Пащтыхь гуащэм и тыгъэ

Генерал Къундыхъу Мусэ и гукъэкIыжхэм щыщ

 Пщыхэр сшэри, Тифлис дыкIуащ. Штабым и унафэщIым къицIыхурт ахэр. Ар къепсэлъа нэужь, пщыхэр корпусым и Iэтащхьэм иригъэблэгъащ.

 ГОЛОВИН пщыхэм яIихащ лъэIу тхылъхэр, къепсэлъылIащ, къажриIащ урысхэми бгырысхэми щыуагъэ куэд зэраIэщIэкIар, ахэр гъэзэкIуэжын зэрыхуейр. Тифлис махуищкIэ дэсри, лIыкIуэхэр къежьэжащ, генералыр къазэрыхуэупса тыгъэхэри къыздахьащ. Пщыхэм зэрахуэр щIым и Iуэхурати, дапщэщи хуэдэу, я лъэIу тхылъыр Iахащ, чэзур къэсмэ, хэплъэну къагъэгугъэри. ЛIыкIуэхэр къесшэжьэжын и пэ, корпусым и Iэтащхьэм зыхуэзгъэзэжри, Мысост Алъхъэсрэ Анзор Мыхьэмэтмырзэрэ зыщIэс хьэщIэщым сыщIыхьащ. А тIум пщIэ нэхъ яхуэсщIырт сэ адрей лIыкIуэхэм нэхърэ. Дзэлыкъуэ хъупIэмрэ ЕтIэкъуэрэ Къэбэрдейм къыхуагъэнэжыну лъэIуати, Мысостри Анзорри арэзы хъуатэкъым Головин къарита жэуапымкIэ. ХьэщIэщым сызэрыщIыхьэу къызэупщIащ: «Дзэпщым и тыгъэр къеIыдмыхмэ, хъунукъэ?» - жари.
- Хъунукъым, - жысIащ сэ.
- Сыт щIэмыхъунур? - ягъэщIэгъуащ абыхэм.
- ЩIэмыхъунуращ: Кавказ линэм, псом хуэмыдэу, Къэбэрдеймрэ Тагаурымрэ, хьэргъэшыргъэ гуэр къыщыхъуауэ зэхихмэ, дзэпщым ар фэ къыфтрилъхьэнщ, тыгъэм фыщIелъэпауэр абы къыхэкIауэ жиIэнщи. Щамил зыпыфщIауэ кърихынщ абы.
 - Хьэргъэшыргъэ хъункIэ иремышынэ генералыр, - жиIащ Мысостым. - Сэ абыкIэ шэсыпIэ сызэрихьэр схужеIэж дзэпщым. Хэт Къэбэрдейм хьэргъэшыргъэ къыщызыIэтынур? Хьэмэрэ ар щыгъуазэкъэ Къэбэрдейм и цIэм фIэкI нэгъуэщI къызэрыхуэмынэжар? Уэ уи Тагаурым и Iуэхур нэхъыкIэжщ: ябгъэдэлъауэ хъуам пыкIри, урысхэм я IэмыщIэ зралъхьащ. Сыт хьэргъэшыргъэ зи гугъу пщIыр абы и ужькIэ? Хэт ар зыхузэфIэкIынур? Джаурым езым и IитIкIэ дилIри дыщIилъхьэжащ, итIани псэ къытхэнауэ къыщохъу.
Пщыхэр къызэрызэщIэплъар слъагъурти, куум хэмыхьэ щIыкIэ, яжесIащ:
- ЖыфIэр пэжынкIи мэхъу, ауэ зи мычэзууэ къысфIощI: Тифлис фызэрыдэсыр зыщывмыгъэгъупщэ. НэгъуэщIым зыми зэхевмыгъэх апхуэдэ псалъэр - хэту щытми. Дзэпщым и тыгъэр здэфхьрэ фыкIуэжмэ, фэркIэ нэхъыфIщ. Алыхьым фыкъелъагъу, къыфхуищIэнумкIэ хуитщ.
 - Делъэпэуэнкъым тыгъэм, - жиIащ Анзор Мыхьэмэтмырзэ, - ауэ абы щхьэкIэ фIыщIэ хуэтщIыркъым ар гъэпцIагъэкIэ къытIэщIэзыгуа дзэпщым, ди гур хуэплъ фIэкIа. Ди гур хуоплъ, ди адэжьхэм къытхуагъэна уэсятым ебэкъуауэ, мыпхуэдэ тыгъэкIэ зыкъезыгъэгъапцIэ, ди хэкум телъ хьэзабыр зымылъагъу ди лъэпкъэгъу щхьэхуещэхэми.
А псалъэр сфIэгъэщIэгъуэн хъури, сы­щIэупщIащ:
 - Сыт хуэдэ уэсят фи адэжьхэм къыфхуагъэнар?
 - Уэ пщIэркъэ ар? - къызэплъащ Мысостыпщыр.
 - Пэж жысIэнщи, сщIэркъым, - зызумысыжащ сэ.
 - УмыщIэмэ, бжесIэнщ. Пащтыхь гуащэр (Екатеринэ II) къэбэрдейхэм къелъэIуауэ щытащ Къуацэкъалэрэ Тэрчкъалэрэ (Екатериноградрэ Владикавказрэ) зэпызыщIэ пощт гъуэгу урысхэм ирагъэщIыну, Тэрч и сэмэгурабгъу IуфэмкIэ екIуэкIыу. Шэч мыгъуэр ящIри, къэбэрдейхэм пщитI, ХьэтIохъущокъуэмрэ Хьэмырзэмрэ, пащтыхь гуащэм деж ягъэкIуащ, ди щIым быдапIэ кърамыщIыхьын щхьэкIэ лъэIуэну. Пащтыхь гуащэм ди лIыкIуэхэм ­къажриIащ: гъуэгурэ пощт станцрэ фIэкI, нэ­гъуэщIым дыпылъынукъым, ари Тэрч и сэмэгурабгъумкIэ; абыкIэ арэзы ирехъу къэбэрдейхэр.
Тыгъэ лъапIэхэр къаритри, пащтыхь гуащэм пщитIыр къиутIыпщыжащ. Бахъсэн Iуфэ щызэхыхьа хасэм я пащхьэ иувэри, Бытырбыху къраха хъыбарыр яIуэтэжащ пщыхэм, пащтыхь гуащэм игу Iей зэримылъыр, дигъэунэн фIэкI, нэгъуэщIым зэрыхэмытыр, абы и хьэтыр лъагъун зэрыхуейр, гъуэгум шынагъуэ лъэпкъ къызэрыдэмыкIуэнур жаIащ - абыкIэ къигъэгугъат пащтыхь гуащэм.
ЛIыкIуэхэм абы щытрагъэчыныхьым, пщыхэм ечэнджэщщ, жылэ къадыр къэуври, мыр жиIащ: «Зы щIалэ шы мыгъасэ ягъэшэсащ, трагъэгушхуэри. Шы мыгъасэм, ихъущ-илъри, зритIащ, зрисащ. ЩIалэр зыгъэшэсахэр къэшынэжащ, щIалэр еукI, жари. «Укъридзыхмэ, кIэ ­бгъуэтащ, сакъ, зыкърумыгъэдзых», - жаIэри чэнджэщ иратащ щIалэм. Чэнджэщ хуэныкъуэж хъунтэкъыми, щIалэм жэуап къаритащ: «Сысакъми, сыбэлэрыгъми, шым къызищIэнур езым ещIэж». Абы ещхь дыхъуащ дэ: дыбэлэрыгърэ ныбгъуэхьэшым дриубыдэмэ, урысым къыдищIэнур гурыIуэгъуэкъэ: Къэбэрдейр зыIэщIилъхьэжауэ тлъагъунщ. Алыхьым и закъуэщ дыкъэзыхъумэнур.
 ЛIыкIуэхэм я Iыхьлыхэр къигъэгубжьащ къадым и псалъэм, итIани Хьэмырзэр къэтэмакъкIэщIакъым, акъыл зэриIэр къыщигъэлъэгъуащ хасэм и пащхьэм. «Къадым и псалъэм демыувалIэмэ, - жиIащ Хьэмырзэм, - пащтыхьым и тыгъэм къикIыр къыдгурымыIуауэ арат: урысхэм бзаджагъэ къыткIэлъызэрахьэн мурад зэращIарщ абы къикIыр. Си жагъуэ хъур нэгъуэщIщ: къадыр зыгъэIуща пщыхэм зытрагъэгусэнтэкъым мыпхуэдэ тыгъэм, пащтыхьыр дэнэ къэна, ар инэрал гуэрым къахуишиями. Фи губгъэн къэдмыхьын щхьэкIэ, мы тыгъэм дыхуейкъым дэ, нэхъ зыхуэфащэм ефт ар... Тыгъэр къеIытхын щIэддар зыщ: ди пIэ итамэ, хэти къыIихынт ар, дэ къызэреIытхам хуэдабзэу».
Хасэм къыхуадакъым ар: хьэуэ, тыгъэр зыхуэфащэм къратащ, нэгъуэщIым щIептыжын щыIэкъым, жари. Апхуэдэ унафэ щащIым, Хьэмырзэмрэ ХьэтIохъущокъуэмрэ зэрыIушри, лъэмыжымкIэ яунэтIащ. Лъэмыжым теувэри, Хьэмырзэм цIыхухэм закъыхуигъэзащ: «Урысхэр мы цIуугъэнэхэмкIэ, къулыкъукIэ, дыщэрэ дыжьынкIэ зэщэр Къэбэрдейм и дыгъэр зэрагъэункIыфIынщ, дэтхэнэ адыгэри Тхьэм дыщихъумэ фи нэр зэрыщапхъуэ мы тыгъэ гъуамэхэм, фи нэкIэ флъагъуу ахэр иджыпсту ди натIэ идогъэкI, ди ужь къихъуэнухэм къыдамыхъуэныжын щхьэкIэ». Ар жиIэри, пащтыхь гуащэм и тыгъэр Бахъсэн хидзащ.
ЦIыхухэм ягу ирихьащ Хьэмырзэмрэ ХьэтIохъущокъуэмрэ пащтыхь тыгъэм иращIар: «ФылIщ! Напэ фиIэщ! Афэрым!»
 ХьэтIохъущокъуэм жиIащ абы и ужькIэ:
 - Пащтыхьхэм тыгъэ къыхуашийуэрэ дашэха куэдым я цIэ къисIуэфынущ - дэракъым ар къэзыублар, щапхъэ фыхуеймэ, гъунэжщ. Нобэ дэ тщIар щапхъэ хъумэ, Хьэмырзэмрэ сэрэ абы дригушхуэнущ. Фыкъытщытхъуащ, ауэ Iуэхур псалъэ дыгъэлым фIэмыкIмэ, ди мурадыр къыдэхъулIакъыми, дигу къеуэнущ. Ар къытщыщIмэ, Къэбэрдейм КъэбэрдейкIэ ущIеджэжын щыIэкъым итIанэ.
 ХьэтIохъущокъуэм и псалъэм еувалIэри, хасэм унафэ ищIащ: гъуэгури яхуэддэнкъым, быдапIи къредгъэщIыхьынкъым ди хэкум, хами зыхэдгъэтIысхьэнкъым...

Поделиться: