Хэт нэхъ бзаджэ?

Нартхэ зы шыхъуэ, зы жэмыхъуэ, зы мэлыхъуэ яІэт. Мэлыхъуэм гъэлъэхъу пшэр иукІри, дзажэр бгыкъум фІидзэжащ, «Згъэгъунщ» жиІэри. Шыхъуэмрэ жэмы­хъуэмрэ ящибзыщІащ гъэлъэхъу зэриукІар.
Мэлыхъуэм ебзэджэкІын гугъэ ящІащ шыхъуэмрэ жэмыхъуэмрэ:
- Дзажэр фІэтшхынщ, - жаІащ.
- Дауэ зэрыфІэтшхынур?
- И унэ дихьэнщи, тхуигъэжьэнщ. Тхуимыгъажьэмэ, хуэзэр етщІэнщ.
ЗэрыжаІам хуэдэу, мэлыхъуэм и унэ ихьащ шыхъуэм-рэ жэмыхъуэмрэ. Бысымыр и унэ истэкъыми, бысым ­гуащэм иригъэблэгъащ. Іэнэ къахуищтащ, ауэ дзажэр яхуигъэжьакъым.
Дзажэр бгыкъум зэрыфІэлъыр дауэ къащІами, ящІэрт шыхъуэмрэ жэмыхъуэмрэ.
Бысымыр къыщыгувэм, я хьэщІэн зэфІэкІати, шы­хъуэмрэ жэмыхъуэмрэ тэджыжащ, дзажэр къаІумы­хуауэ.
Пшапэр зэхэуауэ, мэлыхъуэр къыдыхьэжащ.
- Дэнэ ущыкІуэдар? Нартхэ я шыхъуэмрэ я жэмы­хъуэмрэ ди хьэщІащ, - жиІащ унэгуащэм.
- Дзажэр къаІэщІэлъэгъуа? - къэщтащ мэлыхъуэр.
- СщІэркъым къаІэщІэлъэгъуами.
- Тхьэ соІуэ, къаІэщІэлъэгъуагъэнкІэ! Ныжэбэ къы­кІэ­лъыкІуэнущ дзажэм. Бгыкъум къыфІэхи, уи пІэщхьагъым щІэдз.
Мэлыхъуэм и унэгуащэр щигъэІущым, шыхъуэмрэ ­жэ­мыхъуэмрэ къагъэзэжауэ щхьэгъубжэ лъабжьэм щІэст - мо тІум жаІар зэхахащ.
Гъуэлъыжыгъуэ щыхъум, мэлыхъуэм и унэгуащэм дзажэр бгыкъум къыфІихащ, дзажэр и пІэщхьагъым щІидзри гъуэлъыжащ. «ХьэщІэ къыдыхьэмэ», - жиІэри, мэлыхъуэр хьэщІэщымкІэ кІуащ.
Мэлыхъуэр хьэщІэщымкІэ щыкІуэм, шыхъуэмрэ жэ­мыхъуэмрэ бжыхьэкІапэм щІэувауэ щІэтти, шыхъуэр унэм щІыхьащ.
- Къащтэ мыдэ дзажэр, дзыхь тесщІэркъым, ебгъэхьынкІэ сошынэ, - жиІащ шыхъуэм, бысымым и макъ зищІри. Дзажэр унэгуащэм къыщІихри, шыхъуэр унэм къи­кІыжащ.
Дзажэр ирахьэжьэри, шыхъуэмрэ жэмыхъуэмрэ ­кІэбгъу защІыжащ.
Заул дэкІауэ, мэлыхъуэр и унэм ихьэжащ.
- Дзажэр бгыкъум фІэбдзэжа? - къеупщІащ абы ­унэ­гуащэр.
- Сыт дзажэ? УкъыщІыхьэри щІэпхыжати, - жиІащ ­унэгуащэм.
- Дзажэр яхьащ жыпІэркъэ! - жиІащ мэлыхъуэм, пщІантІэм дэжри шыхъуэмрэ жэмыхъуэмрэ ялъежэжьащ. Модрей тІур гъуэгу техьэжауэ зэкІэлъхьэужьт. Дзажэр зыІыгъыр шыхъуэрати, жэмыхъуэм блэжри шыхъуэм щІыхьащ мэлыхъуэр.
- Уеша хъунщ, къащтэ дзажэр, сэ нэсхьынщ, - жиІащ мэлыхъуэм, жэмыхъуэм и макъ зищІри. Дзажэр зыІэ­ригъэхьэжри, шыхъуэмрэ жэмыхъуэмрэ закъыкІэ­ригъэхужащ мэлыхъуэм. ЗакъыкІэригъэхужри, кІыфІым хэбзэхэжащ. Заул дэкІри, модрей тІур къэувыІащ, «Дыбэуэнщ» жаІэри.
- Дзажэр дэнэ пхьа? - йоупщІ жэмыхъуэр шыхъуэм.
- Иджыпсту сІыпхакъэ дзажэр? - къыжреІэ шыхъуэм.
- ПІысхакъым, уи ужь ситщи, сыпщІыхьэркъым.
- Дзажэр зейм едгъэхьыжащ, - жиІащ шыхъуэм.
Мэлыхъуэм къыпажыхьри, шыхъуэмрэ жэмыхъуэмрэ мэлыхъуэм и пщІантІэм дэлъэдащ. ІэлъэщІкІэ зы­щІи­у­фэри, шыхъуэр бжэщхьэІум теуващ. Мэлыхъуэри къэ­сыжащ, дзажэр къихьыжри.
- Мэ, фыз, апхуэдэущ дзажэ къызэрахьыжыр! - жиІэри, мэлыхъуэм дзажэр бжэщхьэІум тетым хуидзащ. бжэщ­хьэІум тетыр шыхъуэрати, мэлыхъуэм куэбжэр щигъэ­быдэжым, мо зыхуейр зыІэрыхьар пщІантІэм дэкІуэсы­кІыжащ, жэмыхъуэри щІыгъуу.
Мэлыхъуэр унэм ихьэжащ, куэбжэр игъэбыдэжри.
- Яхьын я гугъати дзажэр! КъаІэщІэсхыжакъэ! - жиІащ унэм ихьэжри.
- Дэнэ щыІэ-тІэ, къаІэщІэпхыжамэ? - къеупщІащ унэ­гуащэр.
- БжэщхьэІум укъытеувэри, сІыпхыжакъэ дзажэр? - и нэр къихуащ мэлыхъуэм.
- БжэщхьэІуи сынытехьакъым, дзажи къыпІысхыжакъым, - жиІащ унэгуащэм.
- Дзажэр тфІахьащ жыпІэркъэ-тІэ…
И щхьэм щІэтІахъуэри, мэлыхъуэр бжэщхьэІум теуващ, и гугъэ дзажэм хихыжауэ.

Поделиться: