Шэрджэс парламентЗауэр кIуэ пэтми нэхъ къащытехьэлъэм, адыгэ тхьэмадэхэм къагурыIуащ лъэпкъ псоми я къарур зэщIамыгъэуIуауэ я хэкум къиужьгъа дзэм зэрыпэмылъэщынур. Убых дзэпщ цIэрыIуэ Бэрзэдж Джырандыкъуэ и жэрдэмкIэ, 1861 гъэм мэкъуауэгъуэ мазэм и 13-м Сочэ псыхъуэ щызэхыхьащ шапсыгъхэм, абазэхэхэм, натхъуэджхэм, убыххэм я лIыкIуэхэм я хасэ. Шэрджэс къэралыгъуэ къызэгъэпэщын хуейуэ унафэ ищIащ хасэм, абы и унафэр IэщIалъхьащ Лъэпкъ зэхуэсышхуэм (меджлисым е парламентым). Ме-джлисым и лэжьыгъэр иунэтIын хуейуэ лIыкIуэ (депутат) 15-м я пщэ далъхьащ; меджлисым и тхьэмадэ хъуащ Бэрзэдж Джырандыкъуэ. МЕДЖЛИСЫМ и унафэкIэ, Шэрджэс къэралыгъуэр щIыналъэ 12-у ягуэшащ, щIыналъэхэм я тхьэмадэхэр хахащ. Унагъуищэ къэс шууитху ягъэшэсын хуейуэ зэгурыIуащ лIыкIуэхэр - зауэм щигуащIэгъуэ зэманым ар къаруушхуэт: Шэрджэс къэралыгъуэм и дзэм зэрыпхъуакIуэхэм удын хьэлъэ зыбжанэ ирадзын хузэфIэкIащ, хы Iуфэм къыIуащIыхьа быдапIэхэм ебгъэрыкIуащ. Шэрджэс парламентым и лIыкIуэхэм зыхуагъэзащ европей къэралхэм, къэралыгъуэ къызэрызэрагъэпэщар, я хуитыныгъэм щхьэкIэ ирагъэкIуэкI бэнэныгъэр зэпагъэун мурад зэрамыIэр дуней псом щагъэIуащ. Абы нэхъри къигъэгубжьащ урыс дзэпщхэр. Дагъыстэнымрэ Шэшэнымрэ зауэр щыувыIати, Кавказым ис дзэм и нэхъыбэр (мин 270-рэ) Шэрджэсым къраутIыпщащ, хы IуфэмкIи Псыжь лъэныкъуэкIи къыщебгъэрыкIуащ. 1862 гъэм мэкъуауэгъуэ мазэм и 19-м генерал Колюбакин и дзэр Сочэ псыхъуэ къыдэужьгъащ, Шэрджэс парламентым и унэр ягъэсащ…
Поделиться:
Читать также:
25.04.2024 - 16:00 →
ЩIэщхъуитI
25.04.2024 - 14:33 →
Iус зэхэлъым къыщIэупщIэм хохъуэ
25.04.2024 - 13:00 →
Хэкур фIыуэ лъагъуным хуаущий
25.04.2024 - 11:30 →
IэнатIэм зеужь
25.04.2024 - 10:04 →
Зэныбжьэгъугъэм и щыхьэт
|