбэрдей-Балъкъэрым зэпеуэ инхэр щредгъэгъэкIуэкIыну. Нобэ утыку къихьэ щIалэщIэхэм ящыщ куэд хабзэхъумэ IэнатIэхэм къызэрытхыхьэнум шэч къытесхьэркъым. Ди фIэщ мэхъу ахэр я зэфIэкIкIи гъэсэныгъэкIи ­щапхъэу зэрыщытынур. ЗэрыфщIэщи, спортыр узыншагъэ къудейкъым, атIэ щэныфIагъэщ, Iэдэбагъщ, - жиIащ зэхьэзэхуэр къыщызэIуахым къэпсэлъа ­КъБР-м щыIэ МВД-м и министр, «Динамо» зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и унафэщI Павлов Василий.
«Динамо» ВФСО-м и цIэкIэ зэхьэзэхуэм хэтхэм фIэхъус псалъэкIэ захуигъэзащ абы и совет нэхъыщхьэм и тхьэмадэ Чумаков Валерий. «Налшык къэкIуащ дунейпсо класс зиIэ спортым и мастеру 8, Урысейм спортымкIэ и мастеру 36-рэ. Абы Iэмал къет дыщыгугъыну зэпеуэхэр гуащIэу икIи удэзыхьэхыу щытыну», - къыхигъэщащ Чумаковым.
Я хьэлъагъкIэ зэщхьэщыхауэ гупипщIым щызэпеуэнущ Налшык щекIуэкI зэхьэзэхуэм. Къэбэрдей-­Балъкъэрым щыщу абы боксёр пщыкIутху хэтщ икIи я текIуэныгъэхэм дыщогугъ.

Жыласэ Замир.
Поделиться:

Читать также: