СабийгъэгуфIэЩхьэлыкъуэ къуажэм дэт курыт еджапIэ №1-м къегъэщIылIауэ лажьэ сабий садым и гъэсэнхэм гъэмахуэр кърагъэблэгъащ. Сабийхэр хъумэным и махуэр абыхэм хуагъэдэхащ я гъэсакIуэхэм. Махуэр пщэдджыжь зарядкэкIэ къыщIадзащ, къэфащ. НыбжьыщIэхэр гъэмахуэм, сабиигъуэм теухуа усэхэм къеджащ, уэрэдхэр жаIащ. Мел зэмыфэгъухэмкIэ асфальтым тращIыхьащ дыгъэ, лэгъупыкъу, удз гъэгъа сурэтхэр. ЦIыкIухэм шар зэмыфэгъухэр ягъэлъэтащ.
Поделиться:
Читать также:
25.04.2024 - 14:33 →
Iус зэхэлъым къыщIэупщIэм хохъуэ
25.04.2024 - 13:00 →
Хэкур фIыуэ лъагъуным хуаущий
25.04.2024 - 11:30 →
IэнатIэм зеужь
25.04.2024 - 10:04 →
Зэныбжьэгъугъэм и щыхьэт
24.04.2024 - 17:30 →
Нобель и саугъэтыр зыхуагъэфэща академикхэр
|