Мэрем пшыхь

Хабзэ

ХьэщIэм теухуауэ

Къуажэм ящыщ зыгуэрым щIалэ хьэщIэ къахуэкIуамэ, жылэм джэгу е нэгъуэщI нэгузыужь Iуэхугъуэ гуэр щыIэмэ, абы яшэрт. ХьэщIэр ирагъэблагъэрти, гуп зыхэс здэщыIэм щIашэрт. Ирагъафэ-ирагъашхэрт, къыщIашыжырти джэгум Iуашэрт.
А унагъуэм нэхъ и гъунэгъуу щыт хъыджэбзхэм фадэбжьэ къыхуахьырт. Джэгум Iутхэм хэгъэрей зыкъыхуащIырт, нэжэгужэу къыбгъурыувэхэрт.
ХьэщIэм и гупэмкIэ цIыху къэуву джэгум Iут нэхъыжьхэм ядэртэкъым, «ХьэщIэр щIыбагъ умыщI!» - жаIэрти.
Ауэ нэхъыбэрэ къызэрыхъу хабзэти, щIалэ хьэщIэ къахуэкIуамэ, къуажэм шыгукIэ хыхьэрти, хъыджэбзхэр, я адэ-анэм елъэIуурэ, къыхашырти, джэгу хуащIырт. Хъыджэбзхэр епIэщIэкIыу къыхашу зылъагъу щIалэхэр епIэщIэкIыу, езыр-езыру къызэхуэсхэрт.
Iуэхур къызэрагъэпэщыху, щIалэ хьэщIэм Iэнэ къыхуащтэрт. Хуэмурэ щIалэхэр къызэхуэсырти, джэгур зэхаублэрт. Зы зэман хьэщIэхэр къыщIашырт. «ХьэщIэ щыIэщ, фытекIуэт!» - жаIэрти джэгум Iутхэр зэлъыIукIуэтырт. ЩIалэхэр къэкIуатэрти фIэхъус кърахырт, зыхуэфащэхэри къыбгъэдэувэрт. Утыкур инт, щIалэхэр зы лъэныкъуэмкIэ, хъыджэбзхэр нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ щызэхэтт. Джэгур езыгъэкIуэкIым къэфэнуми, пшынэ зэхъуэкIын, Iэгу еуэн хуейми я унафэ ещI.
ХьэщIэр къыщыфэкIэ пшынэри Iэгури щIагъэхуабжьэрт, нэмыс хуащIу. ХьэщIэр къыщыфэнум, «фыкъыдэмыж, хьэщIэ щыIэщ!» - жаIэрти, адрейхэр утыку кърагъэхьэртэкъым. ХьэщIэр къыдашырт. Хъыджбзхэм ящыщу нэхъ дахэр, зэкIужыр е пшынауэр къыхудашырти, къыдагъафэрт. Хэгъэрейхэм ящыщ зыгуэркIэ утыку къихьауэ хьэщIэр къагъэфэну мурад ящIамэ, а къыдэкIам игъэзэжырти, и пIэ иувэжырт. Апхуэдэ щIыкIэкIэ хьэщIэм пщIэ зэрыхуищIыр къигъэлъагъуэрт.
Джэгум Iут хъыджэбзхэр Iэгу еуэртэкъым адыгэ хабзэмкIэ. Ауэ хьэщIэр къыщыфэкIэ хъыджэбзхэри Iэгу еуэрт, хьэщIэр ягъэлъапIэу.

*   *   *

Адыгэр хьэщIэкIэ зэрыфIым ещхьыркъабзэу, ерыскъыкIи хьэлэлт, «си шыгъупIастэ цIыхум ишхарэт», - жиIэу апхуэдэт. Адыгэ лIыжьхэм я шхэгъуэр къыщысами, зыщагъэгувэ щыIэт, «зыгуэр къыдыхьамэ, дызэдэшхэнт», - жаIэу.
Бысымыр и куэбжэпэм щыту, къуажэм къыдыхьа хьэщIэ гуэр блэкIыу сэлам къритамэ, фIэхъусыр къыIихти, «еблагъэ, зодгъэгъэпсэхунщ, хьэщIэ утщIынщ, бысым уимыIэмэ!» - жриIэрт. Ар зыжриIа хьэщIэр, жэщым а къуажэм къыдэнэн хъурэ, бысым имыIэмэ, къигъэкIэрэхъуэжырти, еблагъэ къыжезыIам и деж щепсыхырт. Ар бысымым пщIэ къыхуащIауэ, щIыхьу къилъытэрт.
Адыгэ бысымыр хьэщIэм щихъуэжыр зэзэмызэххэт. Апхуэдэ къыщыхъуми, а хьэдыгъуэдахэр къуажэ псом зэлъащIысырт. Бысымым и дежкIэ ар напэтехт.
ХьэщIэм и дежкIи бысымхъуэж ищIыныр къекIуртэкъым. «Бысымхъуэж зыщIым чыцI ажэ хуаукI», - жаIэу псалъэжь щыIэщ. Бысымхъуэж зыщIа хьэщIэм чыцIыхъу хуаукIырт, «бысымхъуэж щыпщIакIэ, аращ уэ пхуэфащэр», - жиIэу къикIыу.
«ХьэщIэр Алыхьым и хьэщIэщ, Алыхьым нэужькIэ дэ ди хьэщIэщ», «ХьэщIэр угъурлыщ, фIыгъуэ къыдокIуэ», - жаIэрти, яIэ псомкIи ягъэхьэщIэрт щыгуфIыкIыу.

Щоджэн Хьэзешэ.

Адыгэ лIакъуэхэр

Бжьэдыгъухэр

Ижь-ижьыж лъандэрэ бжьэдыгъухэр тенджыз ФIыцIэм и Iуфэм – ТIуапсырэ Шачэрэ (Сочирэ) я зэхуакум щыпсэуащ. Ахэр къэгъуэгурыкIуащ тIууэ гуэшауэ – хъымыщейхэмрэ чэчэнейхэмрэ. XVII лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм бжьэдыгъухэм тенджыз Iуфэр ябгынэри Кавказ къуршхэм я ищхъэрэ лъэныкъуэр хэщIапIэ ящIащ. XVII лIэщIыгъуэм икIэхэм абыхэм яIыгъащ IэфIыпс псыхъуэм къыщегъэжьауэ Пшышэ нэс.
XVIII-XIX лIэщIыгъуэхэм я щхьэхуитыныгъэм папщIэ бжьэдыгъу мэкъумэшыщIэхэм бэнэныгъэ гуащIэ ирагъэкIуэкIащ. 1796 гъэм щыIа Бзиикъуэ зауэм къыщыщIэдзауэ 1856 гъэ пщIондэ ар екIуэкIащ, зэм гъэпщылIакIуэхэр, зэми лэжьакIуэбэр текIуэу. Уэркъ-мэкъумэшыщIэ зауэр 1856 гъэм иухащ, пщы-уэркъхэр хэкум ирахуауэ, республикэ псэукIэ лъахэм щагъэпсауэ. Абы и унафэр цIыху 18 зыхэт тхьэрыIуэ хасэм и IэмыщIэ илът. Бжьэдыгъухэм я республикэр зэрыщыIар илъэсищ къудейщ - 1859 гъэм лъахэр урыс пащтыхьыдзэм иубыдри адыгэхэм я демократ псэукIэр икъутэжащ.
Иджыпсту бжьэдыгъухэр зэуIуу щопсэу Адыгэ Республикэм, Краснодар крайм, Тыркум. Бжьэдыгъухэр адыгеибзэм (кIахэ адыгэбзэм) иропсалъэ.

Жэнейхэр

Пасэм щыгъуэ жэнэ адыгэ лъэпкъым и цIыхухэр куэд хъууэ, щIышхуи яIыгъыу щытащ. Ахэр щыпсэуащ Псыжь и ижьырабгъу бгъуэщIым. Жэнейхэм я щIым къуэкIыпIэмкIи къухьэпIэмкIи жыжьэу зыщиукъуэдийрт, ипщэ лъэныкъуэмкIэ ар Кавказ къуршхэм еуалIэрт. Хуэбгъэфащэ хъунущ, жэнейхэм езыхэм нэхърэ нэхъ гуащIэмащIэ лъэпкъхэр зрагъэдаIуэу, ахэри яхэту тхыдэ тхыгъэжьхэм кIахэ адыгэу къыхэщхэрауэ.
Жэней адыгэ лъэпкъым щхьэхуитыныгъэр зыпищI щымыIэу къэгъуэгурыкIуащ. Ахэр лIыгъэ яхэлъу куэдрэ езэуащ кърым тэтэрхэм. Тенджыз ФIыцIэм и Iуфэм пащтыхь быдапIэхэр щагъэуву, къэзакъхэр къыIуагъэтIысхьэу хуежьа нэужь, жэнейхэм Псыжь и сэмэгурабгъу лъэныкъуэр хэщIапIэ ящIащ. Пщыхэмрэ уэркъхэмрэ зыхэмыкI зауэ кIыхьхэм, Кавказ зауэжьым, ИстамбылакIуэм жэней адыгэхэм ящыщу къелар мащIэщ. Иджы зэгуэр лъэщу щыта жэней лъэпкъым щыщу къэнахэм я жылэр Пщыщ псым Iус Чэрэней и закъуэщ.
Жэнейхэр, адыгей литературэбзэм иропсалъэ.

ГушыIэ

Даутэч

Пасэ зэманыжьым ДаутэчкIэ еджэу зы лIыжь цIыкIу гуэр къуажэм дэсащ. Ар чы-бжэгъум къыхэщIыкIа бгъэныщхьэ унэ лъэбышэжь цIыкIум щыпсэурт. Нэхъыбэм абы и унагъуэм пцIащхъуэм худрапхъеин ерыскъы илътэкъым. Абы и унагъуэр зыкъуэсыр хьэнтхъупс нэкIэпсыжэрэ къалмыкъ шей къарэрэт.
Даутэч лъагъунлъагъу и щхьэусыгъуэу хьэщIапIэ кIуэрейт. Мыбдеж абы и Iуэхур нэхъ къыщикIырт: нэхъ ерыскъы щIэщыгъуэ гуэрхэр кърагъэшхырти, къаутIыпщыжырт. Ауэ и гъаблэгур зэи зэрыхуимыгъэкIым иригъэсауэ, абы шхэкIэ хьэлэмэт иIэт. Псалъэм папщIэ, шатэрэ пIастэрэ къытрагъэувамэ, пIастэм нэхъ трикъузэрти, шатэр къыкIэригъэхурт. ИтIанэ: «ПIастэр мащIэщ, шатэр куэдщ ди шыпхъу!» - жиIэрти, унэгуащэм хъыбар иригъащIэрт. Абы иужькIэ шатэм нэхъ трикъузэрти, пIастэр и ужь къригъанэрт. Аргуэрыжьти: «Шатэр мащIэщ, пIастэр куэдщ, ди шыпхъу!» - жиIэрти, унэгуащэм егуоурт. Апхуэдэххэт: «ПIастэр мащIэщ, шатэр куэдщ; шатэр мащIэщ, пIастэр куэдщ!» - жиIэурэ и ныбэр къэпкIыху щыст.
Зэгуэр Даутэч хьэщIапIэ щыIауэ къэкIуэжащ. Унэм зэрыщIыхьэжу, абы и щхьэгъусэм хьэнтхъупс нэкIэпсыжэ къыхутригъэуващ: «Тобэ, тобэ! - жиIащ Даутэч, хьэнтхъупсыр бжэмышхкIэ зэIищIэурэ. – Сыту гъэщIэгъуэн мыр? Мы ди гъащIэр пкIэлъейм хуэдэщ: зэ уеIэтри шатэмрэ пIастэмрэ убгъэдегъэтIысхьэ, зэи укъредзыхыжри хьэнтхъупс нэкIэпсыжэм укъыбгъэдегъэхутэж!»
Даутэч зы хьэнтхъупс бжэмышх къыхихри еIубащ. ЩеIубым зы хугу хьэдзэ цIыкIу къызэрыпэщIэхуам щыгуфIыкIри: «Сэламун-хьэлейкум, хугу цIыкIу!» - жиIэри сэлам ирихащ. Абы иужькIэ мащIэу зыIурыбзаери:
- Уа, фызыжь, мы уи хьэнтхъупсыр сыту мышу хуэдэ?! – жиIэри и щхьэгъусэм хущIэплъащ.
Фызыжьыр факъырагъэм зи щхьэр иригъэужэгъуауэ тэмакъкIэщI гуэрти:
- Сыт мыбы мышыути шыугъэти жыхуиIэр? – жиIэщ, къеуэри лIыжьыми пыIэ къуацэр къыщхьэриудащ.
Даутэчи, къэрабгъэ гуэрти, гужьейри, щIыбым къыщIэлъэтащ. КъыщIэлъэтри бжэщхьэIум деж увыжауэ щытт: «Ярэби, мышыути шыугъэти жызмыIэу, сыщIыхьэу си пыIэр къыщIэсхыжын?» - жиIэу.
Ауэ, пцIы сыт щхьэкIэ упсын хуей: къыщIихыжыфарэ къыщIимыхыжыфарэ сщIэркъым.

Дудар Хьэутий.

ЖыIэгъуэхэр

Банэр хьэхэм я закъуэкъым

♦Фадэм кърихур гум илъым и закъуэкъым, щхьэм илъри дегъакIуэ.
♦Лъыхъу куэд зиIэр къыдэнэри, зы закъуэ фIэкIа къызылъымыхъуар яшащ.
♦Фадэ пIащIэм лъэр щIеуд.
♦Абы и пэжыр бжыхьым ирапхащ.
♦Зи псалъэ темытыжым жыхьэнмэр и унапIэщI.
♦Щхьэ зимыIэм сыт щхьэц зэрищIынур?
♦ПцIы зыупсрэ псэ фIейрэ.
♦УщIалэну фIыщ, ауэ ущIалэфIыну нэхъыфIыжщ.
♦«И шыфэлIыфэр сыт хуэдэт?», - жаIэу щыщIэупщIэм, шыфи лIыфи имыIэу къыщIэкIащ.
♦Телъыджэ слъэгъуащ, жыпIэу умыгъэщIагъуэ, щIагъуэ щыплъагъунур япэкIэщ.
♦МыхъуакIуэуи былым щыIэщ.
♦Алыхьыр къыпхуэупсэнумэ, псэуэгъу тынш къует.
♦ЩIалэм щIалэ и Iуэхущ, жьым и Iуэхур сыт?
♦Хьэрэмыр зищIысыр зымыщIэм, хьэлэлми хищIыкI щыIэкъым.
♦Банэр хьэхэм я закъуэкъым.
♦Бзу пэтрэ иIэ мащIэмкIэ и лъэпкъэгъухэм ядогуашэ.
♦Вы тIыса имыгъэтэджми, цIыхур имыгъэтIысу кърехуэкI.
♦Бзуубзэр умыщIэми хъунущ, уи бзэр пщIэжмэ.
♦Кхъужь мыхъур щылъмэ, мэтIыгъуэ, мыIэрысэ мыхъур щылъмэ, мэф.
♦МафIэм имыс яжьэ хъуркъым.
♦КIуапIэ зимыIэм жапIэ дэнэ кърихын?
♦Iэжьэгъур хэкIуадэри зэзауитIыр зэкIужащ.
♦УкIытэ зиIэ бей хъурэ?
♦ЩIыхуэ къыщыпщтэкIэ, зэрыптыжын хуейри пщIапхъэщ.
♦Псапэхьэ ежьати, гуэныхь къихьри къэкIуэжащ.
♦ЩIэблэ къызыщIэмыхъуэр лъэпкъ хъуркъым.

КIуантIэ Iэзид.

Ущие зыхэлъ хъыбар

Губзыгъэмрэ делэмрэ

Хъуэжэрэ Дизыкъуажэрэ зэныбжьэгъушхуэт. Зэгуэрым а тIур зэхуэзауэ Хъуэжэ Дизыкъуажэ еупщIащ:
- Дауэ губзыгъэмрэ делэмрэ зэрызыхэбгъэкIынур? – жиIэри.
- Iау, Хъуэжэ, а упщIэмкIэ сэ зыкъысхуумыгъазэу Жэбагъы уеупщIамэ, абы и деж жэуап тэмэм нэхъ щыбгъуэтынт.
- Сыту гъэщIэгъуэн, жыпIэрэ уэ?! Жэбагъы псэужамэ, шэч хэмылъу, а упщIэр абы фIэзмыхынт.
- Сыт щхьэкIэ, уэ иджыри къэс ущымыгъуазэу ара ди зэманми Жэбагъы дызэриIэм?
- Уэ зи гугъу пщIыр философышхуэ жаIэу кърашэкIырагъэнщ. Хьэуэ, апхуэдэ «цIыхушхуэхэм» я зэманыр ди упщIэ мыхьэнэншэхэмкIэ дгъэкIуэдынкъым, - жиIащ пыгуфIыкIыурэ Хъуэжэ.
- АтIэ, апхуэдэ упщIэр сэ къыщызэпхьэлIакIэ, си еплъыкIэр бжесIэнщ, - жиIащ Дизыкъуажэ. - Губзыгъэм хузэфIэмыкIынумкIэ цIыхур къигъэгугъэркъым. Iуэху иIэмэ, зэрыхъунур зыпимылъытауэ, кърихьэжьэнукъым. ЗыгуэркIэ щыуагъэ IэщIэкIамэ, и щхьэр зэригъэзэхуэжынум хэмыту, и къуаншагъэмкIэ зиумысыжыфынущ. КъищынэмыщIауэ, «къуэгъэнапIэ фочауэ» жыхуаIэ хьэлым фIыуэ хуэхейуэ щытынущ. Аращ сэ уи упщIэм и жэуап нэхъыщхьэу къэслъытэр. АдэкIэ уэ узэреплъщ, Хъуэжэ.

Пщыбий СулътIан.

Фэ фщIэрэ?

ЦIэ дапщэ иIэ Iуащхьэмахуэ?

Европэм и Iуащхьэ нэхъ лъагэ дыдэ Iуащхьэмахуэ (Эльбрус) ижь-ижьыж лъандэрэ лъэпкъ куэдым фIыуэ яцIыху икIи ялъагъу. Лъэпкъ къэси абы езым и цIэ фIищащ.
«Эльбрус» псалъэр персыбзэщ, «Iуащхьэ лъагэ» жиIэу аращ. Иранми абы ещхь Iуащхьэ щыIэщ, «Эльбрус»-кIэ еджэу. Абхъазхэм «Орфитуб» жаIэ – «ФIыгъуэ къызыдэкIуэ Iуащхьэ» жиIэу аращ. Балъкъэрхэм «Минги Тау» жаIэ – «Минхэм я Iуащхьэ» къикIыу». Адыгэхэм «Iуащхьэмахуэ» жаIэ – «Насып къызыдэкIуэ Iуащхьэ» кърагъэкIыу.

Алыфбейр къызэрагупсысар

ЯпэщIыкIэ псалъэхэр, пычыгъуэхэр къызэрыкI сурэт цIыкIухэр къагупсысащ. Нэхъ кIасэIуэу финикийсондэджэрхэм хьэрф языныкъуэхэр кърагъэжьащ, ауэ ахэр хьэрф дэкIуашэт. ИтIанэ ди эрэм и пэкIэ IX-VIII лIэщIыгъуэхэм пасэрей алыджхэм хьэрфзешэхэри кърагъэжьащ икIи абыхэм я тхыбзэр «альфэрэ» «бетэу» зэхэтт.
Урысхэм я деж ар къэсащ икIи славяныбзэкIэ «аз», «бука» хъуащ, абыи къытекIащ «азбука» псалъэр. Дунейм тет лъэпкъхэм я нэхъыбэм езым я алыфбей къагупсысакъым, нэгъуэщIхэм яйхэр къагъэсэбэпауэ аращ. Дэри, адыгэхэми, урыс алфавитыр къыдогъэсэбэп.

 

Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

17.04.2024 - 11:43 НОБЭ
16.04.2024 - 11:18 Псалъэжьхэр
16.04.2024 - 07:08 НОБЭ