КIуэкIуэ Казбек: «Вакцинэр зыхезыгъалъхьэхэр нэхъыбэ хъуху узым зиубгъунымкIэ шынагъуэм кIэрыхунущ»КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ коронавирус уз зэрыцIалэм республикэм и районхэм зыщемыгъэубгъуным теухуа зэIущIэ. Абы хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, Роcпотребнадзорым и управленэу КъБР-м щыIэм и унафэщI Пагуэ Жыраслъэн, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хъубий Марат, КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Батыр Заур, муниципальнэ щIыналъэхэм я администрацэхэм я Iэтащхьэхэр. Республикэм и унафэщIым зэрыжиIамкIэ, вакцинэ зыхезыгъалъхьэхэм я бжыгъэр нэрылъагъуу нэхъыбэ хъуащ: блэкIа тхьэмахуэм къриубыдэу коронавирусым и бий вакцинэр цIыху мини 7,5-м щIигъум халъхьащ. Нэхъ япэкIэ апхуэдэ зэманым ику иту вакцинэр зыхезыгъалъхьэхэр цIыху мини 4-м щIигъуу щытакъым. Псори зэхэту хущхъуэр зыхалъхьахэр мин 50-м щIегъу, ауэ уз зэрыцIалэм тэмэму дыпэщIэтын папщIэ вакцинэр махуэ къэс цIыху минитIым щIигъум хамылъхьэу хъунукъым. КIуэкIуэ Казбек къалэну къигъэуващ уз зэрыцIалэм зыщыхъумэнымкIэ вакцинэр зыхегъэлъхьэн зэрыхуейм теухуауэ цIыхухэм нэхъ тэмэму ядэлэжьэну.
Поделиться:
Читать также:
15.04.2024 - 14:48 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
30.03.2024 - 14:16 →
Къыхэзэгъэну пIэрэ?
30.03.2024 - 11:21 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ
29.03.2024 - 10:28 →
КIуэкIуэ Казбек и хъуэхъу
26.03.2024 - 09:04 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
|