Iустаз Iущ

ЕУЭРИ зы Iустаз Iущ псэурт. Бын иIэтэкъым, и щхьэгъусэр дунейм ехыжати, и закъуэ дыдэу гъащIэр ирихьэкIырт. «Сыт сэ сызыхуэныкъуэжыр? Си мылъку тIэкIур псапэу сабийхэм ятезгъэкIуэдэнщ», - жиIэри и унэм цIыкIухэр щIигъэтIысхьауэ иригъаджэрт, игъашхэрт, ихуапэрт.
Зэгуэрым, Iустазыр жейуэ, унэм дыгъуищ екIуалIэри, ахъшэу иIэр къаритыну бысымым паубыдащ.
- Хъунщ, къафщтэ псори! Си гугъу къэвмыщI закъуэ, - жиIэри ахъшэр здэщылъыр яригъэлъэгъуащ. Къагъуэтауэ хъуар къащтауэ дыгъухэр щыщIэкIыжым, Iустазым абыхэм захуигъэзащ:
- ФымыпIащIэмэ, кхъыIэ, тIэкIу федзакъэ, фымэжалIэ къыщIэкIынщ!
- Уэ лIыжьыр щхъухь зэрыдбгъэшхын Iэмал улъыхъуэу аращ! - зэрыгъэкIиящ дыгъухэр.
- ЖысIэр фи фIэщ мыхъумэ, фэ езыхэр фыпщафIи фышхэ. Мис лы, прунж.
Дыгъухэр, пцIы хэмылъу, мэжалIэрти, арэзы хъуахэщ.
- Тшхыныр хьэзыр хъуху таурыхъ къыджеIэ, - къэгушхуащ щIэпхъаджащIэхэр, бысымым тIэкIу еубзэжмэ яфIэфIу.
Арати, Iустазым щIедзэ:
- Еуэри зылI псэурт, пхъэгъэсын мэзым къришурэ, абы къыщIэкIымкIэ и унагъуэр зыхуей хуигъазэу. Махуэ къэс абы зы пхъэ IэплIэ и плIэм телъу бэзэрым ихьырти, къылъысымкIэ арэзыуэ и гъащIэ тIэкIур ирихьэкIырт.
Зэгуэрым ар мэлыхъуэ гуэрым IущIащ.
- Уи хъушэр убагъуэ, щIалэ!
- Упсэу, къуэш!
- Мы мэлхэр ууей?
- Сысейщ, - жи щIалэм. - Си адэм Iэщ и куэдщ, дэ дыкъулейщ!
- Пэжщ, - жиIащ лIым, - Iэщ фи куэдщ. Уэ сытым ухуэIэзэ езыр?
- Мэл схуогъэхъу.
- Мэл гъэхъунри хъерщ, ауэ къызэдаIуи, зыгуэр пщIэфу зегъасэ, IэщIагъэ зэгъэгъуэт.
Зэман докIри, а тIур зэхуозэж.
- ЛIо, зебгъэса зыгуэрым?
- Хьэуэ, - жиIащ щIалэм. - Сыт сэ сыщIеджэнур? Сэ сыкъулейщ. Еплъ мы си хъушэм и куэдагъым.
- Iэщым ущымыгугъыу, IэщIагъэ зэгъэгъуэт, щIалэ, ущIегъуэжынщ, - ар иущийуэ щIидзэжащ лIым.
 - Ухэт уэ, сэ сыбгъэсэжыну? - къыхуэгубжьащ абы мэлыхъуэр.
- УзэрегуакIуэщ, ауэ зэгуэр уигу сыкъэкIыжынщ, - жиIэри лIыр ежьэжащ.
Зэман докI. Зэгуэрым лIыр къуажэкIэм деж щыт унэ фэншэ гуэрым блэкIырт. Унэм сабий гъы макъ къыщIэIукIырт, щIыхьэпIэми фейцейуэ хуэпауэ лIы къуэгъу гуэр къытеуващ. ЛIыр абы еплъри, мэлыхъуэ щIалэр къицIыхужащ.
- Мыр сыт, щIалэ, къыпщыщIар, сыту уфагъуэ? - йоупщI лIыр мэлыхъуэм.
- УщIэмыупщIэ! ЖыпIар махуэ къэс сигу къокIыж.
- ЛIо къэхъуар?
- Си мэлхэм уз къахыхьэри, къулейсыз сыхъуащ. IэщIагъэ гуэрым зегъасэ къызжепIэ пэтрэ, сынодэIуакъым, иджы си бынхэр шхын щхьэкIэ зэтолIэри магъ, - жиIэри мэлыхъуэм езым и нэпсхэри щIилъэщIыкIащ.
- Умынэщхъей, - жриIащ абы лIым. - Нэхъыжьхэм ауэ жаIэркъым: фIыуэ уелIалIэмэ, уэсми мафIэ пхуедзынущ. КIапсэ къащти, си гъусэу пхъашэ накIуэ.
Мэлыхъуэр гуфIэжу арэзы хъущ, кIапсэшхуэ къищтэри, тIури зэгъусэу мэзым кIуащ. ЛIым тIуми яхурикъун пхъэ пиупщIщ, зэкIуэцIипхэжри, ар бэзэрым яхьащ. Пхъэ ящам къыщIэкIа ахъшэмкIэ нартыху лэкъум къащэхуащ. ЛIым лэкъумхэр Iыхьищу игуэшри, езым зы Iыхьэр къищтащ, мэлыхъуэм IыхьитIыр иритащ.
- ИIэ, пщэдеи мэзым пхъашэ дыгъакIуэ, - къелъэIуащ абы мэлыхъуэр.
ЛIыр арэзы хъуащ. ЕтIуанэ махуэм уэшх къешхат, ауэ и псалъэм емыпцIыжу, лIым кIапсэрэ джыдэрэ къищтэри ар мэлыхъуэм и деж къэкIуащ. Мор къыпэплъэу щыст.
- Уи фIыгъэкIэ си сабийхэр дыгъуасэ я ныбэ изу гъуэлъыжахэщ, - фIыщIэ къыхуищIащ абы лIым.
Арати, зэныбжьэгъухэр аргуэру мэзым макIуэ. Гъуэгу тет пэтрэ уэшхым хиубыдэхэри, бгъуэнщIагъ гуэрым зыщагъэпщкIун хуей хъуащ. ЛIыр бгъуэнщIагъ блыным джыдэкIэ зэрымыщIэкIэ жьэхэуэри, «дзыргъ» гуэр къэIуащ. Мывэ къэтIэсхъар блыным къыхихрэ еплъмэ - дыщэ къыхоцIуукI.
- Уей, къуэш, дыщэ къэзгъуэтам! - кIиящ лIыр.
Мэлыхъуэр къыбгъэдыхьэри, тIури зэгъусэу блыным еуэурэ дыщэр къыхахын щIадзащ.
ЛIым дыщэр Iыхьищу игуэшащ.
- ТIур уэ къащтэ, уэ сабий уи куэдщ, - жриIащ абы мэлыхъуэм. - Сэ зы Iыхьэми срикъунущ.
Мэлыхъуэм фIыщIэ зэрищIыну псалъэ хурикъуртэкъым, апхуэдизкIэ гуфIати. Абы и дыщэ Iыхьэр псынщIэу къэпым иригъэзэгъащ. ЛIыми и дыщэ Iыхьэр къищтэжри къежьэжахэщ. Ауэрэ, гъуэгу здытетым, зэныбжьэгъухэр загъэпсэхуну мэтIыс. Абдежым мэлыхъуэм и гум нэпсеягъэ къихьащ. Ар нэхъри нэхъ къулеиж хъуну хуейт.
«Мыр сыукIрэ и дыщэр къасщтэмэ, япэм сызэрыщытам хуэдэу къулей сыхъужынущ», - игу къэкIащ абы. Джыдэр къищтэри къыщылъэтащ.
ЛIым къыгурыIуащ абы игу илъыр.
- Зэ умыпIащIэ, сумыукI, уэсят сщIыжыну сыхуейщ, - жиIащ абы. - Сэ сабий сиIэкъым, ауэ си фызыр уэндэгъущ. Къуэ къысхуалъхумэ, КъыздэIэпыкъу фIэщ.
Мэлыхъуэм лIыр иукIщ, и дыщэр къищтэри, бей хъуащ.
ИукIам и фызыр лъхуауэ щызэхихым, мэлыхъуэм сабийм и адэм и уэсятыр зэуэ игу къэкIыжри, ар игъэзащIэмэ и гуэныхьыр къыхуэгъуну къыфIэщIа - сытми, фызабэм деж кIуэри, и лIыр ицIыхуу зэрыщытари, къуэ къыхуалъхумэ КъыздэIэпыкъу фIищыну зэрыхуеяри хуигъэхъыбаращ, цIыхубзми и гуапэу игъэзэщIащ дунейм ехыжам и уэсятыр. Ауэ, зэрыкъулейсызыр илъагъу пэтми, мэлыхъуэр цIыхубзым зы щайкIи пэIэбакъым. Езы тхьэмыщкIэр и лIыр къызэрыщхьэщымытыжрэ къазыхъуэу увауэ лажьэрт.
Зэгуэрым хъаныр къуажэмкIэ кIуэцIрыкIырт, и дзэр и гъусэу. Фызабэм и сабийм шыхэр къытеувэнкIэ гузавэри: «КъыздэIэпыкъу! КъыздэIэпыкъу!» - жиIэри еджащ.
Iустазым мы псалъэхэр хэкъузауэ щыжиIэм, адрей пэшым щыжей и гъэсэнхэр къэушри, псори жэрыжэкIэ абы и деж къэжахэщ.
- ЗэкIуэцIыфпхэ мыхэр! - унафэ ищIащ Iустазым.
- Мис аращ, - захуигъэзащ абы дыгъухэм, - нэм куэд илъагъуми, гур нэхъ жыжьэ маплъэ.
Дыгъухэм абдеж къагурыIуащ Iустазыр къазэребзэджэкIар. ХэкIыпIэ къащыхуэмынэм, къэлъэIуащ:
- Дауэ-тIэ Iуэхур зэриухар?
- Зэриухаращ, - пищащ Iустазым таурыхъым. - Фызабэм «КъыздэIэпыкъу» жиIэу хъаным зэрызэхихыу, шым къепсыхри къыбгъэдыхьащ.
- Сыт ухуэныкъуэ, ди шыпхъу? - жиIэри.
- Тхьэр арэзы къыпхухъу, зиусхьэн, - итащ цIыхубзым Iэнкуну жэуап. - КъыздэIэпыкъур си къуэм и цIэу аращ. Шы лъэгум щIэхуэмэ жысIэри, сыгузавэу седжауэ аращ.
- И адэр дэнэ щыIэ? - щIэупщIащ хъаныр.
- Мэзым пхъашэ кIуэри къэкIуэжакъым.
- Хэт-тIэ щIалэ цIыкIум цIэ фIэзыщар?
- И адэм и ныбжьэгъум.
Хъаным «ныбжьэгъур» къраджэну унафэ ищIащ. Абы фIэкIа хэмылъу, зауэлIхэр мажэри мэлыхъуэр къагъэс.
- Уэра щIалэм КъыздэIэпыкъу фIэзыщар?
- Сэращ, - жеIэ мобы.
- Дэнэ а цIэр къыздикIар, пэжыр жыIэт! - пхъашэу щIоупщIэ хъаныр.
- Ар и адэм и уэсятт.
Абдежым хъан Iущым гурыщхъуэ ищIащ Iуэхум щIэхъума гуэр зэрыхэлъыр. ЩIэупщIэм игъэшынэурэ, абы мэлыхъуэр хуэм-хуэмурэ къиумысащ. Лей зезыхьар наIуэ хъуа нэужь, хъаным мэлыхъуэр иригъэукIри, и мылъкур зэанэзэкъуэм кърыригъэтащ. Езыри гъуэгу теувэжащ.
- Мис аращ, - иухащ и хъыбарыр Iустазым, - фымынэпсей, фымыфыгъуэ. ИкIи зыщывмыгъэгъупщэ: хьэрэмым шэсар гува-щIэхами къепсыхынущ, зэгуэр къыщIэмыщыжын щэхуи щыIэкъым.

 

ФатIимэ

ФАТIИМЭ цIыкIу и анэр пасэу дунейм ехыжат. Куэд дэмыкIыу, абы и адэм нэгъуэщI фыз къишэжащ пхъу щIэсу. ФатIимэ  цIыкIу и гъащIэр кIыфI къэхъуащ. АнэнэпIэсым езым и пхъур игъэщIэращIэрт, бостей лъапIэхэр къыхуищэхурт, ерыскъым я нэхъ IэфIыр лъигъэсырт. ФатIимэ цIыкIу жэщи махуи игъэлажьэрт, Iэнэм къытрана кIэрыху-бжьэрыху фIэкIа иригъэшхыртэкъым, зэрихуапэри жьыфэ къытезыгъауэ щыгъын тIорысэ защIэт.
Унэ Iуэхухэр зэрыщыту хъыджэбз цIыкIум и пщэ дэлът: анэнэпIэсым ар нэху мыщу къигъэушырти, псыежэхым нэс псыхьэ игъакIуэрт. ИтIанэ хьэкум мафIэ ирищIэн, пщIантIэр къипхъэнкIын, жэм къишын хуейт. Унэ Iуэхухэр зэфIэкIа нэужь, хъыджэбз цIыкIум я жэмыр дихуу, махуэ псом игъэхъуэкIуэн хуейт. ХъупIэм щыIэху, джэгуурэ зэман имыгъэкIуэдын щхьэкIэ, цы иджыну и къалэнт.
Зэгуэрым ФатIимэ жэм игъэхъуу, цы иджу губгъуэм ист. Дыгъэр хуабэт, цыкIуэкIри нэжэгужэу кIэрахъуэрт. Асыхьэтым жьы къыкъуэущ, цы хъурейр къипхъуатэри бгымкIэ ирихьэжьащ. Сытыт ФатIимэ ищIэжынур? И цы топым и ужь иту щIэпхъуащ. Жэм-жэурэ, ар иныжь цIыхубз зыщIэс бгъуэнщIагъым и пащхьэм къыщыхутащ. Фызыжьыр ФатIимэ къоплъри жеIэ:
- КхъыIэ, си хъыджэбз цIыкIу, бгъуэнщIагъ лъэгум илъ дыжьыныр къысхуэщыпыж.
ФатIимэ псынщIэу дыжьыныр къищыпыжри, Иныжь Нанэм иритащ.
- Иджы уи бгырыпх цIыкIур зыщIэхи, уи жыпхэм илъым сегъэплъыт.
Ари ищIащ ФатIимэ. Иныжь Нанэм илъэгъуащ хъыджэбз цIыкIум зы дыжьын дзакIэ къызэримыщтар.
- Иджы сэ сыжеину согъуэлъри, къызбгъэдэс. БгъуэнщIагъым псы хужь кърижэу хуежьэмэ, сыкъэгъэуш.
Иныжь Нанэр Iуриха къудейуэ, бгъуэнщIагъым шэм хуэдэу хужьу псы кърижэн щIидзащ. Хъыджэбз цIыкIум Нанэр къигъэушащ. Иныжь Нанэр къэушщ, ФатIимэ и напэр хуитхьэщIри, гъуджэм бгъэдишащ. ФатIимэ гъуджэм йоплъэри, зыкъыхуэцIыхужыркъым: и зы нэкIущхьэр дыгъэм хуэдэу мэлыд, адрейр мазэм хуэдэу мэпщIыпщI. Езыми данэ бостей зыкъизых къыщоцIуукI.
- Тхьэр арэзы къыпхухъу, - гуапэу Нанэм фIыщIэ хуищIщ ФатIими, и жэмым деж кIуэжащ.
Дыгъэр къухьа нэужь, ФатIимэ и жэмыр ихужри кIуэжащ. Хъыджэбз цIыкIур къуажэм ирокIуэри, пщащэ тхьэIухудыр ФатIимэ зеиншэ цIыкIурауэ зыми игу къэкIыркъым. АнэнэпIэс бзаджэм и мылъхупхъур къызэрилъагъуу, фыгъуэм къигъэлыбащ.
- КъызжеIэт, си хъыджэбз цIыкIу, дэнэ мы бостей дахэр къыздипхар? Сыт апхуэдизу укъэдмыцIыхужу дахэ ущIэхъуар?
ФатIимэ къэхъуа псори жиIэжащ: жьым цы топыр зэрырихьэжьари, бгъуэнщIагъым зэрынэсари, Иныжь Нанэм зэрыIу-щIари, абы дыжьыныр къызэрыхуищыпыжари, псы хужьми гъуджэми я хъыбарыр хэтыжу.
АнэнэпIэсри хуейт и пхъур хъыджэбз дахэ хъуну. Арати, етIуанэ пщэдджыжьым ФатIимэ зигъэпсэхуну къегъанэри, езым и хъыджэбзым жэмыр дрырегъэху. Абы жэмыр ФатIимэ и хъупIэм нигъэсри, цы иджыну тIысащ, и анэм зэригъэIущам хуэдэ дыдэу. Арати, жьыр къыкъуоу, цы топыр ирехьажьэ. АнэнэпIэсым ипхъури, жьыр къыщIэрыIэурэ, цы топым кIэлъожэ. Жэм-жэурэ, Иныжь Нанэр зыщIэс бгъуэнщIагъым нос. Иныжь Нанэр хъыджэбз цIыкIум къызэрыIуплъэу къолъэIу:
- КхъыIэ, си хъыджэбз цIыкIу, мы бгъуэнщIагъ лъэгум ипхъа дыжьыныр къысхуэщыпыж.
АнэнэпIэсым и пхъум псори къищыпыжащ, ауэ дыжьын нэхъ кIанэшхуэу хэлъхэр езым и жыпым ирилъхьащ.
- Иджы уи бгырыпхыр зыщIэхи уи жып цIыкIухэм сигъаплъэт, - жиIащ Иныжь Нанэм. И бгырыпхыр зыщIихрэ и жыпхэр къиунэщIмэ, дыжьын кIанэшхуэхэр къоху.
Иныжь Нанэр къэгубжьащ, ауэ зыкъримыгъащIэу хъыджэбз цIыкIум зригъэщIэжыну мурад ищIащ.
- Иджы сэ сыгъуэлъынущи, уэ къызбгъэдэс. БгъуэнщIагъым псы фIыцIэ кърижэн щIидзэмэ, занщIэу сыкъэгъэуш.
Иныжь Нанэр зэрыIурихыу, бгъуэнщIагъым псы фIыцIэ кърижэн щIидзащ. АнэнэпIэсым и пхъум Нанэр къигъэушащ. Фызыжьыр къэтэджри, хъыджэбз цIыкIум и нэкIур псы фIыцIэмкIэ хуитхьэщIащ. ИтIанэ гъуджэм бгъэдишащ. АнэнэпIэсым и пхъур гъуджэм зэриплъэу кIиящ: и зы нэкIу лъэныкъуэр хьэм ейм ещхьт, адрейр номиным ейм хуэдэт. Ар жэрыжэкIэ къыщIэжщ, баш къищтэри, и къару къызэрихькIэ жэмым еуэн щIидзащ, и губампIэр зи бзэ мыпсалъэ тхьэмыщкIэм трикъутэу. Дыгъэр къухьэу пшапэр зэхэуэн щIидза нэужь, жэмыр унэм ихужащ.
ИрокIуэ анэнэпIэсым и пхъур къуажэм. КIыфI хъуами, цIыхухэр абы къызэрыIуплъэу, щтэурэ зыIуадзырт. Сыт ищIэжынт анэнэпIэсым и пхъум - и анэм деж жащ. АнэнэпIэсыр абы зэрыIуплъэу, къыгурыIуащ и пхъур Иныжь Нанэм и гум зэрыдэмыхьэфари, зригъэцIыхужын щхьэкIэ игу къызэрытригъэзэгъари. Аргуэрым и губжьыр зытрикъутэн хуейти, Iуэхур къызыдежьа ФатIимэ цIыкIу зридзри, ебгыурэ иубэрэжьын щIидзащ. Абдежым ФатIимэ цIыкIу и адэр кърохьэлIэж. И пхъум лей къызэрытехьэр и нэкIэ щилъагъум, куэдрэ мычэнджащэу, абы цIыхубз ябгэри абы ипхъу сэхъуари пщIантIэм дихужри, и хъыджэбз цIыкIум и гъусэу мамыррэ гупсэхуу псэун щIидзэжащ.

 

ФатIимэ цIыкIу.
Сурэтхэр СЭВКIУИЙ Хьэмид ищIащ.

 

 

 

Дыщэ бзу.

Поделиться: