КIыкIэ Софие: Уэрэдым хэт­ дэтхэнэ псалъэри, уи плъэкIэ къудейри гум къыбгъэдэкIын хуейщ

Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и артисткэ, Урысей Федерацэм и щэнхабзэ къалащхьэ Санкт-Петербург щыцIэрыIуэ оперэ уэрэджыIакIуэ КIыкIэ Софие и творческэ гъуэгу дахэм куэд кIэлъоплъ икIи дехьэх. Адыгэ пщащэ нэсым и хьэл-щэнхэр зыхэлъ Софие и щабагъымрэ гуакIуагъымрэ, утыку щиткIэ игъэIу макъым и лъэщагъымрэ дахагъымрэ зыхуэдэ къэгъуэтыгъуейщ. Къэралпсо гъуазджэмрэ адыгэ щэнхабзэмрэ я дунейм лъэ быдэкIэ хэува, зи зэчиймкIэ адыгэ лъэпкъым и цIэр фIыкIэ зыгъэIу уэрэджыIакIуэм нобэ Мейкъуапэрэ Санкт-Петербургрэ сольнэ концертхэр щет, дунейпсо фестивалхэм жыджэру хэтщ, сабийхэр макъамэм хурегъаджэ.
Абы и репертуарым хэтщ оперэм щыщ партие зэмылIэужьыгъуэхэр, мюзикл роль телъыджэхэр, урыс, къухьэпIэ европей, иджырей композиторхэм я IэдакъэщIэкIхэр. Композитор цIэрыIуэ Нэхей Аслъэн игъэува «Раскаты далекого грома» япэ лъэпкъ оперэм Акозэ и партиер япэ дыдэу щызыгъэзэщIар КIыкIэ Софиещ.
Софие и ехъулIэныгъэхэмрэ зэфIэкIхэмрэ, и лэжьыгъэмрэ мурадхэмрэ, къалащхьэм зэрыщыпсэумрэ Адыгейр къызэрыщыхъумрэ тедгъэпсэлъыхьыну Iэмал диIащ Мейкъуапэ и къэкIуэжыгъуэмрэ си кIуэгъуэмрэ щызэтехуам. Си гуапэу нэхъ гъунэгъуу фызогъэцIыху ди лъэпкъ щэнхабзэм и вагъуэ КIыкIэ Софие.

- Софие, цIыхур зыпэрыт IэщIагъэм фIыуэ хэзагъэу щыплъагъукIэ, езым ар къыхиха къудей мыхъуу, абы къыхуигъэщIауэ къыпщохъу. Уэ уи ехъулIэныгъэхэм, уи утыку итыкIэм ущыкIэлъыплъкIэ, уэрэд жыIэным укъызэрыхуигъэщIар зыхыумыщIэнкIэ Iэмал иIэкъым. Сыхуейт нобэ узытет гъуэгум утехьа зэрыхъуар уигу къэбгъэкIыжыну, укъыщыхъуа ди къуэш республикэм щыбгъэкIуа сабиигъуэм укъытхутепсэлъыхьыну.
- Сэ Адыгэ Республикэм сыкъыщалъхуащ, си сабиигъуэр щыкIуар Мейкъуапэщ. ЦIыху гъащIэм хэт а пIалъэ IэфIым щегъэжьауэ уэрэд жыIэныр сфIэфIу щытащ икIи уэрэджыIакIуэ сыхъуну сехъуапсэрт. Школ нэужьым, Мейкъуапэ дэт ГъуазджэхэмкIэ училищэм сыщIэтIысхьащ. ИтIанэ си щIэныгъэм хэзгъэхъуэну мурад сщIыри, Санкт-Петербург сыкIуащ. Абы Театр гъуазджэмкIэ академиер къыщызухащ музыкэ театрым и артист IэщIагъэр сиIэу. ИужькIэ, си зэфIэкIым нэхъри зезгъэужьыну сыхуейти, Санкт-Петербург къэрал консерваторием сыщIэтIысхьащ, абы камернэ уэрэджыIакIуэ, вокалымкIэ егъэджакIуэ IэщIагъэхэр щызэзгъэгъуэтащ, иужькIэ аспирантурэри къэзухыжащ.
ЩIэныгъэ зэзгъэгъуэта нэужь, Санкт-Петербург дэт «Зазеркалье» музыкэмкIэ театрым сыщылэжьащ, сабийхэм, балигъхэм папщIэ спектаклхэм сыщыджэгуащ, роль зэмылIэужьыгъуэхэр згъэзащIэу. Иджыпсту концертхэм уэрэд щыжызоIэ, ныбжьыщIэхэр изогъаджэ.
- ЕгъэджакIуэ, актрисэ, уэрэджыIакIуэ. Дэтхэнэ IэщIагъэра уи гум нэхъ дыхьэр, Софие?
- Актрисэ IэщIагъэмрэ уэрэд жыIэнымрэ схузэкIэщIэхынукъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, тIум щыгъуэми утыку къисхьэ лэжьыгъэр гурэ псэкIэ къызогъэщI, ролым сызэрыщыту сызэщIеубыдэ. А пщIэр дахэ хъун, къоплъыну къэкIуахэм я деж нэпхьэсын папщIэ уи гурыщIэм къикIын хуейщ дэтхэнэ псалъэри, плъэкIэ къудейри. Ещхьыркъабзэу, егъэджакIуэу сылэжьэнри зыпэсщI щыIэкъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ныбжьыщIэхэм уахэтыну гухэхъуэщ, абыхэм я ехъулIэныгъэ мащIэхэми сыщогуфIыкI.
- Санкт-Петербург ущопсэу, ущолажьэ. Сыт нэхъыбэу иджыпсту узэлэжьыр? Урысейм и утыкушхуэ ихьа адыгэ пщащэм и творческэ гъуэгур сыт хуэдэ?
- Си творческэ лэжьыгъэр зэпхар, дауи, Санкт-Петербургщ, нэхъыбэу уэрэд щыжысIэр къалэшхуэм щыцIэрыIуэ утыкухэрщ. Ауэ дэнэ ущыIэми, укъызыхэкIа лъэпкъыр зэи IэщIыб пхуэщIынукъым. Фэри фощIэ, абы адыгэ куэд зэрыдэсыр, мис абыхэм я гъусэуи концертхэр къызызогъэпэщ илъэс зыбжанэ хъуауэ. Нэгъабэ, псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, адыгэ щэнхабзэм и пшыхь дахэ едгъэкIуэкIащ. Ар хуабжьу гъэщIэгъуэн хъуат, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, Санкт-Петербург дыщызэрихьэлIат творческэ цIыху зыбжанэ: АР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ режиссёр цIэрыIуэ ЕмкIуж Андзор, Адыгэ лъэпкъ театрым и артист Нэхей Iэдэм сымэ. Краснодар щыщ, АР-м, Кубаным щIыхь зиIэ я артисткэ ЛIыцIэрыIуэ (Тлецери) Римми къедгъэблагъэри, гукъинэж пшыхь едгъэкIуэкIауэ щытащ. Апхуэдэ пщыхьэщхьэхэр нэгузыужь хъум и закъуэкъым, атIэ къалэ жыжьэхэм дэс адыгэхэр нэхъ зэрыубыдынымкIэ, адыгэ щэнхабзэр хъумэнымкIэ мыхьэнэшхуэ яIэщ. Санкт-Петербург дэсхэм яфIэфIщ зэхыхьэну, къэфакIуэхэр, уэрэджыIакIуэхэр кърагъэблагъэурэ концертхэр къызэрагъэпэщыну, щIалэгъуалэр зэхэсыну. Ар икъукIэ сэбэпу къызолъытэ адыгэр адыгэу дэнэ щIыпIи къыщызэтенэнымкIэ.
Москва щрагъэкIуэкI концертхэми щIэх-щIэхыурэ зыкъыщызогъэлъагъуэ. Мейкъуапэ сыкъокIуэж. 2018 гъэм и кIэм, уэ узэрыщыгъуазэщи, Мейкъуапэ сольнэ концерт щыстащ. Ар композитор цIэрыIуэ, «Ислъэмей» ансамблым и унафэщI Нэхей Аслъэн и юбилей илъэсым хухаха Iуэхухэм ящыщт. Программэ гугъуу икIи ину зэхэлъащ ар, классикэ ариехэр, адыгэ цIыхубэ уэрэдхэр, Нэхейм и IэдакъэщIэкIхэр зы концерт программэм ибгъэзэгъэныр тыншу щытауэ схужыIэнукъым, ауэ дэ ар фIыуэ къыдэхъулIащ, цIыхухэм ягу зэрырихьар хъыбару зэхэсхыжащ.
Абы къищынэмыщIауэ, ЕмкIуж Андзор лэжьыгъэ гъэщIэгъуэн дэсщIащ нэгъабэ. Режиссёр щIалэм триха фильмым щыIуну уэрэдыр сэ жызигъэIэну зыкъыщысхуигъазэм, сфIэфIу иужь сихьащ икIи сыхущIегъуэжакъым.
- Пэжщ, Андзор «Адыгэ псалъэм» и хьэщIэщым къедгъэблэгъауэ фильмым и гугъу щедгъэщIым къытхутепсэлъыхьат уэрэдыр уэ жыпIэну къызэрыпхуигъэфэщар. Ар махуэ къэс пщIэ Iуэхум къызэрыщхьэщыкIым удихьэха хьэмэрэ нэхъ гугъу удехьа?
- Узахуэщ, Замирэ, ар си дежкIэ лэжьыгъэ къызэрыгуэкIтэкъым, уэрэд гуэр жысIэн къудейуэ аратэкъым. Абы жэуаплыныгъэшхуэ пылът, фильм псом купщIэу иIэр зыхэлъ псалъэхэр, абы и кIыхьагъкIэ щабэу къыщеуэнур, режиссёрым а гупсысэм щIилъхьар макъкIэ къэпIуэтэфыныр тыншу щытакъым. А псори нэхъ куужу зыхиугъащIэрт фильмыр си лъэпкъым, си адэжь хэкум зэрытеухуам. Абы къыхэкIыу си зэфIэкI псори есхьэлIащ. Андзор сэрэ дызэчэнджэщурэ тщIа лэжьыгъэм езы режиссёрыр арэзы техъуащ, адэкIэ фильмым еплъынухэм я гупсысэхэр зэхэтхыжынщ, зэ утыку къихьэмэ. ЕмкIужым и жэрдэмкIэ, уэрэдым клипи трихащ, абы ИнтернеткIэ феплъыфынущ.
Зи гугъу сщIы лэжьыгъэр IуэхущIэт, гъэщIэгъуэнт, дахэт си дежкIэ. «Летания» квартетым, Мариинскэ театрым и музыкантхэм, Iэзагъэшхуэ зыбгъэдэлъ звукорежиссёрхэм дадэлэжьати, къыдэхъулIауэ къысщохъу ди IэдакъэщIэкIыр.
- Утыку щыбгъэзэщIэну уэрэдхэр дауэ къызэрыхэпхыр?
- Утыку щыбгъэзэщIэнур къыхэпхын папщIэ, уи макъыр пцIыхужу, уи щэныр пщIэжу щытын хуейщ. Уеблэмэ уи цIыху щIыкIэкIэ уэ нэхъ къокIур къыхэпхыпхъэщ. Иджырей композиторым удэлэжьэн хъумэ, жепIэ мэхъу, мащIэу зы щIыпIэхэм деж уэ къыптехуэу зэхъуэкIыныгъэхэр хилъхьэну. Ауэ адрейхэр хэплъыхьыпауэ фIэкIа къыхэсхыркъым.
Концерт программэр зыхуэдэми мыхьэнэшхуэ иIэщ, макъыр зэрыбгъэлэжьэным теухуауэ. КIэщIу жыпIэмэ, мыр зы мэскъали гулъытэншэ умыщIу узыбгъэдыхьэн, узэлэжьын хуей Iуэхущ. Ар къыбдэзыIыгъын цIыхухэм укъаухъуреихьмэ, уэ узыпэрыхьа Iуэхум ухуэхьэзырмэ, пхузфIэмыкIынрэ къомыхъулIэнрэ хэлъкъым.
- Санкт-Петербург и утыкухэм оперэ ариещ нэхъыбэу щыбгъэзащIэр. Абырэ адыгэ лъэпкъ уэрэдхэр жыIэнымрэ дауэ зэкIуалIэрэ, дауэ а жанритIым узэрыхэзагъэр?
- Гугъу сыдехьыркъым. Къэбгъэлъагъуэмэ, сытым дежи классикэм, адыгэ композиторхэм я IэдакъэщIэкIхэм, цIыхубэ макъамэхэм сызэрыхэIэбэным иужь ситщ. Зэмыщхьхэм селэжьыну сфIэфIщ. Езыр-езыру къызэдокIуэкI ахэр. Си репертуарым сыт щыгъуи тIум хуэди хэтщ.
- Софие, дэтхэнэ цIыхуми и IэщIагъэм хуезыгъэса гуэр и гъащIэ псокIэ игу къонэ, зыгуэрым и Iуэху щIэкIэр, бгъэдыхьэкIэр игу ирихьу кIэлъоплъ. Уэ хэт сымэ я цIэ къипIуэнт сэбэп къыпхуэхъуа егъэджакIуэу, щапхъэ зытепх артисту?
- УпщIэ гуапэщ. Япэ дыдэу, классикэ уэрэд жыIэкIэм сыщыдихьэхам сызыкIэлъыплъу щытар XX лIэщIыгъуэм и оперэ уэрэджыIакIуэ нэхъ лъэзырехьэу ябжхэм ящыщ Каллас Марие и творчествэращ. Испан оперэ уэрэджыIакIуэ Кабалье Монсеррат, СССР-м и цIыхубэ артисткэхэу Милашкинэ Тамарэ, Ковалёвэ Галинэ, куэдым я цIэ къисIуэфынущ я уэрэд жыIэкIэм сыкIэлъыплъу. Сэ къызэрыслъытэмкIэ, IэщIагъэм ущыдихьэхым деж, абы ирилажьэ нэхъ пажэхэм уакIэлъыплъыныр дерсыфIщ. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми езым и Iэмалхэр, щэхухэр иIэжщ. Сэ нэхъ спэгъунэгъур, сэ нэхъ сэщхьыр, сэ нэхъ сфIэфIыр къыхэсхыу аращ. Зыгуэрым зезгъэщхьу схужыIэнукъым, ауэ псоми я творчествэм сыкIэлъоплъ, седэIуэну сфIэфIщ.
Абы и лъэныкъуэкIэ иджыпсту зэманыр тынш хъуащ. Училищэм сыщыщIэсым щыгъуэ библиотекэм сыкIуэурэ пластинкэхэм седаIуэрт, иджы Интернетыр къызэIух къудей, дуней псом щыцIэрыIуэхэм я уэрэдхэр, концертхэр ибгъуэтэнущ. Уи щIэныгъэмрэ Iэзагъымрэ хэбгъэхъуэныр зэи щыбгъэт хъунукъым, ар кIэ зимыIэ Iуэхущ. Иджыри къыздэсым сызэчэнджэщ егъэджакIуэхэр сиIэщ сэ.
- Щэнхабзэм, гъуазджэм я лэжьакIуэхэм жылагъуэм мыхьэнэшхуэ щагъэзащIэ. Сэ къызэрыслъытэмкIэ, лъэпкъ зэныбжьэгъугъэм, мамырыгъэм, зэгурыIуэныгъэм, политикхэм я мызакъуэу, щэнхабзэм и лэжьакIуэхэми я фIыщIэшхуэ хэлъщ.
- Дауи, зэгурыIуэмрэ мамырыгъэмрэ ухуэзышэр дахагъэмрэ гуапагъэмрэщ. Санкт-Петербург и щэнхабзэ гъащIэр къапщтэмэ, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ куэд зэрыдэсым къыхэкIыу, цIыхубэр лъэпкъ макъамэхэм дахьэх. Абы къыхэкIкIэ, макъамэ пшыхь куэд щокIуэкI концертышхуэхэм къадэкIуэу. Сэ сыт щыгъуи апхуэдэ пшыхьхэм срагъэблагъэ, махуэшхуэхэм хухаха зэхыхьэхэм, псапащIэ концертхэм сыхэтщ.
ЗэрыжысIауэ, абы щыпсэу адыгэхэм тфIэфIщ лъэпкъ щэнхабзэм и пшыхьхэр зэхэтшэну, е нэгъуэщI утыкухэм дыщызэдэлэжьэну. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, концерт IуэхукIэ щIэх-щIэхыурэ сыхуозэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхубэ артист, щIалэ зэчиифIэ Къэбэрдокъуэ Мурат. Iуэху гуэр къыкъуэкIмэ, къызэджэмэ, сынэсынущ, езыри апхуэдэ дыдэщи, концерт гуэр сыхэту щытмэ, къызогъэблагъэри, зэи сигъэщIэхъуркъым. Мурат сэрэ зэрыхъукIэ а творческэ зэпыщIэныгъэр зэдыдоIыгъ. Къапщтэмэ, апхуэдэ зэпыщIэныгъэхэр нэхъ быдэ щIыныр зэран тхуэхъунутэкъым хамэ къалэхэм, щIыпIэхэм щыпсэу адыгэхэм. КъищынэмыщIауэ, ди зэныбжьэгъугъэмрэ зэпыщIэныгъэмрэ щэнхабзэ гъуэгукIэ нэхъ къохъулIэнущи, абы гулъытэ хуейщ.
- ЦIыхум анэм, адэм ирилъыт хэкур хэт дежкIи лъапIэщ. Уэри уи хэку цIыкIур, уи лъэпкъыр уиIэ псом зэребгъэфIэкIыр уи псалъэхэм къахощ, итIани къыджепIэну сыхуейт: сыт уэркIэ Адыгэ Республикэр?
- Адыгейр, зэрыжыпIауэ, сыкъыщыхъуа си адэжь хэкущ. ГъащIэм гъуэгу щысхуэхъуну лъагъуэр щыпхысшар, япэ музыкэ щIэныгъэр щызэзгъэгъуэтар си хэкуращ. Ар гукъыдэж къызэзыт, къару къысхэзылъхьэ, лъагъуныгъэм, дахагъэм сыхуэзыгъэуш лъахэщ. СфIэфIщ Адыгейм сыкъэкIуэжыну, мыбы щекIуэкI концертхэм сыхэтыну. Зэи къэхъуакъым, иджыри къэхъунукъым, си лъахэм махуэшхуэ гуэр иIэу сыкърагъэблэгъэжауэ сыкъыщымыкIуэж. Махуэшхуэ пэлъытэу сиIэщ апхуэдэ Iэмалхэр. 2018 гъэм и кIэм Мейкъуапэ щыста концертыр си дежкIэ уасэ зимыIэ саугъэтышхуэт. ФIыщIэ яхуэсщIыну сыхуейщ къыздэIэпыкъуа, къыскъуэува псоми, си концертым еплъыну къекIуэлIахэми.
- УэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ КIыкIэ Софие доцIыху. IэщIагъэр лъэныкъуэкIэ къэдгъанэмэ, усыт хуэдэ цIыху?
- А сценэм къыщацIыху Софиери гъащIэм щалъагъу Софиери зыщ, сэ сызэреплъымкIэ. Сценэм сыщиткIи, гъащIэм сыщыхэткIи цIыхум зыгуэру зыкъыщызгъэхъуну сыхэткъым, сызэрыщымытуи зыхуэсщIынукъым.
Пэжщ, сценэм ущитым деж художественнэ къалэн гуэр уогъэзащIэри, образ пыухыкIа къыбогъэщI. Апхуэдэхэм деж роль щхьэхуэ сихьэн хуей хъуми, лирикэ лIыхъужьым нэхъ сещхьу гъащIэм сыхэтщ.
Сэ сыцIыху гупцIанэщ, ныбжьэгъу пэжу сыщытыфщ, седжэну сфIэфIщ, си щIэныгъэр зэрыхэзгъэхъуэн Iэмал зэи блэзгъэкIыркъым. Концертхэм, библиотекэхэм, музейхэм сыкIуэныр зыпэсщI щыIэкъым. Тхылъыр, музыкэр си гъащIэ гъусэщ жысIэмэ, езгъэлейркъым.
ИтIанэ, творческэ цIыхур Iуэхуншэ зэи хъу хъунукъым. Зэманыр пщIэншэу зыгъэкIуэд сыщIэщIауэ сылажьэмэ нэхъ къызощтэ.
ЦIыху гу къабзэр, гуапэр, сфIэфIщ сэ, апхуэмыдэр схуэгъэныбжьэгъунукъым. Сэ езыр сызэрыщытым хуэдэу къысхущытмэ, сигу зэрыхузэIухам хуэдэу игу къысхузэIухамэ, ар хуабжьу пщIэ зыхуэсщI цIыхуу къыздекIуэкIынущ.
- Тхьэм уригъэфIакIуэ, Софие. Къэнэжыр уи концерт Налшык щекIуэкIыу дыщызэIущIэнращи, уи мурадхэм хэт апхуэдэ гуращэ?
- Налшык концерт щыстыныр си хъуэпсапIэхэм ящыщ зыщ, пэжым ухуеймэ. Зэпеуэ, зэхуэс щекIуэкIыурэ сыщыIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, ауэ концерт щыстакъыми, Тхьэм жиIэмэ, абы иужь ситынщ.
- Тхьэм къыуигъэхъулIэ. ФIыщIэ пхузощI Мейкъуапэ щыбгъакIуэ зэман зэпэубыдам щыщ тхухэпхыу псэлъэгъу укъызэрытхуэхъуам папщIэ.

Мейкъуапэ.

Епсэлъар НэщIэпыджэ Замирэщ.
Поделиться: