Балъкъэр лъэпкъымрэ абы и таурыхъхэмрэ

Иджы уэ шыд ухъу!

ЗЫ ЗЭМАН балъкъэр     къуажэхэм языхэзым лIыжьрэ фызыжьрэ щыпсэурт. Ахэр апхуэдизкIэ тхьэмыщкIэти, цIыхухэм къыхуашийм ирипсэууэ арат. Ахъмэт и цIэу зы щIалэ закъуэ яIэти, икIи IэкIуэлъакIуэт, икIи жант, икIи губзыгъэт, езы цIыкIуми, ин хъууэ, и адэ-анэм яшхын къыщилэжьыфыну зэманыр къыхуэгъэсыртэкъым.
Ауэрэ щIалэм щауэ къабзэ, зэкIуж къыхэкIащ. И адэм и щIы кIапэ тIэкIур ивэрт, исэрти, унагъуэм берычэтыр хуэмурэ къихьэн щIидзащ. Къуажэ псом щIалэм и цIэр щыIуат. Хъаным и дежи нэсащ Ахъмэт и хъыбарыр. Хъаным пхъу иIэт, и бзаджагъым щхьэкIэ зыми ишэн имыдэу.
- Мы щIалэр тIэкIу къулейуэ щытамэ, си пхъур естынт, - зэхригъэхащ хъаным и блыгущIэтхэм.
Хъаным ипхъуми Ахъмэт куэд щIауэ нэ ирищат. Ар и адэми игу зэрырихьыр къыщищIэм, еуэри щIалэр ириджащ:
- Къыслъыхъу, ухуеймэ.
Ахъмэт зыри жиIакъым. Хъаным и пхъур къэгубжьащ:
- Сыт зыри щIыжумыIэр?
- Сыт жысIэн? Сэ сытхьэмыщкIэщ, пщэдджыжьым щыщIэдзауэ жэщ хъуху сылажьэу щытми, мылъкушхуэ збгъэдэлъкъым. Уэ хъаным урипхъущ, улэжьэфынукъым. ДэIэпыкъуэгъу укъысхуэхъунукъыми, ди унагъуэми зэгурыIуэ илъынукъым. Зы хъан гуэрым дэкIуи нэхъыфIщ.
Ар жиIэри, Ахъмэт и щхьэр егухауэ ежьэжащ. Пэжыр жыпIэмэ, хъаным ипхъу бзаджэр хъыджэбз дахэт, Ахъмэт абы зэрыIуплъэу, и гум дыхьат. Унэм нэщхъейуэ щекIуэлIэжым, и адэ-анэр къеупщIащ, игу къеуэр зрагъэщIэну. ЩIалэми хъаным и пхъум зэрепсэлъар яжриIэжащ.
ЛIыжь-фызыжьым я жагъуэтэкъым хъаныр благъэ ящIынуи, Ахъмэт елъэIун щIадзащ:
- Къашэ, щIалэ, хъаным и пхъур. Апхуэдэ хъыджэбз дахэ бгъуэтыжынкъым.
Куэдрэ зихъунщIащ щIалэм - къыгурыIуэрт абы хъаным и пхъум зэримыгъэтхъэнур, ауэ адэ-анэри ерыщ екIуат. ИкIэм-икIэжым щIалэ жыIэдаIуэр арэзы хъуащ. Хъаныр зытемыукIытыхьын хьэгъуэлIыгъуэ ящIащ, Ахъмэт къилэжьауэ хъуар трагъэкIуадэу. Уеблэмэ, унагъуэм яшхын къахуэнакъым.
Апхуэдэ гъащIэ хъаным и пхъум хуэхьынт? Ещанэ махуэм и лIым жриIащ:
- Дэ мыпхуэдэу тхьэмыщкIэу дыщIэпсэун щыIэкъым. ИIэ, си адэм деж дыгъэIэпхъуи, дызыхуейр дгъуэту дыпсэунщ, дымылажьэми хъунущ.
- Сэ си адэ-анэ тIорысэр схухыфIэдзэнукъым, абыхэм нэгъуэщI зыщыгугъын яIэкъым. Хэт ахэр зыгъэшхэнур, зыгъэфIэнур? - еупщIащ нысащIэм Ахъмэт.
АрщхьэкIэ хъаныпхъум «ДыгъакIуэ, дыгъакIуэ» фIэкIа къыжьэдэкIыжыртэ-къым. Ахъмэт къызэремыдэIуэнур, хъаным малъхъэнэгъуу зэрыхэмытIысхьэнур къыщыгурыIуэм, ар гъынанэурэ и адэм елъэIун щIидзащ, Ахъмэт унафэ хуищIу сэрейм игъэIэпхъуэну.
- НакIуи, ди деж фыщыпсэу, - жреIэ хъаным малъхэм. - Уи адэ-анэр уэрыншэуи псэуфынущ.
- СынэкIуэфынукъым. Сэ си адэ-анэм факъырэIус къыхахыу щытащ. Уи пхъум жесIат дэ дызэрызэдэмыхъунур. ФIыри Iейри къыздимыгуэшыфынумэ, нрекIуэж.
Хъанымрэ абы и щхьэгъусэмрэ къэгубжьри, Ахъмэт ягу трагъэзэгъэну мурад ящIащ. Хъаным щIопщ къищтэри, Ахъмэт еуащ. ЩIопщыр, къызэрыщIэкIымкIэ, къызэрыкIуэтэкъым - цIыхур сыт хуэдэ псэущхьи хуэщIырт. Арати, Ахъмэт шыд хъуащ.
Хъаныпхъум шыдыр и гуащэ-тхьэмадэм я деж къихури, яжриIащ:
- Си адэм фи къуэр и благъэхэм я деж хъыбарегъащIэ игъэкIуащ. Мы шыдыр саугъэту къывет. Мэзым пхъэ къифшурэ бэзэрым щыфщэнщ, абы фыхэпсэукIынщ.
ЛIыжьым еуэ-еуэу мэзым пхъэ къреш, ещэ. Абы къыщIэкIыр фызыжьымрэ езымрэ яшх. Шыдри жыIэдаIуэщ, лэжьэрейщ. ЛIыжьыр абы хуэгумащIэт, зэи еуэртэкъым, фIыуэ игъашхэрт. Хъаным и пхъур хьэщIапIэ къакIуэмэ, зимыгъэнщIу шыдым щытхъурт лIыжьыр:
- Сыту шыд Iэсэ, сыту лэжьакIуэшхуэ. Тхьэр арэзы къыпхухъу, си хъыджэбз цIыкIу!
АбыкIи игу загъэртэкъым хъаным ипхъуми, нэгъуэщI бзаджагъэ къигупсысащ. И адэм и уд щIопщыр къыIихри, лIыжь-фызыжьым я деж кIуащ. Бом щIыхьэри, щэхуу шыдым еупщIащ:
- ЦIыху усщIыжмэ, дыбгъэIэпхъуэн хъаным и сэрейм?
Шыдым и щхьэр ищIащ, «Хьэуэ» жыхуиIэу.
Хъаным и пхъур къэгубжьри: «Хьэ ухъу-тIэ!» - жиIэурэ шыдым щIопщымкIэ еуащ.
Хъаныпхъур бом къыщIэкIыжри пщIантIэм къыдыхьащ. И тхьэмадэр къыщыхуэзэм къеупщIащ:
- Си къуэр щIэх къэкIуэжыну пIэрэ, си хъыджэбз?
- ЩIэх къэкIуэжыну фыщымыгугъ, - итащ жэуап хъаныпхъум, - си адэм ар жыжьэ игъэкIуащ.
Ар жиIэри, сэрейм кIуэжащ.
Ахъмэт и адэр шыдым и шхын иритыну макIуэри, бор нэщIщ. ЛIыжьым игу къеуащ шыдыр зэрыфIэкIуэдар. Йоплъри: шыдым и пIэкIэ хьэ гъуэща гуэр пщIантIэм дэтщ. Хьэр апхуэдизкIэ Iэсэт икIи лъагъугъуафIэти, нэгъуэщI мыхъуми, пщIантIэр нэщIынкъым жаIэри, лIыжь-фызыжьым ар дамыхужыну мурад ящIащ. ЛIыжьым хьэгъуэ хуабэ ищIри, хьэр абы иригъэтIысхьащ, иIэIамэ иригъэшхыу едэхащIэурэ, абыи и гур кIэрыпщIащ.
Пщэдджыжьым хъаным и пхъур къакIуэри: «Фэ езым фшхын фиIэкъым, сыт мы хьэри щIэвгъашхэр?» - жиIэу кIийуэрэ, хьэр дихуащ.
Хьэр мэлыхъуэ гуэрым зришэлIащ. Ар мэлыхъуэм доIэпыкъу, мэл гуартэр егъэхъу. Хъушэм и хъуреягъкIэ къежыхьри, зы дыгъужьи къыбгъэдигъэхьэркъым, зы щыни къыкIэригъэхуркъым.
Пщыхьэщхьэм мэлыхъуэм и хъушэр кърихулIэжри, и хьэхэр игъэшхэн щIидзащ. Хьэ гъэса къомым къупщхьэм зрадзащ, мо щIэуэ къахыхьар еIусэркъым. Мэлыхъуэм абы лы цIынэ хуидзащ, арщхьэкIэ абыи еIусакъым, уи гур игъэузу мэлыхъуэм къеплъа фIэкIа.
- Мыр сыт телъыджэ! Мыр хьэ къызэрыкIуэ къыщIэкIынкъым. ЦIыхухэм яшх гуэр хуэздзынти! - жиIэри шэ хурикIащ, щIакхъуи хухигъэщэщащ. Псори ишхри къибзеижащ хьэм.
Илъэсищ дэкIащ. Хьэр и мэлыхъуэм хуэпэжт. Хъаным и пхъур иджыри гугъэрт Ахъмэт жыIэдаIуэ хъууэ, хъаным и пащхьэ зыщигъэщхъыу, сэрейм щIэтIысхьэну.
ЛIыжь-фызыжьым я къуэм къигъэзэжыным я гугъэр хахыжат. НысащIэм къажриIащ Ахъмэт гъуэгур къытехьэлъэу хэкIуэдауэ. Езы Ахъмэт и хэкум хуэзэшырт, и адэ-анэми, нэгъуэщI мыхъуми, зэ закъуэ яIуплъэну хуейт.
Зэгуэрым лIыжьыр пщIантIэм къыдохьэри - хьэм къигъэзэжащ. ЩыгуфIыкIащ лIыжьыр хьэм, игъэшхащ. МахуитI-щы докIри, хъаным и пхъур къокIуэ. Хьэр къызэрилъагъуу, хуэму йоупщI:
- Иджы укъызэдэIуэн?
«Хьэуэ» жыхуиIэу, хьэм и щхьэр аргуэру ещI.
Хъаныпхъур кIуэжри, щIопщыр къихьащ.
- Бзу ухъу! - жиIэри, щIалэр пцIащхъуэ ищIащ.
ПцIащхъуэм къиуфэрэзыхьащ къыщалъхуа унэр, лIыжь-фызыжьым ябгъэдэлъатэурэ я дамэхэм тетIысхьащ.
- Мыр ди щIалэм и псэра къыщIэкIынщ, - жаIэрт езыхэми.
Ауэрэ иужэгъуащ Ахъмэт тхьэмыщкIэм дуней нэхур: зэм шыду, зэм хьэуэ, зэм бзууэ и гъащIэр ирихьэкIыу. ИтIани и адэ-анэр фIэпсэкIуэдт.
Зэуэ абы игу къэкIащ: «Сэрейм сылъатэрэ щIопщыр къэзгъуэтмэ, цIыху зызмыщIыжыфыну пIэрэ?» - жиIэри. ЗэрыжиIауи, хъаным и псэупIэм нэсщ, щIопщыр зыщIэлъ пэшым щIэлъатэри, абы бгъэгукIэ зытридзащ. Асыхьэтым цIыху хъужащ. ЩIопщыр IэкIэ къищта къудейуэ, хъаным и пхъур къыщIыхьэжащ.
Ахъмэт абы щIопщымкIэ еуэри:
- Иджы уэ шыд ухъу! - жриIащ.
МэкIуэж Ахъмэт и адэ-анэм я деж, шыдыр и пащхьэм иту ихуурэ.
ЛIыжь-фызыжьыр мэгуфIэри, я фIэщ хъуркъым я къуэм къызэригъэзэжар.
- Дэнэ апхуэдизрэ уздэщыIар? - жаIэ абыхэм.
- Апхуэдизу тхьэмыщкIэ дызэрыхъуар сигу къеуэрти, къулей гуэрым илъэсищкIэ сыхуэлIыщIэри сыкъэкIуэжащ. Мис мы шыдыр къэзлэжьащ, иджы мэзым пхъэ къисшурэ сщэнщ, - яритащ Ахъмэт жэуап.
- Алыхьым псапэу къуитыж. ПщIантIэм шыд ущимыIэныр гугъущ. Сэ хъаным зы къызитати, сфIадыгъуащ. Сыт лъандэрэ си плIэм телъу пхъэ къэсхьрэ. Иджы сытыншыжынщ, - жиIащ адэм.
- Нэхъыбэ теплъхьэху нэхъыфIщ, ди адэ. Мыр шыд ерыщ гуэрщ. Сэ иджыри тIу къыпхуэсшэнщ!
ЕтIуанэ махуэм жьыуэ лIыжьыр мэзым пхъашэ кIуащ. ЩIалэм и щыкъумкIэ еунэтI. И щыкъу анэмрэ и щыкъуадэмрэ уэгъуэ зырыз ярихри, а тIури шыд ищIащ, и адэм хуэлIыщIэну къыхуихуащ.
НэщI хъуат хъаным и унэр. Ауэ хуейтэкъым Ахъмэт абы щыпсэуну. ЩIалэм хъаным и мылъкур тхьэмыщкIэхэм яхуигуэшри, езым и губгъуэм щылэжьэн щIидзэжащ, и адэ-анэр игъашхэрэ игъафIэу.

Хьилэшы къэрабгъэ

БГЫ ЛЪАПЭМ деж хьилэшыуэ икIи къэрабгъэу зылI щыпсэурт. Ар апхуэдизкIэ сытми щышынэрти, пщыхьэщхьэм унэм къыщIэкIын хуей хъумэ, и фызыр е и джэдур къыздыщIишырт. И хьэлым зыщимыхъуэжым, цIыхухэм абы Хьилэшы къэрабгъэ къыфIащащ.
Зэгуэрым, жэщыр къэблэгъауэ, ар и фызым и гъусэу къуажэ уэрамхэм языхэзым къытехьащ. Фызым жеIэ:
- Еплъыт, жэщыр мазэхэу кIыфIщ. Мыпхуэдэ жэщым шы гуартэ къепхужьэу бгым щыбгъэпщкIуну гугъу хъунукъым. Гуартэм хэт шыхэм нал ящIэлъкъыми, я лъэ макъыр зэхэпхынукъым, дыгъужьхэри мыпхуэдэ жэщым къежьэркъым.
ЛIым «дыгъужь» псалъэр зэрызэхихыу, щIэпхъуэри, унэм нэсыжыху къэувыIакъым.
Ар зэхахыжа нэужь, къуажэдэсхэр ину дыхьэшхащ. Мо Хьилэшым къызэрыщIэнакIэр и гум ежалIэри, и щхьэр къуажэм дихыну мурад ищIащ, пщIэрэ щIыхьрэ къимылэжьу къимыгъэзэнуи игу ирилъхьащ. Гъуэгу гъуэмылэу абы ерэнрэ кхъуей цIынэ хъурейрэ къыздищтащ.
Куэдрэ кIуа, мащIэрэ кIуа, жэщищ-махуищкIэ гъуэгу тетауэ, нэху здэщым маплъэри, зы Иныжь щытщ. Щышынат, ауэ зыкъригъэщIакъым.
- УкъысIэрыхьа иджы, цIыкIужьей, иIэ, дызэгъэзауэ! - жеIэ Иныжьым.
- ИIэ, - кIэзызу къет жэуап Къэрабгъэм. - ЩIым дагъэ къыпхущIэхумэ сегъэплъыт!
Иныжьым щIыр лъакъуэкIэ иубэурэ зыщIыпIэ деж кумбышхуэ къыщриудащ, арщхьэкIэ дагъэ лъэпкъ къэлъагъуэртэкъым. Къэрабгъэр тIэкIу IукIуэтри, Иныжьым гу лъримыгъатэу, ерэныр зэрыт фалъэм пшахъуэ тIэкIу трикIутащ. ИтIанэ, щIым теувэ хуэдэурэ, абы лъэдакъэкIэ теуэри, ерэныр къижащ. Иныжьым игъэщIэгъуащ, ауэ зыри жиIакъым.
- Уин щхьэкIэ, укъарууншэщ уэ, - жиIащ Къэрабгъэм. - Мы мывэ хужьхэм языхэз зэгуэудыт уи IэмкIэ.
Иныжьыр куэдрэ еуащ мывэ хужьхэм, арщхьэкIэ ирищIэфаIакъым, цы къызытеблэбл и Iэр игъэузыжа фIэкIа. Хьилэшым и кхъуей хужьышхуэр щэхуу кърихри, куэдрэ еуэнт - тIууэ зэпигъэхуащ.
- Уэ ущынэхъ лъэщкIэ, дяпэкIэ унафэ щIы, - жиIащ Иныжьым, - сэ згъэзэщIэнщ.
Хьилэшым унафэ ищIащ мыIэрысей нэхъ лъагэ дыдэм пыт мыIэрысэхэр къыхупичыну. Иныжьым жыг къудамэр Iэ лъэныкъуэкIэ къришэхащ. ТIуми загъэнщIыху яшхащ мыIэрысэ IэфIхэр. Хьилэшым и бгырыпхыр къудамэм зэрыфIэнам гу лъитакъым. Иныжьым жыг къудамэр щиутIыпщыжым, мо Къэрабгъэри къурш лъагэм здыдрихьеящ.
- Сыт абы ущIыдэкIуеяр? - йоупщI Къэрабгъэм Иныжьыр.
- Бгыр къэмыуэн щхьэкIэ зыщIэзгъэкъуауэ аращ, - зыкъиумысыркъым модрейми.
Ар бгым къехыжри, тIури зэгъусэу кIуащ иныжьхэр щыпсэу бгъуэнщIагъым.
Иныжь гупым Хьилэшым пэгун къыIэщIагъэуващ: «Псы къытхуэхь!» - жаIэри.
- Пэгун сIыгъыу сыкIуэ-сыкъэкIуэжу сыIутыну? Бел къызэфти, езы псыр мыбыкIэ къэзгъэжэнщ, - яжреIэ езыми.
Иныжьхэр шынэри, пэгуни бели къратакъым. Псори зэхуэсыжри, хасэ зэхаублащ, «Мы емылыджыр ди натIэм дауэ идгъэкIа хъуну?» - жаIэри. Зыкъомрэ зэдауэхэри: «ДыщэхэкIрэ налкъутналмэсрэ дэзу пхъуантэ еттынщи, хьэщIэ лъапIэ хуэдэу, унэм едгъэшэжынщ», - жаIэри унафэ къащтащ.
Арати, Къэрабгъэр япэ иту, абы и ужьым иныжьхэм я нэхъ иным пхъуантэр IэщIэлъу йожьэ. Ауэрэ къуажэми носыж.
- Уэ зэкIэ мыбдеж щыт, - жреIэ Иныжьым Хьилэшым. - Сэ унэгуащэм хъыбар езгъэщIэнщ, хьэщIэ лъапIэ зэрызигъусэмкIэ.
Иныжьым зэхех Хьилэшым и фызым зэрыжриIэр:
- Дызэдзэкъэн гуэр гъэхьэзыр.
- Тхьэ, сымыщIэ Iэнэм къытеслъхьэнур, - жеIэ цIыхубзым, и лIым зэригъэIущам тету. - Унэм зыри щIэлъкъым зы иныжьыкуэ фIэкIа, ар згъэжьэнщ.
Иныжьым абдежым и псэр хьэршым мэкIуэж. ПсынщIэу пхъуантэр егъэтIылъри, и къару къызэрихькIэ щIопхъуэ. Здэжэм, Бажэ къыхуозэ. Къэхъуар щыжриIэм, Бажэр къопсалъэри:
- Уи лажьэIа? А зи гугъу пщIым нэхъ шынэкъэрабгъэ мы Iэгъуэблагъэм искъым. Сэ нэгъунэ къысщошынэ ар. Уи фIэщ мыхъумэ, си кIапэр убыди накIуэ.
ЩIегъуэжри, Иныжьым къуажэмкIэ игъэзэжащ, ауэ Бажэм и кIапэр иутIыпщын дзыхь ищIыртэкъым. Къэрабгъэм и унэм нэсахэщ. Хьилэшыр щхьэгъубжэмкIэ къыдоплъри, Бажэм къыжреIэ:
- Сыт, КIапэшхуэ, мы иныжь уэд къысхуэпшари? Фэрэ къупщхьэрэ фIэкIа кIэрылъкъым мыбы. Сыт сэ ар зэрызбгъэщIынур?
Бажэм къигъэпцIауэ гурыщхъуэ ищIри, къэгубжьащ Иныжьыр. Бажэр къищтэщ, мывэм тридзэщ, зэгуиудри езыр щIэпхъуэжащ. Иныжьхэм я бгъуэнщIагъым зэрынэсыжуи, Хьилэшым и унэм иныжьхэр зэрыщагъажьэр яжриIэжащ.
Абдежым иныжь лъэпкъым гузэвэгъуэ я псэм телъу зыкъаIэтри, Iэгъуэблагъэм икIыжыпащ. Абы лъандэрэ а лъэныкъуэм иныжь ущрихьэлIэжыркъым.
Хьилэшым Бажэм и фэр трихри, пыIэ ищIащ, хуэмурэ и цIэ лейхэри кIэрыхужащ.

Сурэтыр Пономаренкэ Павел ищIащ.

Тхьэм  уиузэщI, щауэ  махуэ

ЗЫ ЩIАЛЭФI ПСЭУРТ, зэрыщхьэгъусэншэм нэхъ гукъеуэ имыIэу. Къуажэ гуэрым хъыджэбз дахэ дэсу зэхихати, абы лъыхъуну мурад ищIащ. Арати, щауэм и ныбжьэгъухэр зыщIегъури гъуэгу тоувэ. КIуэм-кIуэхэурэ, зэныбжьэгъухэр губгъуэшхуэм къыщыхутащ. Маплъэри, губгъуэм цIыху гуэр къежыхьри итщ, щхьэлмывэ и лъакъуэм кIэрыщIауэ, езым къашыргъэхэр кърехуэкI.
ЩIалэхэм ягъэщIэгъуащ ялъагъур.
- Сыт, къуэш, пщIэр, уэри езыр ухэт?
- Сэ сы-ПсынщIэрыкIуэщ, - къарет жэуап, - къашыргъэхэр согъэхъу.
- Мы щхьэлмывэхэр уи лъакъуэм щIыкIэрыщIар сыт-тIэ?
- Сримыхьэжьэн щхьэкIэ. Мывэхэр фIэсхмэ, дунейм и гъунэм сыкъыщыхутэнущ, апщIондэху къашыргъэхэр зэбгрыжынущ. Фэ дэнэ фыздэкIуэр?
- Дэ къуажэ жыжьэ докIуэ ди ныбжьэгъум нысащIэ къыхуэтшэну.
- КхъыIэ, сэри сыздэфшэ, сыкъыфхуэсэбэпынщ.
Зэныбжьэгъухэр зэчэнджэщхэри, къыздащтэну мурад ящIащ. АдэкIэ макIуэхэри, Iуащхьэшхуэ щытщ. Абы цIыху гуэр тетщ, адэ-мыдэкIэ зигъазэурэ гуфIэу. Абы бгъэдыхьащ ди щIалэфIхэр.
- Ухэт уэ, сыт мыбдежым щыпщIэр? Сыт апхуэдизрэ зыщIэбгъэкIэрахъуэр?
- Сэ сы-Жыжьаплъэщ, - къитащ жэуап цIыхум. - Iуащхьэм сытету соплъэри, щIыпIэ жыжьэхэм щекIуэкIыр солъагъу. Фэ дэнэ фыздэкIуэр?
- Дэ къуажэ пхыдза гуэрым докIуэ ди ныбжьэгъум нысащIэ къыхуэтшэну.
- КхъыIэ, сэри сыздэфшэ, сэбэп сыфхуэхъунщ.
Ари къыздащтащ щауэхэм.
АдэкIэ макIуэхэри ялъагъу: зыгуэр гъуэгум телъщ, хъумпIэцIэдж абгъуитIым я зэхуакум и щхьэр дэлъу, езыр зимыщIэжу мэдыхьэшх.
Зэныбжьэгъухэр абы бгъэдыхьэри, еупщIащ:
- Ухэт уэ, удыхьэшхыу мыбдежым ущIыщылъыр сыт?
- Сэ хъумпIэцIэджхэм жаIэм содаIуэри аращ сыщIэдыхьэшхыр. ГъэщIэгъуэнщ мыбыхэм я хъыбархэр. Фэ дэнэ фыздэкIуэр?
- Дэ къуажэ гъунэгъум докIуэ ди ныбжьэгъум нысащIэ къыхуэтшэну.
- Сэри сыздэфшэ, сэбэп сыфхуэхъункIи хъунщ, - жеIэ ТхьэкIумафIэм.
- НакIуэ, - арэзы хъуащ шууейхэр.
АдэкIэ макIуэхэри псыежэх ялъагъу. Абы зыгуэр щхьэщыгъуэлъхьауэ зэ Iубыгъуэм псым и ныкъуэр зыжьэдешэ-къызыжьэдегъэжыжри щытщ.
- Ухэт уэ, сыт мыбдежым щыпщIэр? - щIэупщIащ мыргуэрым щIалэхэр.
- Сэ сы-Псыбафэщ, - къарет щIалэм жэуап. - Псыр зыжьэдызошэри, бдзэжьейхэр сошх, псыр къызыжьэдызогъэжыж. Фэ дэнэ фыздэкIуэр?
- Дэ хъыджэбзым дрилъыхъущ, къуажэ гуэрым докIуэ.
- Сэри сыздэфшэ, зыгуэркIэ сыкъэсэбэпынщ, - мэлъаIуэ ар.
Ари къыздащтащ. МакIуэхэри-макIуэ, ауэрэ хъыджэбзым и къуажэми нэсащ. Къуажэдэсхэр, гупыр къыщIэкIуар къызэращIэу, я щхьэхэр ягъэкIэрэхъуащ:
- Мис аргуэру зы тхьэмыщкIэ къэкIуащ. Щхьэ бгъущIрэ бгъурэ пагъэлъэтащ мы хъыджэбзым щхьэкIэ. Щэ иримыкъуу хъуну къыщIэкIынкъым.
ТхьэIухудым и адэр къыщIокIри, къоупщI лъыхъум:
- Сыт укъыщIэкIуар?
- Сэ уипхъу тхьэIухудыр щхьэгъусэ сщIыну сыхуейщ, арэзы ухъумэ, - жи щIалэм. - Умыхъумэ, щэхуу згъэкIуэсэнущ.
- Хъарзынэщ, - жи адэм. - Сыарэзыщ си пхъур уэстыну, жысIэр бгъэзащIэмэ.
- Сыт сщIэн хуейр?
- Е уэ е уи ныбжьэгъур псом нэхърэ нэхъ жэр ди уд фызыжьым фытежын хуейщ.
Къэнэщхъеящ щIалэр. И ныбжьэгъухэм я деж къигъэзэжри, къажриIэжащ зэхихар. Абдежым щхьэлмывэ зи лъакъуэхэм кIэрыщIа щIалэр къопсалъэ:
- Умынэщхъей, къуэш. Сэ къыстежынукъым ар.
Лъыхъу щIалэр гъуэлъыжащ. Пщэдджыжьым хъыджэбзым и адэм хъыбар къаригъэщIащ зэхьэзэхуэм зэрыщIидзэмкIэ. ТIэкIу дэкIри, къэлътмакъ гуэр и плIэм илъу фызыжь фIыцIэ цIыкIу къэкIуащ.
- Хэт ди нанэм дэжэнур фэ фщыщу? - щIоупщIэ хъыджэбзым и адэр.
Щхьэлмывэ зи лъакъуэхэм кIэрыщIар къахоувыкIри:
- Сэ сыдэжэнущ, - жеIэ.
ЦIыхухэр зэкIуэцIылъэлъу мэдыхьэшх, дауэ мор щхьэлмывэ и лъакъуэм фIэлъу зэрыжэнур жаIэри.
Фызыжьым ПсынщIэрыкIуэр губгъуэм здишэри игъэтIысащ, тIэкIу зыдгъэпсэхунщи, итIанэ дыщIэпхъуэнщ жыхуиIэу.
- Хьэуэ, - жиIащ ПсынщIэрыкIуэм, мыр гъунэгъуIуэщ, нэхъ жыжьэу дыIугъэкIуэт.
Удыр жыжьэрэ-жыжьэу щIыпIэ гуэрым ишащ, къимыкIухьыжыфу ешыху. ТIысри загъэпсэхуащ. Фызыжьым и къэлътмакъым шыгъу хьэлывэ кърихри, ПсынщIэрыкIуэм къыхуишиящ:
- Мэ, умэжэлIа къыщIэкIынщ, - жиIэри. Езым кхъуей зыдэлъ хьэлывэ ишхащ. ПсынщIэрыкIуэм хьэлывэр ишхри, псы хуэлIащ.
- Псы къытхуэгъуэт, нанэ, сомэх, - йолъэIу ар фызыжьым.
Нанэм и бгырыпхым кIэрыщIауэ иIыгъ фэлъыркъэб цIыкIур къыкIэритIэтыкIри, ПсынщIэрыкIуэм къыхуишиящ.
- Ефэ, си щIалэ цIыкIу, уи псыхуэлIэр игъэкI.
Псыр зэрырифу, ПсынщIэрыкIуэм абдеж дыдэм зыщигъэукIурийри, асыхьэтми жеящ. Фызыжьым ар къызэрилъагъуу къыщIэпхъуащ.
ЦIыху цIыкIур гузавэу къуажэм щызэхэтщ. «ЩIалэр щхьэ къэмылъагъуэрэ?» - жаIэри заплъыхь. Жыжьаплъэр плъэмэ:
- Фызыжьым и закъуэ къожэ, - жиIэри хъыбар яригъэщIащ. Нэхъри еплъмэ:
- УэI! Игъэжеящ щIалэр фызыжьым, - жи.
Жыжьаплъэм мывэ идзащ, ар щIалэм и плIэм техуэри къэушащ. Йоплъри - фызыжьыр щысыжкъым! И лъакъуэхэм фIэлъ щхьэл мывэхэр къыкIэритIэтыкIри щIэпхъуащ. Удым лъэбакъуищ ичатэкъым ПсынщIэрыкIуэр абы тежыжу щынэсыжам щыгъуэ.
ТхьэкIумафIэр даIуэри, хъыджэбзым и унэм щекIуэкIыр зэхихащ:
- Адэр хуейкъым и пхъур лIы иритыну. Хьэкушхуэ иIэщи, ар игъэплъу дригъэтIысхьэну зегъэхьэзыр.
Щауэм ар зэхихри, нэхъри къэнэщхъеящ:
- ЛIо иджы тщIэнур?
- Зыри, - жиIащ Псыбафэм. - Зыгуэр етщIэнщ хьэку гъэплъами.
Пщыхьэщхьэм бысымыр хьэщIэхэм къоджэ:
- ХьэщIэ куэд къысхуэкIуащ. Пэш псори яубыдащи, хьэкум фIэкIа фыщызгъэгъуэлъын сиIэкъым. Ар инышхуэщ - псори фихуэнущ, щIыIэми фисынукъым. Дыпсэууэ нэху дыкъекIмэ - Iуэхуми дытепсэлъыхьынщ.
- Хъунщ, - жиIащ Псыбафэм, - ауэ дымызэшын щхьэкIэ шыкIэпшынэ къытхуэхь. ЗэкIэ сыкIуэнщи, псы тIэкIу сефэнщ.
ЦIыхухэм ягъэщIагъуэ:
- Хьэкум ирагъэжьыхьыну ягъакIуэри, езыр шыкIэпшынэ щIолъэIу.
ШыкIэпшынэ къалъыхъуэху, Псыбафэм псыежэхым и ныкъуэ ирифри, къэкIуэжащ. Псори хьэкум ипщхьащ. Бысымым унафэ ищIащ хьэкубжэр быдэу ягъэбыдэну. Псыбафэм псыр къыжьэдигъэжыжурэ мафIэр игъэункIыфIри, хьэкум и блынхэри игъэупщIыIуащ. Псори тыншу и лъэгум игъуалъхьэри загъэпсэхуащ.
Пщэдджыжьым бысымым унафэ ищIащ хьэкум яжьэр къратхъуу, жьым хапхъэжыну. Хьэкубжэхэр Iуахмэ - хьэщIэхэр мэгушыIэжри исщ, Псыбафэр шыкIэпшынэм яхуоуэ.
...Зэныбжьэгъухэр хьэщIэщым щIэсщи, поплъэ нысащIэр къыщыщIашынум. ТхьэкIумафIэр даIуэри, хъыбар къаригъэщIащ:
- Иджыри хуейкъым адэм пхъур лIы иритыну. Хъыджэбзыр къэушу дэн щыщIидзэ сыхьэтыр къэтщIэн хуейуэ егъэув.
Лъыхъу щIалэм аргуэру и щхьэр къыфIэхуащ:
- Сыт сщIэжынур? Дауэ щхьэгъусэншэу сыкIуэжыну? Си щхьэр хэмыкIуэдэну пIэрэ мы Iуэхум?
- Умыгузавэ, - жи Жыжьаплъэм. - Сэ псори къэслъагъунущ, Iэмал гуэр къэдгъуэтынщ.
Пщыхьэщхьэм тхьэIухудым и адэ къуэшыр хьэщIэщым къыщIохьэри жеIэ:
- Ди хъыджэбзым и къэушыгъуэр къызэрыфщIэну щIыкIэм седэIуэну сыкъагъэкIуащ.
ЩIалэхэр жэщ псом мыжейуэ щысхэщ, бысымым и къуэшри къабгъэдэсщ. Нэху щыным куэд имыIэжу, Жыжьаплъэм жеIэ:
- Мес, - жи, - бысымым и пхъур къэушауэ зегъазэ, ауэ къэтэджын мэщхьэх. Мис хущхьащ, къэтэджауэ вакъэхэр къелъыхъуэ. Къэгубжьащ, лъэныкъуэр игъуэтыжыртэкъыми. Аргуэру гъуэлъыжауэ мэжей.
Ауэрэ нэху щащ. Адэ къуэшыр и шынэхъыжьым деж кIуэри, псори жриIэжащ. Адэр и щхьэгъусэм еупщIащ:
- Къэтэджа хъыджэбзыр? Дэн щIидза?
- Къэтэджащ, ауэ дакъым, - жи и фызым.
- Сыт щIэмыдар?
- И вакъэ лъэныкъуэр игъуэтыжатэкъыми, къэгубжьри гъуэлъыжащ.
Сыт ищIэжынт адэм - щIалэхэм «къуажэ» псори яхьат, адэм яхуигъэува къалэн псори ягъэзэщIат. И псалъэм темытыжу хъунутэкъым. НысащIэр зэрыс гу гъэщIэрэщIар гупым япэ иту, нысашэр къежьэжащ.
Псыбафэр здэщыса псым и Iуфэм къэсахэщ.
- Тхьэр арэзы къыфхухъу. Сэ мыбдеж сыкъэнэжынщ, ди бдзэжьейхэр куэдыIуэ хъуа къыщIэкIынщ. Дзыхь къызэрысхуэфщIамкIэ си гуапэ фщIащ, ныбжьэгъу сыфщIыну зэвусыгъуэджакъым. Гъуэгу махуэ! ГъащIэ дахэ Тхьэм къывит!
Гупыр нэхъри унэм къоблэгъэж. Ауэрэ ТхьэкIумафIэр хъумпIэцIэджхэм жаIэм едаIуэу здэщылъа щIыпIэм къэсыжахэщ.
- Тхьэр арэзы къыфхухъу, пщIэ къысхуэфщIу сызэрыздэфшам щхьэкIэ. Си хъумпIэцIэджхэм хъыбар куэдыIуэ яфIызэтрихьауэ си гум жеIэ. Узыншэу Тхьэм фынихьэсыж, насыпыфIэу Тхьэм фигъэпсэу!
Гъуэгур кIуэ пэтми нэхъ кIэщI мэхъу. Иджы ар Жыжьаплъэм и Iуащхьэм къэблэгъащ.
- Фыпсэу, ныбжьэгъухэ. Сэ мыбдеж сыкъыщыувыIэжынщ, ихъуреягъкIэ щекIуэкIыр зэзгъэщIэнщ.
Къэнахэр къожьэжри, ПсынщIэрыкIуэм къашыргъэхэр къыщрихуэкIа губгъуэм къос.
- Тхьэм уиузэщI, щауэ махуэ, - зыхуигъэзащ ПсынщIэрыкIуэм щIалэм, - фызыжьым сызэрытежынур уи фIэщ хъууэ сызэрытебгъэкIуам щхьэкIэ. Куэд щIауэ зэхэсхат сэ а нанэм и хъыбар, ауэ зыщыщыр сщIэртэкъым. Уи нысащIэмрэ уэрэ насып куу Тхьэм къывит. Гъуэгу махуэ! Сэ мыбдежым сыкъэнэжынщ, си къашыргъэхэр зэбгрыжащи, зэщIэзмыкъуэжу хъунукъым.
ЩIалэщIэм нысащIэр и гъусэу къуажэм къэсыжащ, я хьэгъуэлIыгъуэ дахэри жэщибл-махуиблкIэ екIуэкIащ, унагъуэщIэри тхъэрэ-псэууэ къэнэжащ.

         Нарт зэкъуэшхэр.
Сурэтыр  СЭВКIУИЙ  Хьэмид  ищIащ.

Поделиться:

Читать также:

25.03.2024 - 15:30 Си жэнэт
21.03.2024 - 11:30 Ахъмэт и фо изщ