ЗэIузэпэщ хъун папщIэ

Бахъсэн къалэ округым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Мамхэгъ Хьэчим иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ и къуэдзэхэмрэ IуэхущIапIэм и къудамэхэм я унафэщIхэмрэ зыхэта зимычэзу зэIущIэр.

Абы щытепсэлъыхьащ къыхах налогым, псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэм, нэгъуэщIхэми епхауэ зыхэт гугъуехьхэм. Мамхэгъ Хьэчим къызэхуэсахэм пщэрылъ ящищIащ налогымкIэ щIыхуэ зытелъхэм я бжыгъэр зэхагъэкIыну, ­Бахъсэн къалэм и сату щIыпIэхэр къапщытэну.     ЗэIущIэм щыжаIащ щIыр бэджэнду зэратым хэплъэжын, кадастр уасэм хэгъэхъуэн зэрыхуейр, апхуэдэуи цIыхухэм къагъэсэбэпа электрокъарур къызэрыхах Iэмалыр зэрырагъэфIэкIуапхъэр. Къалэ унафэщIхэр щхьэхуэу къытеувыIащ жьы ­хъуа унэхэр зэхъуэкIыным теухуауэ щыIэ программэм.
- Бахъсэн къалэм жьы хъуауэ дэт унэхэр къыщыпщытэн, чэзууэ абыхэм цIыхухэр къыщIэгъэIэпхъукIын хуейщ. Къалэдэсхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэныр ди къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщ зыщ, - жиIащ Мамхэгъым.
ЗэIущIэм хэтхэр зэдэарэзыщ къалэм и теплъэр егъэфIэкIуэн, ар щхъуантIагъэхэмкIэ гъэдэхэн, гъуэгухэр зэгъэпэщыжын зэрыхуеймкIэ.
Мамхэгъ Хьэчим къызэхуэсахэр къыхуриджащ федеральнэ программэхэм зэрыхъукIэ хыхьэну, къалэм и зыужьыныгъэм сэбэп хуэхъуну Iэмал псори къагъэсэбэпыну.

Балъкъыз Аминэ.
Поделиться: