Фестивалхэр Хъыршыным и махуэшхуэУрысейм и махуэм, мэкъуауэгъуэм и 12-м, сыхьэт 11-м Псыкъелъэ цIыкIухэм (Шэджэм Ищхъэрэрэ Хъущтэ-Сыртрэ) щекIуэкIащ «Хъыршыным и махуэшхуэ» республикэ фестиваль зэIухар. Iуэхур зи жэрдэмри къызэзыгъэпэщари декоративно-прикладной гъуазджэм и IэпщIэлъапщIэхэмрэ цIыхубэ IэпэIэсэхэмрэ я «Уста» зэгухьэныгъэрщ. Фестивалыр къыхэзылъхьахэм даIыгъащ Шэджэм район администрацэм, абы щэнхабзэмкIэ и управленэмрэ Шэджэм Ищхъэрэ къуажэ администрацэмрэ. Проектыр зыгъэхьэзырахэм я мурадыр щIэблэм я щIыналъэр фIыуэ ялъагъуу, республикэм ис лъэпкъхэм я щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм пщIэ хуащIу, лIэщIыгъуэкIэрэ къахьэса цIыхубэ художественнэ IэпщIэлъапщIагъэр, декоративно-прикладной гъуазджэр, щэнхабзэр, къэрэшей-балъкъэр лъэпкъхэм я хабзэхэр яджыну, ахэр яхъумэну, зрагъэужьыну къыхураджэнырщ. Апхуэдэу фестивалыр къызэзыгъэпэщахэм зыхуагъэувыжа къалэныр цIыхубэм щIыналъэм и тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ гулъытэ хурагъэщIынырщ, я къежьапIэхэм, къэралым цIэрыIуэ щыхъуа балъкъэрхэм я лъэпкъ шхыныгъуэм - хъыршыным - хагъэгъуэзэнырщ. Проектым и къалэн нэхъыщхьэр - къызэрыгуэкI махуэхэм, махуэшхуэхэм япщэфI лъэпкъ шхыныгъуэхэр, хъыршыныр, зэрагъэхьэзыр щIыкIэхэр яхъумэну къыхураджэнырщ, хьэщIэм хуащIу щыта лъэпкъ хабзэхэр хэIущIыIу ящIынырщ.
Поделиться:
Читать также:
23.04.2024 - 19:01 →
ГъуэгуфIхэр нэхъыбэ мэхъу
23.04.2024 - 13:54 →
Зэхуэсышхуэм зыхуагъэхьэзыр
23.04.2024 - 12:52 →
Компьютер щIэпхъаджащIэхэм щахъумэ
23.04.2024 - 10:48 →
Iуащхьэмахуэ куэдым я плъапIэщ
20.04.2024 - 10:52 →
Ветеранхэм гулъытэ хуащI
|