ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэ

Тырку Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ, Кавказ Ищхъэрэм и президенту щыта Куэцэ Пщымахуэ и кхъащхьэм пщIэ хуащIыну илъэс къэс Кавказым икIахэр йокIуалIэ. 2015 гъэ,  Ферикёй

Куэцэ Пщымахуэ псоми зи цIэр зэхаха, ауэ зыми фIыуэ имыцIыху цIыху цIэрыIуэхэм ящыщщ. Ауэ щыхъукIэ Кавказыр Урысейм зэ­рыхэт лъандэрэ къэралыгъуэм узэрыдекIуэкIын Iэмалу Бгырыс республикэм нэхърэ нэхъыфI ­къагупсысауэ тхыдэм ищIэжыркъым. Кавказ республикиплI къы­зэщIэзыубыда а тепщэгъуэ цIыкIум и президенту ди лъэпкъэгъу зэрытетаращ и щхьэусыгъуэр ­Урысей Федерацэмрэ Азербайджанымрэ теннисымкIэ щIыхь зиIэ я тренер Куэцэ Руслан дыщIы­хуэзам.

- Ахэр зэкъуэшиплI хъууэ щытащ. Си адэшхуэ дыдэр Аслъэмырзэт, ар зэкъуэшиплIым я нэхъыжьт, Пщы­махуэ абы къыкIэлъокIуэ, Исмэхьил нэхъыщIэт. Иджыри къуэш еплIанэ яIащ, ауэ ар сурэтым щIимытыр сщIэркъым. Сэ Пщымахуэ и къуэш нэхъыжьым срикъуэу аращ.
- УзэрыцIыкIурэ зэхэпха гуэрхэр…
- ЖызыIэжар ди адэрами ди анэ­рами сщIэжыркъым, ауэ зэхэсхыжахэм ящыщу сигу къинэжар мыращ. Бгырыс республикэм и Тхьэмадэу щылажьэм, Пщымахуэ здэщыIэр Тэрчкъалэт (Владикавказ). Арати, Сэрмакъ (абы щыгъуэ - Бабыгуей) дэс и адэ ТIэмашэ и деж къэкIуэжри, мыпхуэдэу къыжриIащ: «Ди адэ, мы гъунэгъу къэхъуауэ къакIуэ властым дэ фIыуэ зыри къытхуздихьынукъым. Сытри къыдищIэфынущ. Хэкум дигъэкI, дызыхуеину псори згъэхьэзыращ». Республикэм щриунафэщIкIэ, Iуэхур къыхузэгъэпэ­щыну къыщIэкIынт. «Сыхъум деж кхъухь къыщытпоплъэ, абы нэс шыкIэ дыкIуэнщ», - къыжриIащ. Ауэ ТIэмашэ идакъым. «Си хэкум сикIыу зыщIыпIи сыкIуэнукъым. Уэ ухуеймэ кIуэ», - къритащ жэуапу. Мис апхуэдэ щIыкIэкIэ езыр хэкум икIри и адэмрэ и къуэшхэмрэ къэнат жаIэ. Зэман дэкIри, зэадэзэкъуэхэр ягъэ­тIысащ. Ауэ зэкъуэшхэм яз, Исмэ­хьил, щIэпхъуэжыну хунэсат. Лъэп­къыр къыщежьауэ жыхуаIэр Псыжь адрыщIкIэщ. Инжыдж щыгу жыхуаIэ щIыпIэм дыкъикIауэ жаIэ. Сэрмакъи занщIэу къэунэхуакъым-тIэ. ЕгъэджакIуэ гуэр си хэгъэрейщ универ­ситетым щылажьэу. Абы Гумкъалэ жыгей гуэр дэтщ жи иджыри, абдежым ди къуажэр зэрыщытам и фэеплъу. Мис апхуэдэу ди адэшхуэм и адэм ежьэн щимыдэм, Псыжь адрыщI кIуэхэри зыщагъэпщкIуат.
- ЯгъэтIысу къаутIыпщыжа нэужь загъэпщкIуауэ арат?
- Хьэуэ. ЯгъэпIейтеин щIадза нэ­ужь, щIэпхъуэжхэри илъэс зыхыблкIэ къэтахэщ. «Нэхъ Iэуэлъауэншэ хъуа хуэдэщ» жаIэу, къыщекIуэлIэжхэм, епхъуэри яубыдахэщ. СыщыуэнкIи хъунущ, ауэ цIыхуищ зэрагъэтIысар сощIэж: си адэшхуэм и адэ ТIэмашэрэ иджыри цIыхуитIрэ. КГБ-м сыщыщIэупщIэри тхылъымпIэ къе­Iысхауэ щытащ. Абы итщ сэ си адэшхуэр, си адэшхуэм и адэ ТIэмашэ, иджыри ещанэу зыгуэр Налшык щIыунэ гуэрым зэрыщаукIар.
- Адэм и къуэхэр и гъусэу?
- Адэм и къуэхэр и гъусэу. Щхьэу­сыгъуэр гурыIуэгъуэкъым. Бэнэныгъэм хэтакъым, нэгъуэщIкъым.
- Пщымахуэ зэриблагъэра къы­щIэкIынт?
- Ари еныкъуэкъуакъым Совет влас­тым. Еныкъуэкъупауи сощIри, иджыпсту екIуэкI псалъэмакъхэр зэхэп­хыркъэ? Хужьхэмрэ плъыжь­хэмрэ зэрагъэкIужын Iуэху зэрахуэ. Иджы Франджым, Париж, адэ-модэкIэ къыщагъуэтыжу зи хьэдащхьэ къашэж урыс лIыщхьэхэм ­нэхърэ нэхъ зэраныгъэ нэхъыбэ Пщы­махуэ Урысейм къыхуихьыпауэ сощI. Пащтыхь Николай нэгъунэ теухуауэ тобэ къахьыжахэщ, и щIэблэм щыщ­хэр Урысейм къокIуэ. Пщы­махуэ хуэфащэкъэ апхуэдэ пщIэ? Ар сэ си Iуэху еплъыкIэу аращ, зыри хэзгъэ­зыхьыркъым.
- И кхъэлъахэр хэкум зэримытым абы и пщIэр нэхъ цIыкIу ищIыркъым.
- Мы Iуэхухэр къезыхьэжьэу сэри япэу сыкъэзыгъуэтар Хьэтэжьыкъуэ Валерэт. Арат гупыж зыщIари и хьэдэр хэкум къашэжыныр. Захуа­гъэкъэ-тIэ ар? Хуэфащэкъэ? Дэ хэкум папщIэ зыгуэр зылъэкIа ди цIыху­хэм къалэжьа пщIэр яхуэт­щIы­жы­фыркъым. Пщымахуэ ифI Кавказ псом екIат. Кавказ псом и Тхьэмадэу щыщытакIэ, и хэкум папщIэ абы ищIар зэрынэхъыбэжым шэч хэлъкъым. Тыркум зыщIыпIэ деж щы­щIэлъщ, сыт хуэдизкIэ ямыгъэлъапIэми, и хэкум щыIэжкъым.
- Тыркум дыщынэсакIэ, Бэрзэдж Сэфэр и IэдакъэщIэкIыу Пщы­махуэ теухуауэ тхылъ псо тыркубзэкIэ къыдэкIауэ зэхэтхащ.
- СфIэфI дыдэу къэсщэхунт.
- Баку сыт фыIэпхъуэн хуей щIэхъуар, уи адэр дзэм зэрыхэтара?
- Хьэуэ. Пщыти уэркъти жаIэурэ цIыхухэр ягъэкIуэдын щIадза нэужь, ди адэри щысауэ жаIэ, ауэ и пэжыпIэр нэгъэсауэ сщIэркъым. 1910 гъэм къалъхуат ди адэр. А Iуэхухэр къыщежьар 1925 - 1926 гъэхэм ирихьэ­лIэущ. Соловки жыхуаIэм исащ. Илъэс пщыкIухым ит щIалэжь цIыкIуу, уи нэгу къыпхущIэгъэхьэрэ? ИтIанэ «сабийщ» жаIэри къаутIып­щыжа къыщIэкIынщ. КъызэрыкIуэжаи къыздэкIуэжаи тщIэркъым, ди адэм жиIэжыртэкъым ахэр. СщIэр а Iуэхум зэи тепсэлъыхьу зэрыщымы­таращ дэ зэхэтхыу. Зауэм теухуауи мащIэ дыдэт жиIэжыр. Сытми, хьэп­сым къикIыжри Сэрмакъ къэкIуэжа нэужь, благъэ гуэр къигъуэта къы­щIэкIынщ. МазитI-щы, нэхъыбэ ды­дэу илъэс докIри, жэщым зыгуэр къокIуэ: «Ислъам, щIэпхъуэж, пщэдджыжь къэкIуэнурэ уагъэтIысынущ», - къыжреIэ. Илъэс бжыгъэхэмкIэ сы­щыуэнкIи хъунущ, зыми зыри къызжиIэжыртэкъым, псори шынэрт. Ди анэри сыт щыгъуи шынэрт…
- Аращ тхыдэр. Шынэр, и кIэм нэс жамыIэр… Тхылъхэм ит тхыдэ зэ­щIэлыдэр нэгъуэщI зыгуэрщ, щы­Iам темыхуэу.
- Iуэхум щымыщми сщIэркъым, ауэ ди анэм теухауэи бжесIэжынт.
- Псори сфIэгъэщIэгъуэнщ.
- Щхьэлыкъуэ Щэрданхэ ящыщт ди анэмрэ ди анэ шыпхъумрэ. Ахэри уэркъ лъэпкът. Къэбэрдей уэрамым мыин дыдэу унэ гуэр тетащ, хьэрф «Ш» и гупэ блыным тету. Унэ зэтету си нэгум къыщIоувэж.
- Лъэпкъ щIапIэжьу арат?
- НтIэ. Ауэ езыхэр нэгъуэщIыпIэт щыпсэур. А унэм IуэхущIапIэ гуэр къэралым щызэрихьэрт. Хъыджэбз цIыкIухэм я ныбжь нэсри школым еджакIуэ ягъэкIуат жаIэ Совет властым и зэманым. Зы илъэситI хуэдэ щеджа нэужь, красноармеец гуэр къокIуэри, «Щэрданхэ ейр хэт?» - жеIэри щIоупщIэ. Зыр илъэсипщI, адрейр илъэсий хъуми арат. «Дэращ», - жаIэри къотэджхэ. «Пщыхэм я бынхэрат иджы едмыгъэджэжу къэнэжар. Фи хьэпшыпхэр зэщIэфкъуи, зевгъэхь!» - жаIэри къыщIахуж. И адэ Щэрдан Мурат, си адэшхуэр, гупсысэ хэхуат. Сабийхэр емыджэу хъунутэкъым. Лъыхъуэм-лъыхъуэу­рэ, урыс бзылъхугъэ гуэр егъэджа­кIуэу пщIэкIэ къахуещтэ. Аргуэру илъэс-илъэситI докIри, егъэджакIуэр пщыхьэщхьэм бзыщIауэ къокIуэ жи, зыми зыкъримыгъэлъагъууи, къаж­реIэ: «АфIэкIа сыкъэкIуэфынукъым. Сра­джэри, «Пщыхэм я бынхэр ебгъэджэну иджыри зэ укIуэмэ, мыр, мор уэтщIэнущ», - къызжаIащ». Мис апхуэдэу къэнащ ди анэр илъэситI-щы фIэкIа емыджэу, апхуэдэ гуп­сы­сэкIэ куу иIэу. Ауэ ар иджыщ къыщызгурыIуэр.
Адыгэхэр дызэрыIыгъыфыркъым-тIэ. Гугъу дызэрегъэхьын тфIэфIщ. 1952 гъэм ди адэм зыгуэр «къы­кIэ­щIэтхыхьат». Нобэми тщIэркъым зытхар хэтми. Пщым и къуэти, езыри пщы лъэпкъти сытти жаIэурэ. Ди адэр ­подполковникт, нобэ-пщэдей полков­ник ящIын хуейуэ. НтIэ, ди адэм къыкIэщIэтхыхьын щыщIа­дзэм, ди анэр «Дыдеи къэсынущ», - жиIэри шынащ. «Грамотэ» жаIэу тхылъ гуэр унэм щIэлъауэ жаIэж. ­Пащтыхьым Iэ щIидза хьэмэрэ и ­мыхъур тетт, сытми, уэркъ лъэпкъым дыкъызэрыхэкIар зэрыт тхылъ, сэ слъагъуххакъым. МыбыкIэ «унэ лъап­сэ» зэ­ры­жытIэм хуэдэу, Баку «пщIантIэ» жаIэ. Псынэм ещхьу хъурейуэ унагъуэ зыбжанэ зэхэст, зы куэбжэ зэдагъэбыдэжу. Ди анэшыпхъум и унагъуэмрэ дэрэ дызэбгъурыс зэ­пытт. Арати, зэрыжаIэжымкIэ, жэщу, зыми имы­лъагъун хуэдэу, а «Грамотэ» зэкIуэ­цIы­шыхьамрэ ар зэрагъэ­сын гъущI тепщэчрэ здыщIахри, ди анэмрэ (и цIэр Лейлэт) и шыпхъу Кърымхъанрэ тхылъыр дунейм трагъэбзэхыкIауэ щытащ.
- Баку фыщыщыIэм?
- Абы дызэрыщыIэм хуэдэу ныт­лъэ­Iэсхэрт. Хэкум дызэрикIам хуэдэу.
- Пщымахуэ Тыркум унагъуэщIэ щиухуэжауэ итщ тхылъхэм?
- Пэжщ, Нафисэтт и щхьэгъусэм и цIэр. Псыхуабэ Пщымахуэ ипхъу дэсащ, Заирэ и цIэу. Сипхъуми Заирэ фIэсщащ абы и фэеплъу. Ари доху­тыру зауэм хэтащ. И анэм Пщымахуэ теухуауэ къитха письмохэр сигъэ­лъэгъуауэ щытащ. Нэмыцэу тхылъ­хэм иратхащ, ауэ урыс бзылъ­хугъэт. Хьэтэжьыкъуэр си гъусэу Заирэ ипхъу Ваякинэ Аллэ тлъагъуну ды­кIуауэ щытащ Псыхуабэ. Плъагъуркъэ, ар нэгъунэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къы­дэтIысхьэжын шынэри, Псыхуабэ щытIысат.
- Тыркум щыпсэуху, дауи, фызы­лъэIэсу щытакъым.
- Дауэ дызэлъэIэсынт, уагъэкIуэ­дынут. А зэманым «Хамэ къэралым благъэ щыуиIэ?» - жаIэу иратхэу щытакъэ къэрал дэфтэрхэм. «СиIэкъым», - истхэрт сэри, партым сыхэтти. Ауэ иужькIэ, 1990 гъэхэм, тIэкIу нэхъ хуит хъуа нэужь, къэдгъуэтыжат зыгуэрхэр.
Си анэ дэлъху Батырбэч Америкэм щыпсэуащ, 1993 гъэм дунейм ехы­жауэ аращ. Зауэ зэманым нэмыцэ-хэм гъэру зэраIыгъам щхьэкIэ къэ­мыкIуэжу къэнат. Пэжу ищIат икIи ягъэпсэунутэкъым. Баку, сощIэж, ермэлы щIалитI илъэсищкIэ Сыбырым хьэпсым щрагъэсат, зывмыукIыжу нэмыцэхэм гъэр зевгъэщIащ, жаIэ­ри. Арати, си анэ дэлъхум и пхъум IуэрыIуатэжурэ къигъуэтыжри, хьэ­щIапIи кIуауэ щытащ и деж. Мис абы зыгуэрхэр къыджиIэжауэ аращ.
Пщымахуэ Тыркум щыпсэуащ икIи щылIэжащ. Къулыкъушхуи иIыгъащ, зэрыжаIэжымкIэ. Нобэ «ООН» жы­хуэтIэм щхьэкIэ а зэманым «Лъэпкъ­хэм я лигэ» жаIэу щытащ. НтIэ, мис а Лигэм Тыркум и лIыкIуэу хэтауэ жаIэ Пщымахуэ.

 

Куэцэ-зэщхьэгъусэхэмрэ  я  ныбжьэгъухэмрэ.

Епсэлъар Чэрим Марианнэщ.
Поделиться: